Усыгъэр зыхащIэу
2023-03-16
- Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ Тхылъеджэхэм я зэгухьэныгъэм илъэс къэс къызэригъэпэщ «Ди псалъэр къызэрыIужыр» республикэ зэпеуэм и «Художественнэ псалъэ» Iыхьэр. Ар тхакIуэ-усакIуэхэу Тхьэзэплъ Хьэсэн, Чипчиков Борис, Яропольский Георгий сымэ я фэеплъу щытащ, апхуэдэуи, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу Джэдгъэф Борисрэ Додуев Аскэррэ я усэхэми траухуащ.
- Мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ республикэм и тхакIуэ, усакIуэ пажэхэм я тхыгъэхэм дегъэхьэхыныр, литературэр фIыуэ егъэлъагъуныр, усыгъэм и фIыпIэр къегъэщIэныр, бзэхэр гъэлэжьэныр аращ. Зэпеуэм хэтащ ныбжьыщIэ 65-рэ. Ахэр усэ е тхыгъэ пычыгъуэхэм къеджащ адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, урысыбзэкIи. НыбжькIэ гупищу гуэшауэ щытащ: нэхъыщIэхэр, курытхэр, нэхъыжьхэр.
- — Ди гуапэщ илъэс къэс ди зэпеуэм къыхыхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Бжыгъэм хэхъуэ къудей мыхъуу, сабийхэм псалъэм и къарур къазэрыгурыIуэр, я усэ къеджэкIэр, утыку итыкIэр ефIэкIуащ. ДиIэщ илъэс къэс зэпеуэм хэтхэр, нэхъыщIэ дыдэхэм я деж къыщыщIадзэу нэхъ балигъхэм я зэпеуэм нэсахэр. Нобэ екIуэкI кIэух зэпеуэм хэт цIыху 65-р къахэтхащ гупыж зыщIа цIыхуи 140-м. ЦIыкIухэм я зэфIэкIым кIэлъыплъ къэпщытакIуэ гупым я пщэ къыдохуэ къалэнышхуэ. Сыту жыпIэмэ, тыншкъым ди сабийхэм фIым я фIыжыр къахэпхыну! — жиIащ Iуэ-хум и къызэгъэпэщакIуэ, КъБР-м и Тхылъеджэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье.
- Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Беппаев МутIалип, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Додуев Аскэр, «Солнышко» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Щомахуэ Дарье, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Гугъуэт Заремэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и корреспондент Мазуренкэ Маринэ, «Горянка» газетым и журналист Шэрдан Лилианэ сымэ. Абыхэм къапщытащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гъэхуауэ усэ къызэреджэр, я бзэм и къабзагъыр, утыкум зэритыр, къызэджэм халъхьэ щIэщыгъуагъыр. Тхьэзэплъ Хьэсэн, Яропольский Георгий сымэ я унагъуэхэм усэ къеджа ныбжьыщIэхэм усакIуэхэм я тхылъ иратащ.
- НэхъыщIэ дыдэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Бэрэгъун Заур. Бауаев Амин — етIуанэ, Кудаев Кямран — ещанэ хъуащ. Тхьэзэплъ Хьэсэн и унагъуэм къыбгъэдэкIыу тыгъэ хуагъэфэщащ Бэший Саидэ. Курытхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Темукуевэ Джамилэрэ Шапошниковэ Аннэрэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Жемгуразовэ Евэ, Радостевэ Варварэ, Хьэжь Илинэ, Узденовэ Азизэ сымэ. Ещанэр ялъысащ Гемуевэ Надия, Къущхьэ Надар, Жыгун Iэлисэхь, Теппеевэ Даринэ сымэ. Нэхъыжьхэм я деж текIуэныгъэ къыщихьащ Ныбэжь Малик. ЕтIуанэр ялъысащ Бэгъуэт Амелиерэ Кудаев Муратрэ. Ещанэ хъуащ Хьэткъут Азнаур. Бзэр зэригъэшэрыуэм, утыкум зэритым елъытауэ къахэжаныкIахэми тыгъэ щхьэхуэхэр хуащIащ.
- ГУГЪУЭТ Заремэ.