БлэкIам дерс къыхэзымыхахэр
2023-02-28
- ЛъэпкъгъэкIуэд жыхуаIэрат 2014 гъэм къыщыщIэдзауэ Украинэм тетыгъуэр щызыубыдахэм я мурад нэхъыщхьэу щытар. Илъэси 8-м къриубыдэу Донбассым и цIыхухэм трагъэхьа лейр къыхэщу мазаем и 22-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «Обыкновенный нацизм» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр. Абы кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр.
- Абы щалъагъу хьэпшыпхэр Донбасс щхьэхуит къыщащIыжа щIыналъэхэм къыщызэщIэзыкъуар Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къэрал музейхэм (Къэрал тхыдэ музейм, УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я музей нэхъыщхьэм, «Сталинград зэхэуэ» музейм, Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ и къэрал музей нэхъыщхьэм, Тавридэм и музей нэхъыщхьэм, н.) я лэжьакIуэ нэхъ пашэхэр хэту, 2022 гъэм и гъатхэм зэщIигъэуIуа гупырщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэригъэпэщащ Урысейм и тхыдэ зэгухьэныгъэм, «Хэкум и тхыдэ» фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
- Выставкэм сыт «къыджиIэр»? Абы къегъэлъагъуэ ди зэманым Украинэм фашизмэр къызэрыщыунэхуамрэ зэрызыщиужьамрэ.
- Гъэлъэгъуэныгъэр къэралым и щIыналъэ зыбжанэм щагъэлъэгъуэну хунэсащ, Налшык ар къэсащ Дон Iус Ростов кърашри. Выставкэм и кураторыр Мариуполь щыщ, «Хэкум и тхыдэ» фондым гъэлъэгъуэныгъэ Iуэхухэр къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъ Капустниковэ Натальет. Аращ выставкэм къекIуэлIахэр Iуэхум хэзыгъэгъуэзари. Гъэлъэгъуэныгъэм уи нэгу щIегъэкI Украинэм IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм цIыху мамырхэр зыхагъэт бэлыхьыр: къалэхэр, унэхэр зэрызэтракъутар, зауэлIхэмрэ Нацгвардием хэтхэмрэ я Iэщэ-фащэхэр, дамыгъэхэр зыхуэдэр, тхыдэр щыхьэт зытехъуэ сурэтхэмрэ гукъэкIыжхэр зытратха тхылъымпIэхэмрэ.
- КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, мурад нэхъыщхьэу яIар — ди зэманым къэхъу насыпыншагъэмрэ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ екIуэкIа Iуэхухэмрэ зэрызэпыщIар къагъэлъэгъуэнырщ.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин выставкэр къыщызэIуихым, къыхигъэщащ дунейм къызэрымыкIуэу зэрызихъуэжар, цIыхум и блэкIар щызэщигъэгъупщэм, фэеплъхэр щыIэщIэгъупщыкIым и деж цIыхугъэри абы зэрыфIэкIуэдыр. Абы и щыхьэтщ гъэлъэ- гъуэныгъэм къыщыхьа псори.
- — Мы Iуэхум къыджиIэр зыщ: ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хэку зауэшхуэм цIыхум дерс къызэрыхимыхарщ. XXI лIэщIыгъуэм диIэ зыужьыныгъэр здынэсар къэплъытэмэ, гущIыхьэщ нобэ цIыху гъащIэр зыуи къызэрырамыдзэр. Мы гъэлъэгъуэныгъэм Iэмал имыIэу еплъын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэри. ЗэрыфщIэщи, иджыблагъэ УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам гулъытэшхуэ щыхуищIащ Донбасс щекIуэкI Iуэхухэм. Дызэкъуэувэу, фашизмэр къызэтедгъэувыIэн хуейщ. ТекIуэныгъэри къэтхьынщ, сыту жыпIэмэ, дэ дызахуэщ, — жиIащ министрым.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим и псалъэм къыхигъэщащ выставкэм зэрыщызыхэпщIэр Донбассым щыпсэу цIыху мамырхэр я гур дзапэкIэ яIыгъыу апхуэдиз илъэскIэ зэрагъэпсэуар.
- — Хэт и дежкIи гурыIуэгъуэ хъуауэ къыщIэкIынщ Урысейм Украинэм дзэ Iуэхухэр щригъэкIуэкIыну мурад щIищIар. Шэч хэмылъу, хьэкIэкхъуэкIагъэщ фашизмэм илэжьыр — абы зэхигъэкIыркъым сабии балигъи, — жиIащ къэпсэлъам. — Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэрахьауэ щыта лейр зи нэгу щIэкIахэм я нэхъ пщIыхьэпIэ Iейми къыхэхуэнтэкъым нобэ ялъагъур. Нэхъыщхьэращи, Хэку зауэшхуэм и зэманым нэхъ хэщIыныгъэшхуэ зиIауэ щытахэм Украинэр ящыщщ, абдеж щIэрыщIэу нацизм къыщыукъубеижыну зыми игугъэнтэкъым. Иджы нобэ ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэ хъун хуейуэ къэслъытэр щIалэгъуалэм дадэлэжьэнырщ, къытщIэхъуэ щIэблэм апхуэдэ дяпэкIэ ямылъагъун щхьэкIэ. Дыхуейт дуней псом щIэх дыдэу мамырыгъэр щытепщэ хъужыну.
- Урысейм и тхыдэ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, «Хэкум и тхыдэ» фондым и унафэщI Гагкуев Руслан тепсэлъыхьащ гъэлъэгъуэныгъэр зэрагъэхьэзыра щIыкIэм. Абы зэрыжиIамкIэ, выставкэр 2023 гъэм и кIуэцIкIэ къэралым и щIыналъэ псоми щагъэлъэгъуэнущ, Налшык къалэм и ужькIэ, ар Новгород Ищхъэрэ яшэнущ. Абы зэрыжиIамкIэ, музей лэжьакIуэхэм зэхуахьэса хьэпшыпхэр миным щIегъу, абы щыщ и зы Iыхьэращ выставкэм хагъэхьар.
- — ЗэрыжаIащи, Донбассым и цIыхухэм я щхьэм кърикIуа насыпыншагъэрщ, украин неонацистхэм ялэжь щIэпхъаджагъэрщ мы гъэлъэгъуэныгъэм «къыджиIэр», — къыхигъэщащ Гагкуевым. — Мыбдеж къыщыхьа хьэпшыпхэм апхуэдэу мыхьэнэшхуэ яIэу аракъым, ауэ абыхэм я тет дамыгъэхэм, тхыгъэхэм наIуэ къащI Украинэм IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм, къапщтэмэ, езы къэралым нацизм гупсысэм куууэ лъабжьэ зэрыщигъуэтар. Абы къызэрыхураджэ литературэхэри мыбдеж щыдолъагъу. Апхуэдэуи хамэ къэралхэм я Iэщэ-фащэхэр Украинэм и щIыпIэхэм къызэрыщагъуэтыжар щыхьэт тохъуэ НАТО-м хэт къэралхэм мы Iуэхур къызэрызэщIагъаплъэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыху мамырхэм я нэгу щIэкI насыпыншагъэр къагъэлъагъуэ дзэ корреспондентхэм траха сурэтхэми. Дыхуейт мыбы цIыху нэхъыбэм зыщагъэгъуэзэну».
- «Уи бзэ, уи щэнхабзэ зепхьэжыну ухуимыту къыщыппаубыд зэманыр, шэч хэмылъу, гузэвэгъуэщ. Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм Урысейр щIыхыхьар аращ — нэгъуэщI хэкIыпIэ абы иIэтэкъым. Нобэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэкIэ дыбгъэдэмыхьэмэ, Хэку зауэшхуэм ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэхэмрэ яшэчар псыхэкIуадэ тщIынущ. КъуэкIыпIэм интернет Iэмалри къегъэсэбэп ди къэралым и щытыкIэр «къигъэлэлэн» щхьэкIэ. Апхуэдэ Iуэхухэри нэхъыбэу зыхуэгъэзар ди щIалэгъуалэрщ, абыхэм я гупсысэр зэрагъэундэрэщхъуэнырщ. Абы дыпэщIэмыту хъунукъым, — къыхигъэщащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт.
- Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэпэм и 17 пщIондэ екIуэкIынущ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.