Ислъамым и нур
2023-02-28
- БэраIэт жэщыр
- Шэхьбаныр зэхуэдитI щыхъум деж, мазэм и 14 — 15-нэ махуэхэм (гъатхэпэм и 6 — 7) я зэхуакум БэраIэт жэщыр къохьэ. НэщI мазэр къэсыным иджыри тхьэмахуитI иIэжу дызыхиубыдэ мы зэман лъапIэм зэрыхъукIэ жейм пэIэщIэ зыпщIу, дин лэжьыгъэхэм зептыныр ягъэдахэу къогъуэгурыкIуэ муслъымэнхэр.
- «УщIэмыжейр Сэрмырамэ, зэманыр пщIэншэу бгъэкIуэдащ», — жеIэ Алыхьталэм и цIэкIэ псалъэ усакIуэм. Ди зэманым жэщыр умыщхьэукъуэу епхьэкIыну ухуеймэ, ихъуреягъыр дэIэпыкъуэгъущ. Телевизорыр щIэгъанэ е интернетым ихьэ, удэзыхьэх гуэрым зытеухуи, напIэзыпIэм ежэкIынущ сыхьэт бжыгъэр, зы гуэныхьи пхухимыгъэщIауэ. Дин зезымыхьэм ар щыIэщIэщIэкIэ, псапэ къихь и гугъэжу, телефоныр щIимыгъэтIылъын щхьэусыгъуэ къэзылъыхъуэ муслъымэныр дауэ хъужрэ? Шэрыуэу псэлъа Iимам гуэрым Къэдэр жэщым щхьэкIэ жиIауэ щытар уигу къэбгъэкIыж хъунущ: «Жэщыр догъэлъапIэ жыфIэу, дин лэжьыгъэм утезыгъэгупсысыкI сурэт цIуугъэнэхэр зэIэпыфхыурэ мы пIалъэ кIэщIыр зыIэщIэвмыгъэкI».
- Жэщыр жейм къызэрыIэщIэпхыфым нэмыщI, ар зытеухуапхъэм тебухуэнращ Алыхьталэм пхуигъэдахэр. Уи щыуагъэхэм ухущIегъуэжын, Алыхьталэм и цIэ лъапIэхэр е зикрым хухиха псалъэуха щхьэпэхэр къыупсэлъын, КъурIэн лъапIэм уеджэн, псапэ нэмэз пщIын е уи щIалэгъуэм пIэщIэкIахэм зыгуэр яхэбгъэщIын, щэлэуат къыубжын — куэд мэхъу жэщ лъапIэм пхуэлэжьыну Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. А псом я мыхьэнэр щхьэусыгъуэкIэ узытегушхуа лэжьыгъэщIэр хьэл пхуэхъуу, иужькIэ умыутIыпщыжынырщ. «НэщIпежьэ» жыхуаIэ псэукIэ зэгъэзэхуэкIэм хеубыдэ а псори. Рэмэданым ухуигъэпIащIэу, ар псэми пкъыми фIэфIу къибгъэхьэн хуэдэу, абыхэм хуэмурэ гур псапэ гъэбэгъуэным пхутраухуэ.
- Нэмэз зыщI адэшхуэ-анэшхуэ зиIам зэ мыхъуми зэхихагъэнщ «нэмэзищэ» жыхуаIэ тхьэхуэпщылIыкIэр. Мы нобэ дызытепсэлъыхь БэраIэт жэщым ящI хабзэщ тIысыгъуищэм нэс а нэмэз лъапIэр. Псапэ нэмэз псоми хуэдэу, абы зыми урихулIэркъым, зэрумыщIыфым щхьэкIэ зыми уигъэкъуэншэнукъым. Уеблэмэ и чэзум умыщIа нэмэз щIыхуэ уиIэмэ, ахэр упшыныжыныр нэхъыфIщ. ИтIани, хьэдисым «Фэ [псапэ влэжьыну] фемызэшмэ, Алыхьталэр езэшынукъым [ар фIихынкIэ]» щыжиIакIэ, муслъымэным фIэфIыпхъэщ псапэ лей къихьыным хущIэкъуныр.
- Хъер нэмэзым, е, адыгэ жыIэкIэкIэ, нэмэзищэм ипэжыпIэкIэ зи цIэ къриIуэр тIысыгъуэ (рэкэгьэт) бжыгъэхэращ. Абы щIыкIитI иIэщ. ЯпэреймкIэ, тIысыгъуэ къэс Iэлъхьэм нэужьым къулъхуоли 10 (е 11) къыубжурэ, тIысыгъуитIу зэхэт (пщэдджыжь нэмэзым ещхьу) нэмэз 50 (псори зэхэту тIысыгъуи 100) уощI. Адрей щIыкIэм уигъэщIыр тIысыгъуи 10 къудейщ, дэтхэнэ зыми Iэлъхьэм нэужьым къулъхуолэу 100 теплъхьэу.
- «Ихья» тхылъым щIэныгъэлIышхуэ Гъэзалий Iэбу Хьэмид «Шэхьбаным и нэмэз» зыфIища Iыхьэм щетх: «Шэхьбаным ящI хабзэ нэмэзым и гугъу пщIымэ, ар мазэм и 15-нэ жэщым тIысыгъуи 100 хъууэ ящI нэмэзырщ, тIысыгъуитI къэс сэлам яту, дэтхэнэ зы тIысыгъуэми «Фатихьэ» нэужьым 11-рэ «Ихълас» («Къулъхуу») сурэм къеджэу. Зыхуейм тIысыгъуи 10 ищIми хъунущ, «Фатихьэ» нэужь къэс къулъхуолэм 100-рэ къеджэу. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм «хъер нэмэз» фIащауэ, ящIу щытащ ар, абы зыхамыгъэкIыжын папщIэ, щызэхуэси къахуихуэу. Iэл-Басрий Хьэсэн жиIэгъауэ кърахьэкI: «Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэлатымрэ зэхам бгъэдэта щэхьабэ 30-м къызжаIэжащ а жэщым а нэмэзыр зыщIым Алыхьталэр 70-рэ къызэреплъынур. Зэ къеплъыху, и гуныкъуэгъуэ 70 щхьэщихынущ, я нэхъ цIыкIур — гуэныхьхэр къызэрыхуэгъунрауэ».
- Си гур нэхъ сабыр хъуащ
- Нобэ я гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэ Мыдхэ Анжеликэрэ Оксанэрэ къыщытцIыхуар Бахъсэн дэт «Кушмэзыкъуей» мэжджытым и КъурIэн еджапIэрщ. Анжеликэ абы Зеикъуэ нэс икIыурэ йокIуалIэ, Оксанэ Бахъсэн щыщщ. Илъэс иримыкъу ипэкIэщ тIуми еджэн щыщIадзар. А пIалъэ кIэщIым зэшыпхъухэр хунэсащ псоми къахэщ еджакIуэ пэрыт хъуну. «Сыт КъурIэн еджэкIэ зэвгъэщIэну нэхъ фытезыгъэгушхуар?» «Сыт хуэдэ чэнджэщкIэ захуэвгъэзэнт балигъыпIэ иту тхылъ лъапIэм еджэну ехъуапсэхэм?» А упщIэхэм хъыджэбзхэм кърата жэуап Iущхэр зыхуэмыщхьэпэн щыIэу ди фIэщ хъуркъым.
- Къардэн (Мыд) Анжеликэ:
- — Си гъащIэм сриплъэжмэ, сызыхущIегъуэжыр зыщ: нэмэзри, нэщIри, КъурIэн еджэнри и чэзум зэрыщIэзмыдзар. Ар ди фарзу сщIэртэкъым. Седжарэт жысIэу сыщIэхъуар диным епха упщIэхэм я жэуап згъуэтын папщIэщ. ЯпэщIыкIэ псоми ещхьу, урысыбзэм е адыгэбзэм я хьэрфхэмкIэ еджэн щIэздзат. Хуэмурэ щIэныгъэми нэхъ зиубгъуащ, интернет сыт жыпIэми. Уоплъ, уодаIуэри: «Уа, сэ мыр пцIыуэ къызопсэлъ!» — зыжыбоIэж. Ауэрэ, ауэрэ гу лъызотэ интернетым хьэрып псалъэхэр нэхъыбэу къызэрыратхэ дагъыстэн къэпсэлъыкIэм и нэхъыбапIэр езы хьэрыпыбзэм зэрытемыхуэм. «Щхьэ сэ езыр седжэ мыхъурэ?» — жысIэу, абдежырщ Алыхьышхуэм си гум къыщрилъхьар. Алыхьталэм и псалъэхэр щыуагъэ хэту къыупсэлъ хъунукъым зэрыжаIэми, сигу игъэзагъэртэкъым.
- Алыхьым и фIыщIэкIэ, иджыпсту КъурIэным икIын щIэздзащи, ди егъэджакIуэхэми ину фIыщIэ яхузощI, Алыхьым псапэу къаритыж. Алыхьым и псалъэм еджэн зэрыхуейр си ныбжьым итхэм е нэхъыжьхэм тыншу къагурыIуэркъым. Ауэ нэхъ щIалэхэр, нэхъыщIэхэр абы зэрыхущIэкъум сыщогуфIыкI. Иджыпсту нэхъ тыншщ диным и пэжыпIэр къэпщIэну, ди щIалэгъуэр зыхиубыда зэманым елъытауэ. Седжэ пэтми зызмыгъэнщIу апхуэдэщ КъурIэным. Иджыри седжарэт, иджыри седжарэт, жысIэу. Абы фIыгъуэу къыдэкIуэр цIыхум къыдгурыIуэу щытамэ, си гугъэмкIэ, зыри теплъэкъукIынтэкъым.
- Седжэфыну пIэрэ жысIэу, абы сегупсысыххакъым. Сызэгупсысар зыт. Пщэдей къысщыщIынур сщIэркъым. Дунейм сытет щIыкIэ, КъурIэным седжэу зезгъэсэн хуейщ. Хуэмурэщ абы сызэрыхуэкIуар. Ауэ псынщIэу зезгъэсэну сехъуапсэрти, си шыпхъум къызжиIащ: «УщIэпхъуэну ухэмыт. ПсынщIэIуэу зебгъасэмэ, пIэщIихыжынкIи хъунущ». Арати, си гур згъэIэсэжри, мис, илъэс ныкъуэ мэхъу дызэреджэри, си гур нэхъ сабыр хъуащ, нур нэхъ илъуи щытщ Алыхьым и фIыщIэкIэ.
- КъурIэн еджэным яужь сихьэну сигу къэкIыххэртэкъым. ЦIыху хэха гуэрхэр КъурIэным еджэми, ар псоми я насып хъуфыну сщIэртэкъым. Иджыпстуи куэдым ящIэркъым ар.
- Уи гур пщIэмкIэ мыарэзымэ, ухущIэкъумэ, Алыхьталэм гъуэгу къуиты- нущ. Си ныбжьхэми нэхъыжьхэми захуэзгъэзэну сыхуейт. КъурIэным уеджэну ухуеймэ, Алыхьышхуэр къыбдэIэпыкъунущ. Седжэфыну пIэрэ жыпIэу, уегупсысу ущысыху, зэманри блэкIынущ, ныбжьри хэкIуэтэнущ. Алыхьым и псалъэр псоми тщIэн хуейщ. Нэмэзым дытету жыдоIэ ар. Ауэ езы КъурIэныр ущымышынэу къэпщтэн хуейщ. Муслъымэн псори ехъуапсэу къысщохъу абы еджэну. Темыгушхуэфу аращ. Дапщэщми, уи гум кърелъхьэ ар. Илъэс 70 е нэхъыбэ хъуахэм Iуэху ящIу пэрыхьэу слъэгъуащ КъурIэн еджэкIэ зрагъэщIэну, Тхьэм пигъэлъэщ, къару къарит. Алыхьым а насыпыр зыIэрагъэхьэну зигу кърилъхьэхэр еджэфын ищI.
- Мыд Оксанэ:
- — КъурIэным деджэн зэрыхуейр Алыхьым унафэу къригъэхащ. Абы ущие куэд итщ, цIыхур дунейм тетын зэрыхуей щIыкIэр къыбгуригъаIуэу. Сурэхэм «транскрипцэкIэ», нэгъуэщIыбзэм и хьэрфкIэ укъеджэкIэ, пэжи хъуркъым, и псапэри нэсу къыпIэрыхьэркъым. Езы КъурIэныр зэрытхам хуэдэ дыдэу ущеджэкIэщ абы и къарур щызыхэпщIэр. Дэри ахэр нэгъуэщI хьэрфхэмкIэ зэдгъэщIауэ арати, мис, нобэ гу лъыдотэж щыуагъэ куэд хэтщIыхьу зэрыщытам. Зым адрейр зэдгъэзэхуэжу дыхъуащ. Си «къулъхуолэ» жыIэкIэри нэгъуэщI хъуащ, си «Iэлъхьэмри» ирикъужащ, уеблэмэ «ин шаIэ Ллахь» («Алыхьым жиIэмэ») зэрыжысIэм зихъуэжащ. КъурIэным еджэн зэрыщIэздзэрэщ си къэпсэлъыкIэр зэрефIэкIуар. Пэжу пщIэмрэ пхэнжу пщIэмрэ зэрызэщхьэщыкIым шэч хэлъ?!
- КъэдаIуэ, сипхъу!
- Ислъам динми адыгэ хабзэми бзылъхугъэр зэригъафIэм куэд щыгъуазэщ. Щапхъэхэм ди гур къауIэ, жызыIэн къытхэкIыу щытми, «практикэр» зэрыхэплъэгъуэм къикIыркъым «теорием» дагъуэ иIэу. Псори зэлъытыжар щхьэж езым къытехуэр къызэрыгурыIуэрщ. Унагъуэхэр тIасхъэ, зэхущытыкIэхэр махэ щыхъуа мы зэманым ди хъыджэбзхэм чэнджэщ щхьэпэ къыхахыфынущ лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зэIэпах Хьэрис ипхъу Iумамэ и пхъум зэреущия псалъэхэм.
- Хьэрып тхьэмадэ Милхьэм и къуэ Iэуф пхъу иIэт, Iум Iунас и цIэу. И адэм ар Киндэ щIыналъэм и тепщэ, Амир и къуэ Хьэрис иритыну мурад ищIащ. Пщэдей хуэдэм нысашэр къыдахыну, хъыджэбзым и анэ Iумамэ и пхъур и пащхьэм иригъэтIысхьэри, ислъам щIэныгъэлIышхуэхэм нэгъунэ нобэр къыздэсым гукIэ ящIэ чэнджэщипщI иритащ. Мыпхуэдэу къригъэжьащ анэ губзыгъэм:
- «Си хъыджэбз цIыкIу! Ди унэр уобгынэри, зэи умылъэгъуа цIыхухэм уахохьэ. Уи щхьэгъусэм уафэ хуэхъуи, езыр щIылъэ къыпхуэхъунщ. ПщылIым хуэдэу бгъэдэти, езыри уи гум гъэр къыхуэхъунщ.
- Уи лIым Iэщабэ-Iущабэу хущыт! Къэгубжьауэ плъагъумэ, зыущэхуи, лъэныкъуэ зегъэз. Теужыху и нэм зыкъыфIумыгъанэ. Уи бзэгумрэ уи тхьэкIумэмрэ фIыуэ якIэлъыплъ. КъыбжиIэр Iеймэ, зэхыумыха нэпцI зыщI, упэпсэлъэжыну уигу къыумыгъэкIыххэ. УпэщIэмыувэ! Псалъэ гуапэ фIэкIа зэхремых уэ къыббгъэдэкIыу, уи нэгур гуфIэу фIэкIаи иремылъагъу. ИтIанэ и гур къыпкIэрыпщIэнщ. Иджыпсту бжесIэнухэр уигу ибубыдэмэ, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ сытым дежи фIыуэ фызэхущытынущ.
- 1) Уи лIыр бейми тхьэмыщкIэми, иIэм зригъэкъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уигъэшхымрэ къыпщитIагъэмкIэ арэзы хъу! Гур зыгъэзагъэр емыгъэлеярщ.
- 2) УщепсалъэкIэ гулъытэ зыхэгъэлъ, жиIэм едаIуэ. ЖыIэщIэу хущыт, къыпхуищI дзыхьымрэ пщIэмрэ зыфIумыгъэкIуэд. Алыхьталэр хуэарэзыщ жыIэдаIуэхэмрэ цIыху гуапэхэмрэ.
- 3) И нэр зытехуэнкIи хъуну псоми кIэлъыплъ! Лъагъугъуей гуэр и нэм къыфIумыгъэнэным хуэсакъ!
- 4) Унэм жьы къабзэ къыщIегъахуэ, хьэуам мэ дахэ щызыгъэу дыхухэр зехьэ. Уи унэм мэ дахэ щIрет зэпыт! Мэ Iей къызэрыщIумыгъэхьэным хуэсакъ. Псым нэхърэ нэхъ узыгъэкъабзэ зэрыщымыIэри зыщумыгъэгъупщэ.
- 5) Ерыскъыр зы зэманым къытегъэувэ! Сышхарэт жиIэху, уи шхыныр хьэзыру щрет.
- 6) Гъуэлъыжыгъуэр умыгъэгувэ. Езыр зэса зэманым и шхэнри, и жеинри тегъахуэ. ЦIыху мэжалIэр тэмакъкIэщI мэхъу, зи жей къэтыр ныкъуэкъуэхщ, къэгубжьрейщ.
- 7) И хьэпшыпхэр зыхуей хуэгъазэ, къабзэлъабзэу зехьэ. Хьэпшып зехьэкIэм цIыхум и Iуэху здынэсыр къегъэлъагъуэ.
- 8) И Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ гуапэу яхущыт. Акъыл зиIэ нысащIэ Iущым лIым и Iыхьлымрэ благъэмрэ пщIэ яхуещIыф.
- 9) Зэи уи лIым и щэхур умыIуатэ. Абы и дзыхьыр пфIигъэкIуэдынущ, уэри дзыхь хуэпщIыжыфынукъым.
- 10) Уи лIым зыхуей псори зэрыхуэпщIэным хуэпIащIэ, ар диным имыдэ гуэру щымытмэ. ЗыпэщIэпсэмэ, игу зыщыбгъэкIынущ. ЩынэщхъейкIэ, умынэжэгужэ, гукъыдэж иIэмэ, умынэщхъей. Абы къигъэлъагъуэр езым къыфIэIуэхур къызэрыпфIэмыIуэхурщ, и гурыфIи, и гурыгъуи мыхьэнэ зэрумытырщ. Апхуэдэу ущытмэ, гущIыIэ къыпхуэхъуу, уригъэкIыжынкIи хъунущ.
- А бжесIа псори пхузэфIэкIын папщIэ, уи лIыр зыхуейр уэ узыхуей псоми япэ пхуигъэщу ущытыпхъэщ. Абы фIэфIыр бгъэнэхъапэу зебгъасэмэ, сэ зи гугъу пхуэсщIа псори тынш къыпщыхъунущ».
- Iумамэ и ущие щхьэпэхэм я уасэм, апхуэдиз зэман дэкIа пэтми, хэщIыркъым. Бзылъхугъэ губзыгъэм кIыхьу къригъэкIуэкIа псори зы псалъэкIэ къызэщIеубыдэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэлатымрэ зэхам ипхъу ФатIимэ гуащэ унагъуэ щихьэм жриIам: «Уи щхьэгъусэр арэзы пщIыныр зы мазэкIэ псапэ нэщI уисыным нэхърэ нэхъыфIщ».
- Шэтемыгъахуэ дыуэ
- Щоджэн Алихъан-хьэжы щIэныгъэ зыбгъэдэлъ адыгэ щIэныгъэлIышхуэу щытащ. Тхыдэм нэхъыбэу къызэрыхэнар «Дикая дивизия» зыфIаща, бгырыс зауэлIхэр зыхэт дзэм и молэуэ зэрыщытамкIэщ. Мы хъыбарыр къыджезыIэжар Алихъан-хьэжы и Iыхьлы щIалэ, Куба къуажэм щыщ Думай Хьэмидбийщ.
- — Ди адэ шыпхъум жиIэжрейуэ щытащ мы хъыбарыр. Дзэр къызэрагъэпэщауэ ежьэн хьэзыру, ауэ иджыри Къэбэрдейм иту, йоуэри, Алихъан-хьэжы къуажэм къокIуэж. Къэбэрдей шууищэм щрамолэкIэ, я цIэ-унэцIэхэр ищIэнтэкъэ? Дахэ цIыкIум хуэдэу мэтIысри, зауэлI къэс шэтемыгъахуэ дыуэ жыхуаIэм хуэдэ яхуетх. Жэщищ-махуищкIэ унэм къыщIэмыкIыу, цIыхущхьэ къэс хуитхащ жаIэ. Егъэлеят абы щIэныгъэу бгъэдэлъар! Щоджэнхэ езыхэр лъэпкъышхуэт, арати, «мы яхуэптххэр сэбэп яхуэхъуни яхуэмыхъуни» жаIэурэ, щIалэгъуалэм ауан къащIырт. Арати, Алихъан-хьэжы унэм къыщIокIри: «Модэ зы джэд къэвубыд», — яжреIэ. Джэдым и лъакъуэм тхыгъэр кIэрепхэ, баш хеукIэжри, джэдыр абы ирепх: «Фыкъэуви феуэ иджы мыбы Щоджэнхэ фоч зыгъэуэфу лъэпкъым исыр». Сыт ямыщIэми, джэдыр къахуэукIакъым, жаIэ. Иджыпсту ар цIыхум яжепIэмэ, «щхьэгъэвагъэщ» жаIэнущ, къыхэбгъэщыщи хъунукъым, ауэ мис апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлъу щытащ абы.
- ЗэрыжаIэжымкIэ, езым и гъусэу ежьа цIыхуищэм ящыщу зы закъуэ къаукIауэ хьэдэу къишэжауэ аращ, а зыми и дыуэр фIэкIуэдауэ арат. Абы щыгъуэ макъ щIэмыту, лентI камерэ жаIэри ягъэкIэрахъуэурэ зыгуэркIэ трахыу щытащ сурэт. Мис апхуэдэу хьэдэр зэрагъэпскIари, ар зэрыкIуэцIашыхьыжари, ар къызэрашэжари техауэ лентIу къихьыжри, яIуантIэурэ иригъэплъыжащ жаIэ.
- Пащтыхьым и зэманрати, зауэр яухщ, прапорщик цIэри, дамыгъэ лъапIэхэри къратри унэм къэкIуэжат. ЗауэлI тыгъэхэм къадэкIуэу, пащтыхьым саугъэту хутрыригъэдзауэ КъурIэн къыздихьауэ щытащ.
- Муслъымэныгъэр къещтэ
- Китайм щыщ лъыхъуакIуэ-дэIэпыкъуэгъу гупым яхэту Тыркум кIуа Кан Цзюнь ислъам диныр къищтащ.
- ХъыбарыщIэр цIыхубэм ялъигъэIэсащ «Йени шафак» газетым. Малатья къалэращ Кан зыщыщ къегъэлакIуэ гупыр щылэжьар. Унэ къутахуэхэр зэтрахыжрэ пэт, китай щIалэм зыщIыпIэ деж КъурIэн лъапIэр къыщыIэщIэлъэгъуащ. Тхылъыр къищтэри, абдеж дыдэм щылажьэ тырку къегъэлакIуэхэм я зым хуишияти, модрейм Iихын идакъым. «Ар уэ тыгъэ къыпхуащIауэ аращ», — къыжриIащ. Кан гупсысэ зыбгъэдэлъ цIыхуу къыщIэкIри, ар Тхьэм къыбгъэдэкI телъыджэхэм зэращыщыр зыхищIащ. Ислъам диным ихьэну гукъыдэж зэриIэр куэд дэмыкIыу къигъэнэIуащ. Шэхьадэр («Си фIэщ мэхъу Алыхьталэр зэрызакъуэр, Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэр абы зэрилIыкIуэр») жиIа нэужь, Кан муслъымэныцIэу Исуф цIэр къищтащ. Сурэтым щыдолъагъу Исуф-Канрэ абы насып кIуапIэ хуэхъуа, унэ къутахуэ лъабжьэм къыщIиха КъурIэнымрэ. Псапэр зэрымыкIуэдым и нэщэнэщ щIалэм къыщыщIар.
- Социализмэм тет Китайм уйгур лъэпкъым щыщ муслъымэнхэр илъэс куэд щIауэ щыдакъузэ, я тхьэусыхафэр здынэмыс щымыIэу, ауэ щыхъукIэ, зызыхъуэжыр мащIэу. Кан хуэдэхэри исщ а къэралым, къызэрыщIэкIымкIэ. Къыхиха гъуэгур хуэмахуэн Тхьэм ищI!
- Шиблий и хъыбарыр
- Пасэ зэманым псэуа цIыхушхуэхэм, ислъам тхыдэм зи цIэр фIыкIэ хэIуахэм ятеухуа тхыгъэхэм щIэджыкIыу муслъымэным и зэманым и Iыхьэ щанэр ирихьэкIын хуейуэ къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
- Нобэ зи хъыбар къетхьэжьа Iэш-Шиблий Абу Бэкр къыщыхъуари щылIэжари Иракырщ. ЦIэрыIуэ щыхъуар ислъам диным и кууупIэу, и лъагапIэу, цIыху псэ къабзэхэр зылъэIэсыф тхьэхуэпщылIыкIэ нэгъэсам и дамыгъэу къалъытэ суфизмэрщ (тэщэуф, тIэрикъат хъужыр аращ). И цIэ пэж дыдэр Юнус и къуэ Джэхьфарт. Шиблий цIэ лейр къызыдэкIа къуажэм тражыIыкIауэ аращ.
- Пащтыхьыкъуэхэм яхэту къэхъуа Шиблий, и щIалэгъуэм дзэзешэ хъури, Дуваменд щIыналъэм и тепщэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, губернатору хъалифым игъэувауэ лажьэрт. Зэгуэрым хъалифым и нэIэ щIэт къулыкъущIэхэр зэхуишэсри, цIыхухъу хъэлат гъэщIэрэщIа зырыз тыгъэ яхуищIащ. КIуэжу гъуэгу здытетым, йоуэри, Шиблий къепсыныр къыщохьэ. Бэлътоку къимылъыхъуэу, и пэр хъалифым кърита хъэлат щIэрыпсым и IэщхьэмкIэ елъэщIыж. Къэхъуар бзэгузехьэ гуэрым хъалифым Iуредзэж. Модрейми и шейтIаныр къытокIуэ, Шиблий кърегъэгъэзэж, хъэлатыр къытрехыжри, и сэрейм къыщIехуж.
- IуэрыIуатэ хъужа мы хъыбарыр куэдым зэтехуэу жаIэжыркъым. Нэхъ гукъинэжу Iуэхум хэтар хъэлатыр зытрахыжа Шиблий хъалифым и бжэ щIыбагъым куэдрэ зэрыдэтарщ. Модрейми зытримыгъэхьэу зыкъомрэ зрилъэфыхьащ. «УпщIэ уэст хъуну?» — жиIэри, хъалифым зыхуигъэзащ, жи, Шиблий, бжэр къыхуIуахыу щIагъэхьа нэужь. «Шэрихьэтым цIыхур къепсыну хуит ищIрэ?»
- «Си тыгъэм пщIэ хуумыщIу, ар пэрылъэщI бэлътокум ещхьу къэбгъэщхьэпащ!» — жыхуиIэ щIыкIэу къэгубжьа хъалифым щIалэм пигъэтIылъащ цIыхум къепсын-къемыпсыным теухуауэ унафэшхуэ зэрызыхуимыщIыжыфыр, нэхъыбэм ар зэрымыщIэкIэ, ухуэмыхьэзыру къызэрыхъур. «Дуней унафэ фIэкIа зыIэщIэмылъ хъалифым и хъэлатыр пэрылъэщI бэлътоку хуэдэу къызэрызгъэсэбэпар къысхуигъэгъуакъым. Дауэ сыхъужыну, езы дунейр къэзыгъэщIыжа Алыхьталэм хъэлат папщIэу къызита цIыху Iэпкълъэпкъыр пэрылъэщI бэлътоку хуэдэу къэзгъэсэбэпмэ?» — жиIэщ, хъэлат трахыжам кIэлъыкIуэу губернатор къулыкъури хъалифым хуидзыжри, абдежырщ, къызэраIуэтэжымкIэ, Шиблий Алыхьталэм нэхъ пэгъунэгъу зищIыныр къыщыхихар. Ари зы щапхъэщ Алыхьым къуимыщIа жагъуэгъум къызэрыуимыщIэфынур, уифI зыхэлъ фIэкIа къызэрыпщимыгъэщIынур уи фIэщ хъун папщIэ.
- Езыр щыпсэу щIыналъэм нэхъ щыцIэрыIуэ щихъым и чэнджэщ щрихьэлIэм, модрейм Бэгъдад щыщ Джунайд и цIэр къыхуриIуащ. Шиблии куэдрэ зимыIэжьэу кIуащ ущиякIуэ цIэрыIуэм деж. Суфий лъагъуэм утехьэн, щихъым убгъэдэувэн жиIэм къикIыр, уэ нэхърэ зэрынэхъ лъагэр уи фIэщ хъууэ, Iуэхум нэхъ хэзыщIыкIым жыIэщIэ зыхуэпщIын жиIэу аращ. Апхуэдэ ущиякIуэ зимыIэм и дин зехьэкIэр дохутыр зимыIэ сымаджэм и зыгъэхъужыкIэм хуагъадэ, къызыфIэщIыжынкIэ шынагъуэ щыIэуи къалъытэ.
- Джунайд и унафэкIэ, Шиблий зы илъэскIэ тхъуэбзащхъуэ ищэу, цIыхухэм пщIэ къыхуащIу еса мо щIалэ пагэм иджы мэ къыкIэриххэм щхьэкIэ, псоми зыкъыщадзейуэ, ирихьэкIащ. ИужькIэ езыр губернатору здэщыIа Нихаванд къалэм игъакIуэри, зи жагъуэ ищIауэ зыхуигъэфащэхэр унэ-унэкIэ къызэхригъэкIухьащ, къыхуагъэгъуну елъэIуу. Къехъурджэуахэр, къыхуэгубжьыпахэр къахэкIырт абыхэм.
- ИтIанэ илъэскIэ е илъэситIкIэ Джунайд и гъэсэныр уэрамыщхьэм факъырэу тригъэуващ, и пагагъыр фIэкIуэдын щхьэкIэ. ЦIыхухэр къыбгъэдэхьэурэ: «Уэ щIалэ узыншэшхуэр щхьэр бгъэузу мыбдежым ущIытетыр сыт? КIуэи лажьэ!» — къыжраIэрт. «Махуэ гуэрым къызгурыIуащ, — жиIэжырт иужькIэ Шиблий, — Алыхьталэм къысхуимышияуэ зыми зыри къызэрызимытынур. Абы иужь факъырэн щызигъэгъэтащ».
- БжьыхьэлI Лиуан сабийхэм я гъусэу чышым тесу къижыхьу щытащ, жаIэ. Шиблий сабийхэр мывэкIэ къеуэурэ уIэгъэ хъуати, и лъакъуэм къижа лъы ткIуэпс къэс «Алыхь» псалъэм и теплъэм иувауэ ягъэхъыбарыж. Пэжыр Алыхьым ещIэ.
- ЩIэныгъэр гъуэтыгъуейкъым. Гъуэтыгъуейр псалъэкIэ жыпIэм хьэлкIэ, IуэхущIафэкIэ утетыжынырщ. Уи тхьэхуэпщылIыкIэм гу къабзагъэр дыщIымыгъумэ, нэмэзри, нэщIри, уеблэмэ КъурIэн еджэнри фэрыщIыгъэм хуэкIуэнкIэ шынагъуэщ. Аращ Шиблий и хъыбарым дызыхуиущийр.