Зэманым поджэж
2023-03-16
- КъБР-м и Къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ ягъэдахэу зэIузэпэщ ящIа утыкум къращIыхьа галереем щагъэлъагъуэ дагъыстэн художник, скульптор Закарьяев Закарья и лэжьыгъэ 80-м нэблагъэ.
- «Треш-Ток» зыфIаща выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр къызэрымыкIуэу щIэщыгъуэщ. Художникым и IэдакъэщIэкIхэр дызэса гъуазджэ лэжьыгъэхэм къащхьэщызыгъэкIыр абы ди пащхьэм щигъэлъагъуэ цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ щищIым компьютер клавишэхэмрэ кIапсэхэмрэ къызэригъэсэбэпарщ. Закарьяев Закарья «къыджеIэ» иджырей цIыхухэр дунейпсо бэджыхъым зэрызэщIищтар.
- — Мы лэжьыгъэхэм илъэсищкIэ я ужь ситащ. Выставкэм щызгъэлъагъуэ си IэдакъэщIэкIхэмкIэ нэхъыщхьэу гу зылъывэзгъэтэнур бжыгъэхэм я зэманым цIыхухэмрэ абы я зэхущытыкIэхэмрэ ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэрщ, — жеIэ Закарья. — Скульптурэ, графикэ лэжьыгъэхэр пенопластрэ пеноплекскIэ сщIащ икIи ахэр компьютер клавишэхэмрэ кIапсэхэмкIэ «къэсщIыхьыжащ». Налшык къалэм сыкъызэревгъэблэгъар си гуапэщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы къекIуэлIахэмрэ фIыщIэ фхузощI!
- «Треш-Ток» Iуэхум хыхьэ лэжьыгъэ 80-р щищIым сурэтыщIым клавиатурэ минрэ ныкъуэм щIигъу къигъэсэбэпащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэ зы скульптурэм клавиатурэ 15 — 30 ехь. Дуней псом и щIыналъэхэм щыщхэр художникым клавиатурэкIэ къызэрыхуэупсам и Iуэхур къыщигъэпсынщIащ.
- Закарьяевым къызэрилъытэмкIэ, дунейпсо бэджыхъым зэщIищта цIыхухэр есэжауэ зэпэIэщIэу зэрызэпсалъэм къыхэкIыу, я гъащIэр компьютер клавишэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу хъуащ. ЖыпIэнуракъэ, я акъылым, Iэпкълъэпкъым щыщ хъуащ. Апхуэдэми, ноутбукхэр, компьютерхэр, компьютер клавишэхэр кIэрыхубжьэрыхухэм хэлъщ е шкафхэм сабэ хъужауэ дэлъщ. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, выставкэр зытращIыкIыжар дэращ, бжыгъэхэм я зэманым псэу цIыхухэрщ. ЗэрытщIэщи, социальнэ сайтхэм цIыхухэм зрагъэхъуэж. Художникым и лэжьыгъэхэр дызыщIэзыгъэгупсысыжщ, цIыхухэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зэрызэхущыт и лъэныкъуэкIэ.
- — Выставкэм щагъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэныщэщ, уеплъыхукIэ щIэ гуэрхэр хэплъагъуэу, — жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан.
- — Лэжьыгъэхэр сигу дыхьащ, щIэщыгъуэщ! Нобэрей зэманым йокIу. Си лэжьыгъэкIэ щIыналъэ куэдым сыкIуэн хуей мэхъури, гу лъыстащ Лондон, Париж, Нью-Йорк жыпIэми, дуней псом и сыт хуэдэ утыкуи ахэр къыщипхьэ зэрыхъунум, — жеIэ арджэныщI цIэрыIуэ Мэзло Руслан. — Скульптурэ теплъэхэр къыптехьэлъэркъым, тыншщ. СурэтыщIым и лэжьыгъэм фIыуэ зэрыхищIыкIым и нэщэнэщ ар. Клавиатурэ кнопкэрэ кIапсэрэщ къигъэсэбэпыр, ауэ а лэжьыгъэхэм гупсысэ куу ящIэлъщ. Апхуэдэ выставкэ щIэщыгъуэхэр ди къалэм нэхъыбэу щагъэлъагъуэмэ, насыпышхуэщ!
- Закарьяев Закарья дагъыстэн художникщ. Ар Мэхъэчкъалэ щопсэу икIи щолажьэ. И лэжьыгъэхэр щахъумэ Урысейм, Китайм, Тыркум, Словакием, Боснием, Герцеговинэм, Азербайджаным.
- Гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым къызэригъэпэщащ, Налшык къалэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу. Выставкэр гъатхэпэм и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.