ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къалэдэсхэм я тыншыгъуэм тращIыхь

2023-02-28

  • Налшык къыщызэрагъэпэщынущ къалэ транспортыр зэрызекIуэну щIыкIэщIэ. Ар сэбэп хъунущ къалэдэсхэр цIыхубэ транспорткIэ нэхъ тыншу зекIуэнымкIэ.

  • Ар тынш хъунрэ-мыхъунрэ ягъэунэхун папщIэ япэщIыкIэ щагъэбелджылащ къалэм и зыгъэпсэхупIэхэр здэщыIэ щIыпIэхэм. Маршрутхэр къыщыхэгъэщащ линэ зэмыфэгъухэмкIэ. A, B, C, D, E хьэрфхэмкIэ транспортыр нэхъыбэу щызэблэкI щIыпIэхэр къагъэлъэгъуащ. Маршрутхэр бжыгъэ щхьэхуэхэмкIэ гъэбелджылащ, автобусхэмрэ троллейбусхэмрэ — удзыфэкIэ, микроавтобусхэр — яжьафэкIэ къыхэгъэщащ.
  • ЗекIуэкIэщIэхэр къыфIалъхьащ Къуэныкъуейм, ЩоджэнцIыкIум я уэрам къэувыIэпIэ щхьэхуэхэм.
  • ГЪУЭТ  Синэ.