Щхьэж хузэфIэкIыр наIуэу
2023-02-28
- Урысейм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам щигъэува къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъунум теухуа зэIущIэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министрхэр, щIыпIэ муниципальнэ администрацэхэм я унафэщIхэр.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Президентым къэрал кIуэцIми къэрал щIыбми и политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр иубзыхуащ. Нобэ геополитикэ и лъэныкъуэкIэ дызэрыт щытыкIэм, абы мыхьэнэ нэхъ зритым тепсэлъыхьащ, къэралым и Правительствэм, щIыналъэ унафэщIхэм, псом хуэмыдэу муниципалитетхэм (щIыпIэ щхьэхуэхэм унафэ щызезыхьэхэм) къапэщылъ къалэнхэр наIуэ къищIащ. Зыхуэгъэзэныгъэр сыт щыгъуи хуэдэу нэгъэсат, купщIэ зиIэт. Зызымыхъуэж къалэныр зыщ — ар лъэ быдэкIэ щыт Урысей духуэнырщ: лъэпкъ куэду зэхэт къэрал лъэщ, игъащIэ лъандэрэ къекIуэкI хабзэхэр щахъумэу».
- «Псом нэхърэ нэхъыщхьэр зауэ Iуэху щхьэхуэм хэтхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэнырщ. Дэ абы щIэддзакIэщ, нэхъри егъэфIэкIуэн хуейуэ аращ. Лэжьыгъэр жьы нэхъ щIэту зэфIэтхыным, сом къэс здэкIуэри къыздикIыжри наIуэу къэдгъэлъэгъуэным делIэлIэн хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зауэ Iуэху щхьэхуэм хэтхэм мазэ къэс ахъшэ яхухэзыгъэкI щIыналъэ закъуэтIакъуэм язщ. Иджы унагъуэхэми гулъытэ нэхъыбэ яхуэтщIын хуейщ, псом хуэмыдэу зи къуэ, зи щхьэгъусэ, зи Iыхьлы зыфIэкIуэдахэм», — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
- КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ Урысейм и Президентым ищIа гупыжым ипкъ иткIэ зауэ Iуэхухэм хэта ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъун фонд къызэрагъэпэщыну. Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ Президентым и Зыхуэгъэзэныгъэм къыщаIэта Iуэхухэм нэхъыщхьэу экономикэр зэрыхэтар: «Жагъуэгъухэр зэрыщыгугъам хуэдэу, зы лъэныкъуэкIи нэхъыкIэ хъуакъым ди экономикэр», — жиIащ абы. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзэщIэнум, бюджетым къыхэкIыу лэжьапщIэ зратхэм я улахуэм хэгъэхъуа зэрыхъуну щIыкIэм.
- Республикэм и Iэтащхьэм Правительствэм унафэ хуищIащ щIыналъэм и экономикэм нэхъыфIу зиужьын папщIэ, мэкъумэшымрэ промышленностымрэ инвестицэ нэхъыбэ зэрыхалъхьэну щIыкIэм егупсысыну. КIуэкIуэ Казбек унафэщIхэм къалэн ящищIащ вольфрамрэ молибденрэ къыщIэхыным епха проектхэм я нэIэ трагъэтыну, текстиль IуэхущIапIэхэм, компьютер Iэмэпсымэхэм зрагъэужьыну.
- ЩIыпIэ унафэщIхэм я мыхьэнэм зэрыхэхъуэмрэ абыхэм я лэжьыгъэр дяпэкIэ къызэрапщытэну щIыкIэмрэ щытепсэлъыхьым, КIуэкIуэ Казбек дэтхэнэ зыри нэхъыфIу лэжьэным тригъэгушхуащ, абы и фIыгъэкIэ я Iэмалхэм зрагъэубгъуным къыхуриджащ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм лэжьакIуэри ахэр зэлэжь проектхэри иригъэфIэкIуэнущ. Республикэм и Iэтащхьэм министерствэхэмрэ щIыпIэ администрацэхэмрэ лэжьыгъэм епха унафэ щхьэхуэхэр яхуищIащ.