ЦIыхугъэ, лIыгъэ, щIэныгъэ
2023-02-28
- Мы тхыгъэм фIэщыгъэцIэ хуэтщIа псалъищыр и къыхуеджэныгъэу дунейм тетауэ жыпIэ хъунущ ар зытеухуар, цIыхум щIэныгъэ етынымрэ фIым хуигъэсэнымрэ и къалэну къилъытэжу къекIуэкIар икIи зи цIэр уахътыншэ хъуар.
- Си фIэщ хъуркъым Бахъсэн аузым щыпсэу ди нэхъыжьхэм къахэбгъуэтэфыну Шафий Хьэчим Абдурэхьим и къуэр зымыцIыхуа е и цIэр зэхэзымыха. Урыс дзэ пашэ цIэрыIуэ Суворовым зэрыжиIэгъащи: «Хуэмыхущ генерал хъуну щIэмыхъуэпс сэлэтыр». Хьэчим и гъащIэ лъагъуэм щыгъуазэ зыхуэпщIмэ, а псалъэхэр уигу къегъэкIыж. Езыр илъэсищ иджыри иримыкъупауэ, и къуэш нэхъыщIэ Хьэсэн мазищ фIэкIа мыхъуу я анэр уз хьэлъэм ихьащ. А гуауэшхуэмрэ зэрыта лъэхъэнэмрэ къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ абы и сабиигъуэр зыхуэдар. Хьэчим фIэфIтэкъым а зэманыр игу къигъэкIыжын, тхьэусыхэныр мыцIыхухъу хьэлу къилъытэрт. Ауэ къыпхуэмыIуэтэжын хуэдизу сабийхэр гугъу зэрехьар, я щIалэгъуэр зауэмрэ хьэзабымрэ зэрыхиубыдар абы щыгъуазэхэм жаIэжырт.
- Дауэ щытами, щIалэр ап-хуэдизкIэ хуэнэхъуеиншэт щIэныгъэ игъуэтынми, ар хъарзынэу школым щеджащ икIи егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Налшык дэт институтым 1939 гъэм щIэтIысхьащ.
- Дыгулыбгъуей къуажэм дэт школым егъэджакIуэу щылажьэу 1940 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Ар Литвам и Шауляй къалэм щыIэт зауэр щыщIидзам. ЦIыху мащIэ тепсэлъыхьакъым икIи тетхыхьакъым сэлэт къызэрыгуэкIыу щIэзыдзэу пIалъэ кIэщIым офицер хъуа щIалэ хъыжьэм. И хахуагъэмрэ цIыхугъэмрэ папщIэ зыхэт гупым пщIэшхуэ къыхуащIырт, нэхъ гугъусыгъу къалэнхэр игъэзэщIэну унафэщIхэм дзыхь кърагъэзырт. ИкIи дагъуэншэу апхуэдэ пщэрылъхэр зэригъэзащIэм къыхэкIыу, 1942 гъэм «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ. Илъэсым щIигъуатэкъым ар офицер хъууэ диверсант гупым я унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэфэщам.
- 1943 гъэм и пэщIэдзэм, Старая Русь къалэм фашист полкым лагъым щIалъхьахэр щыуагъэншэу къызэрахутам икIи гуауэшхуэм ди цIыхухэр зэрыщахъумам папщIэ, Шафийм кърат «Хэку Зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр.
- Абы иIэщ Будапешт, Венэ, Германиер хуит къэзыщIыжахэм ирата медалхэр. Прагэ деж щиухащ Хьэчим и зауэ гъуэгуанэр, ауэ абы щыгъуэ щыIа хабзэм къызэригъэувым тету, и дзэ къулыкъу къалэныр игъэзэщIэным пищэжри, и унэ къыщекIуэлIэжар 1946 гъэм и кIэухырщ.
- Хьэчим и жагъуэт зауэм тепсэлъыхьыжын, абы теухуа хъыбар иIуэтэжын икIи текIуэныгъэр зи фIыщIэр хэкIуэдахэрауэ къилъытэрт.
- Зеикъуэ къуажэ дэт и унэм къызэрекIуэлIэжу ар егъэджэныгъэ лэжьыгъэм пэрыувэжащ. Зыми пимыщI, гуми псэми хуихь есэпырт абы къыхихар. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и хъери илъагъужащ. Зыкъым икIи тIукъым и еджакIуэхэм щыщу щIэныгъэлI цIэрыIуэ хъуар. ЗэрыжаIэжымкIэ, махуэ щIагъуэ къыхэхуэртэкъым Хьэчим пщэдджыжьым жьыуэ щIидзэу пщыхьэщхьэм хэтIэсэху и еджакIуэхэм ядэмылажьэу, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъыбэ зэращIэным и зэфIэкI иримыхьэлIэу, уеблэмэ и унэ ишэрэ зыхунэмысам щыпимыщэу. Куэд мыщIэу, цIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ Iуащхьэмахуэ район IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ, ауэ егъэджакIуэ лэжьыгъэри IэщIыб ищIакъым.
- Шафий Хьэчим иригъэджахэм есэп щIэныгъэхэм я доктору 27-рэ, кандидату 100-м щIигъурэ къахэкIащ. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, псы- хэкIуадэ хъуакъым зауэлI хахуэм, егъэджакIуэ емызэшым и лэжьыгъэр.
- 1950 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 30-кIэ ар Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ №2-м и директору, иужькIэ егъэджакIуэу щылэжьащ.
- ЦIыхум щIэныгъэ етынымрэ щIэблэр гъэсэнымкIэ иIа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, 1962 гъэм Хьэчим «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Республикэ унафэщIхэм къабгъэдэкIыу щIыхь тхылърэ саугъэту къыхуагъэфэщар бжыгъэншэщ.
- Ныбжьэгъугъэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ иритырт Шафийм, пщIэшхуэ яхуищIырт, къуэш къыдалъхуам пилъытырт. ИкIи, дауи, аращ ахэр куэд хъууэ щIыщытар. Ар фIыуэ къалъагъурт ди артист, спортсмен, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм. И ныбжьэгъуутэкъым абы ахэр къызэрилъытэу щытар, атIэ и къуэшут. Псалъэм папщIэ, Нало Ахьмэдхъан, Багъ Николай, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Болэ Мурат сымэ. Зи цIэ къриIуэу щыта, зауэм лIы хъыжьэу къыдыхэта, и IэмыщIэм илъу зи псэр хэкIа ХъуэкIуэн СулътIан щыгъупщэххэртэкъым
- Езы Хьэчими ящыгъупщэркъым: Бахъсэн районми, Зеикъуэ къуажэми фэеплъ зэIущIэхэр, есэпымкIэ зэпеуэхэр абы и фэеплъу къызэрагъэпэщ. Апхуэдэщ и пщIэмрэ фIыщIэмрэ зымыгъэкIуэд ныбжьэгъухэри иригъэджахэри. И цIэр уахътыншэу тхыдэм къыхэнэн папщIэ и цIэр уэрам зытесамрэ щылэжьа школымрэ фIащащ.
- Ирехъу апхуэдэ цIыхухэм яхуэтщI фIыщIэр мыкIуэдыжын!
- ХьэтIохъущокъуэ Аслъэн