ЕхъулIэныгъэхэр и плъапIэт
2023-02-28
- ДыкъэзыгъэщIам дэтхэнэми тхухихащ пIалъэ гуэркIэ мы дунейм дытетыну. АтIэми, абы ехыжахэр тщIыгъу пэлъытэщ, зигу къэкIыж щыIэхукIэ, IуэхущIафэу яIамрэ гупсысэу ябгъэдэлъамрэ зыгуэр тепсэлъыхьыхукIэ. ЛIэныгъэм текIуэу къалъытэр дунейм ехыжам хуэгъэзауэ цIыхухэм я гумрэ я псэмрэ щахъумэ фэеплъырщ. ГъащIэм лъэужь нэху къыщызыгъэнам и лъагъуэр куэдрэ щIыхэмыгъуэщэжри аращ.
- Тхьэшхуэм къыхуиуха и гъащIэ мащIэр фIы ищIэным хущIэкъуу езыхьэкIахэм ящыщт Жэрыкъуэ Борис Хьэжмурат и къуэр (1958 — 2012). УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Жэрыкъуэр дунейм зэрытетар илъэс 54-рэ къудейщ. А зэман кIэщIым къриубыдэу адыгэлI щыпкъэр куэдым хунэсащ: щIэныгъэ IэнатIэми, политикэ Iуэхуми, жылагъуэ лэжьыгъэхэми ди щIыналъэм нэхъри зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Дзыхь къыхуащIа дэтхэнэ IэнатIэми щхьэкIэ жэуаплыныгъэ зыхэзыщIэу лэжьа цIыху псэ къабзэм къигъэщIа мащIэр щапхъэщ абы къыдэлэжьахэм, иригъэджахэм, ныбжьэгъуу иIахэм, зыцIыхуу щытахэм папщIэ. Зи гъащIэр къытщIэхъуэ щIэблэхэм нобэми хуагъэщIагъуэ цIыху щыпкъэр псэужамэ, и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 65-рэ ирикъуну арат…
- Жэрыкъуэ Борис Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, абы дзэм къулыкъу щищIащ, иужькIэ щылэжьащ полупроводник Iэмэпсымэхэр щащIу Налшык дэт заводым. ЩIэныгъэм хуеIэ щIалэщIэр 1980 гъэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш институтым (КъБКъМИ) агрономиемкIэ и факультетым. ЗыщIэхъуэпса IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, зэфIэкI лъагэхэр къызыкъуэкIыну зыщыгугъ щIалэр институтым къагъэнэжащ. И егъэджакIуэхэм я жэрдэмкIэ, Жэрыкъуэр щIэтIысхьащ Тимирязевым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал мэкъумэш академием и аспирантурэм. Къэхутэныгъэхэм нэхъ пасэуи дихьэхауэ щыта Борис зэман кIэщIым къриубыдэу игъэхьэзыращ и кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ. 1995 гъэм Жэрыкъуэм утыку кърихьащ щIэныгъэ дунейм щытхъушхуэ зыщыхужаIа и доктор диссертацэр. Ари лъэпощхьэпоуншэу Москва щыпхигъэкIащ абы икIи мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэ лъагэр къыфIащащ.
- КъБКъМИ-м лэжьыгъэшхуэ щрихьэкIащ щIэныгъэлIым. Кафедрэм и ассистенту лэжьэн щIэзыдза щIалэм къикIуащ профессорым, деканым, проректорым, ректорым нэс гъуэгуанэр. 2000 гъэм Жэрыкъуэр хъуащ а еджапIэ нэхъыщхьэм и пашэ икIи илъэс 12-кIэ а IэнатIэр ирихьэкIащ, иригъэфIакIуэу, езым хуэдэ IуэхущIапIэхэм я нэхъыфIхэм къэралым щыхалъытэу. Зи пашэ егъэджакIуэ гупым, университетым и студентхэм Жэрыкъуэм пщIэшхуэ къыхуащIырт, зэхэщIыкI лъагэ, цIыху хэтыкIэ екIу зэрыхэлъым папщIэ. ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, гупсысэ куу зыбгъэдэлъ а щIэныгъэлI щыпкъэр хущIэкъурт еджапIэ нэхъыщхьэм, абы и лэжьакIуэхэм я цIэхэр фIыкIэ зэригъэIуным. Мэкъумэш еджапIэм ди республикэми, къэралым щылажьэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэми ящыщ куэдым пыщIэныгъэфIхэр яхуиIэу зэрыщытри куэдкIэ зи фIыгъэр зи IэнатIэр хьэлэлу езыхьэкIа Жэрыкъуэ Борисщ, щIэныгъэ дунейм абы щиIа пщIэ лъагэрщ. «КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» цIэ лъагэри абы къыщыфIащар Жэрыкъуэ Борис и унафэм щыщIэта илъэсхэращ.
- Лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсым егъэджакIуэхэм яжриIэ зэпытт: «Ди лэжьыгъэ купщIафIэхэм я мыхьэнэр зыхэзыщIэн хуейр, абыхэм щыгъуазэ щIыпхъэр ди университетым, республикэм щыIэ щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым, атIэ ахэр ихьэн хуейщ къэралпсо, дунейпсо утыкухэм». Мыбдеж къыщыжыIапхъэщ еджапIэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэ зэфIэкIхэм нэхъри хагъэхъуэн, ахэр къэхутэныгъэщIэхэм нэхъри тригъэгушхуэн папщIэ, Жэры-къуэм Iэмал псори абыхэм къахузэригъэпэщу зэрыщытари. ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр дэIыгъыным, ахэр лъэ быдэкIэ гъэувыным Iуэхур нэсмэ, ректорым ищIэртэкъым «хьэуэ» псалъэр, апхуэдизу ар цIыху зыужьыныгъэм, зыузэщIыныгъэм и телъхьэти.
- АдыгэлI щыпкъэм хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыщхьэт цIыхугъэ лъагэр, пэжыгъэр. Къыдэлэжьахэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, Борис цIыхум и пщIэр зэи игъэлъахъшэртэкъым, ириудыхыртэкъым, атIэ екIуу, зэпIэзэрыту хущытт, хабзэм, нэмысым къыхуриджэу. УнафэщI Iэдэбыр апхуэдэу дапщэщи хьэзырт хэти дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну, чэнджэщ щхьэпэхэр иритыну.
- Нэхъ гъунэгъуу зыцIыхуу щытахэм зэрыжаIэжымкIэ, Жэрыкъуэр нэсауэ хэкупсэт. Абы куууэ зыхищIэрт адыгэхэм я мызакъуэу, ди республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэри зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр. Ди лъахэм мамырыгъэ илъыным, абы щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгурыIуэныгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ иритырт Жэрыкъуэм. Политикэми экономикэми хуабжьу дахьэхырт Борис, къищынэмыщIауэ, бгъэдэлъ философие гупсысэ куухэмкIэ куэдым ядэгуэшэфырт. А унэтIыныгъэхэм ятеухуа и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт газетхэм, журналхэм. Псори зэхэту абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэри, зэреджэ пособиехэри. Профессор цIэрыIуэм и унафэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ кандидат диссертацэу 18-рэ доктор лэжьыгъэу 3-рэ. Абы и тхылъхэмкIэ ноби йоджэ УФ-м мэкъумэш щIэныгъэ щрагъуэт еджапIэ зыбжанэм я студентхэр.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэм щызэфIих лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Жэрыкъуэр жыджэру хэтащ республикэм, къэралым щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. КъБР-м и Парламентым и депутату, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ абы и комитетым хэту, ар и пашэт «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм абы щиIэ лIыкIуэ гупым. Апхуэдэу Жэрыкъуэ Борис КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм я коллегиехэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтащ, бгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэфIэкI лъагэмрэ IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным хуигъэпсу. УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жэрыкъуэр мызэ-мытIэу ягъэпэжащ къэралым, КъБР-м я министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, «Урысейм и мэкъумэш IэнатIэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» дыщэ медалыр къратащ.
- ЗэгурыIуэныгъэр, зыужьыныгъэр, ефIэкIуэныгъэр зи гъащIэ мардэу щыта цIыху щыпкъэр и гурылъ псоми хунэмысу 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м гуузу дунейм ехыжащ. Езыр къытхэмытыжми, абы и фэеплъыр иджыри псэущ: ар сакъыу яхъумэ абы къыщIэна унагъуэм исхэм, зыцIыхуу щыта куэдым я гум. Зи пашэу щыта еджапIэ нэхъыщхьэм и пщIантIэм Борис къыщыхузэIуахауэ щыта фэеплъыр ноби цIыху кIуапIэщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр зэгъэцIыхуныр абдежщ къыщыщIадзэр езанэ курсым щIэтIысхьа студентхэм. ЩIэблэхэм ноби къадогъуэгурыкIуэ щIэныгъэлI щыпкъэу, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, лъэпкъ еджагъэшхуэу щыта Жэрыкъуэ Борис и фэеплъыр, цIыхубэм зэращымыгъупщэм и щыхьэту.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.