Лъэпкъ щэнхабзэр зыгъэбей
2023-02-28
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и дипломант, IуэрыIуатэдж, адыгэ арджэнхэр щIыным, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр хъумэнымрэ ахэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI ГъукIэ Замудин и ныбжьыр мазаем и 26-м илъэс илъэс 70 ирикъуащ.
- ГъукIэ Замудин Бахъсэн къалэм 1953 гъэм къыщалъхуащ. Зи адэшхуэмрэ адэмрэ бжьэ гъэхъуным, зи анэшхуэр арджэнхэр щIыным хуэIэпщIэлъапщIэу щыта щIалэр и нэхъыжьхэм ядэмыплъеинкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЯпэщIыкIэ ар сурэт техынымрэ усэ тхынымрэ дахьэхащ. Адыгейм цIыхубэ гъуазджэхэмкIэ и академиер къиухащ. ИужькIэ Нало Заур, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ я гъусэу IуэрыIуатэр джынымрэ зэхуэхьэсыжынымрэ теухуа къэхутэныгъэхэм хэтащ.
- IуэрыIуатэ экспедицэ зыбжанэм хэта ГъукIэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Учимся играть на шичепшине», «Искусство адыгской циновки» тхылъхэр, «Атлас адыгского (черкесского) шичепшина» щIэнгъуазэр. Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм 80 гъэхэм къыщызэхикIухьам зэхуихьэса тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ хигъэхьащ а лэжьыгъэхэм. Адыгэ лъэпкъым и макъамэ гъуазджэм дихьэххэм я дежкIэ ГъукIэ Замудин и тхылъхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, абыкIэ сабийхэр шыкIэпшынэм хуебгъэджэфынущи.
- ГъукIэ Замудин шыкIэпшынэр, Iэпэпшынэр, пшынэ дыкъуакъуэр, пхъэцIычыр, къамылыр, нэгъуэщI лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ цIэрыIуэщ, арджэн щIыным хуэIэпщIэлъапщIэщ. Къапщтэмэ, арджэным йолэжь 1978 гъэ лъандэрэ. ЛIыцIэрыкъу Ким и цIэр зезыхьэ са-бий школым и IуэрыIуатэ къудамэм ГъукIэм щIэблэр IэпэIэсагъэм щыхуегъасэ, лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр ихъумэу, ахэм заригъэужьу. Замудин щIэблэр IэпщIэлъапщIагъэм щыхигъэгъуазэ «Жьэгу» лъэщапIэр музей хъуащ. Урысейм, хамэ къэралхэм къикIыу Адыгейм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм, щIэныгъэлI, IуэрыIуатэдж, къэхутакIуэхэм абы зыщаплъыхь, ди лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэ-хэм яфIэгъэщIэгъуэну зыщагъэгъуазэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Китайм, Японием къикIахэр я хьэщIащ. И гъэсэнхэм ящыщщ дизайнер, художник цIэрыIуэ хъуахэр. ГъукIэм и Iэдакъэ къыщIэкIа макъамэ Iэмэпсымэхэмрэ арджэнхэмрэ ящыщхэр щахъумэ Адыгейм и Лъэпкъ музеймрэ сурэт галереемрэ.
- Замудин и художественнэ унафэщIщ Адыгей къэрал университетым адыгэ уэрэдхэм яхухэхауэ къыщызэригъэпэща «Жьыу» ансамблым. Абыхэм ягъэзащIэ адыгэ уэрэдыжьхэр зытет дискищ къыдагъэкIащ. Ансамблыр хэтащ Москва, Санкт-Петербург, Къалмыкъым, Сочэ, Шотландием щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм икIи мызэ-мытIэу пашэ щыхъуащ.
- — Илъэсищэ, мин бжыгъэ хъуауэ лъэпкъым къыдекIуэкI IэщIагъэхэм, гъуазджэм сызэрыдихьэхар, щIэблэр абы щIэспIыкIыну Iэмал сызэриIэр насыпышхуэу къызолъытэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэпщIыныр уасэншэщ! Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI IэпэIэсагъэр дывгъэхъумэ! — жеIэ Замудин. — Нэхъ пасэм арджэнхэм Урысеймрэ Тыркумрэ щIэупщIэшхуэ щаIэу щытащ. 50 гъэхэм абыхэм я пIэм алэрыбгъухэр щиувэм, ягъэхьэзыр бжыгъэм хэщIат, ауэ нэхъапэм арджэнхэм яIа щIэупщIэм хуэм-хуэмурэ къызэрыхэхъуэм, лъапIэныгъэхэм я гупэр зэрыхуагъэзэжыр нэрылъагъущ. Лъэпкъ макъамэри аращи, ар зигу дыхьэ щIалэгъуалэр нэхъыбэ къызэрыхъур гуапэщ, узыгъэгуфIэщ. А псом зи фIыщIэ хэлъ ГъукIэ Замудин дохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ иIэну, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ дяпэкIи зэрыхуэлэжьэн гукъыдэж щымыщIэну.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.