ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гуащэ и псынэ

2023-02-28

  • А зэманым унагъуэм шы иIэну къэрал хабзэм идэртэкъыми, шыдыгут къагъэсэбэпыр.

  • Си шынэхъыжь ХьэзрэIилрэ ди пхъурылъху Муридрэ пхъэгъэсын къашэну мэз кIуэхэрт шыдыгукIи, сыздащтэну селъэIуурэ сащыкIэрымыкIым, сэбэп сахуэмыхъуфынуми, сагъэщIэхъуакъым.
  • Мэз дыздынэсар таурыхъым хуэдэу телъыджэт. Псыхъуэ зэвым удэту уздыдэкIуейм, дыгъапIэри дыгъэмыхъуэри жыг зэфэ-зэщт.
  • Нобэ хуэдэу сощIэж Чэртым (зи гугъу ищIыр абрэдж цIэрыIуэ Чэрты Исмелщ) и шыр здыщIэта бгъуэнщIагъыр сагъэлъэгъуауэ зэрыщытар. Псыхъуэ зэвыр къуитIу щызэкIэщIэкIым и кум Iуащхьэцэшхуэ итт, и лъапэ дыдэм къибыргъу-кIыу псынэ къабзабзэ къыщIэжырт. ДыгъапIэмкIэ хуей дахащэт, зы унэ лъапсэфI ихуэну, и дыхьэпIэр псынэм къыхуэкIуэу. Зы лъэбакъуищэ яку дэлъынт.
  • ХьэзрэIил, «лIыжьхэм жаIэжу зэхэсхащ», — жиIауэ, мы хъыбарыр Муридым хуиIуатэрт. Сэ зызущэхуауэ седэIуати, си гум къинащ.
  •  
  • ЛIыгъэм и япэ  Iущыгъэ
  • Алыдж и къуэр унагъуэу а дыгъапIэ хуейм щыпсэурт. Япэхунэм, зи лIыгъэр зыгъэпщкIу, лIы зэкъуэущэхуауэ, е мыщIэ-фIы мыщIэу цIыхухэм закъыщигъэхъурт. Уеблэмэ, чышым шэсырти, щIалэ цIыкIухэм яхэту къижыхьырт. Ауэ жэщ зэрыхъуу, шырэ уанэрэ зэхуихьырт, зызэщIикъузэрти, зекIуэ ежьэрт. Къихь-къихуми, вагъуэхэр и гъуазэу, мыгъуащэу, лIы ищIэн ищIауэ къэкIуэжырт.
  • МэкъумэшыщIэ гуэр гувкIэ мэз кIуауэ махуэ псом пиупщIар илъу къыщигъэзэжым, щхьэпридзауэ бгъукIэ щылъу, Алыджыкъуэр ирихьэлIэри, зыщIэнур зымыщIэж мо лIы езэша къа-ру зимыIэжым бгъэдыхьащ. ЗимыIэжьэу джыдэр къищтэщ, къазыкъыр (бжэгъу кIэщI) щIым хиукIэщ, щIэмыцIэнтхъун хуэдэу и лъакъуэр пэщIигъакъуэщ, еIэри, мэзыгур щIым тригъэувэжащ.
  • «Иджы услъэгъуакъым-сыкъэплъагъужакъым», — щыжриIэм, «дунейм укъытезгъэхьэнкъым!» — къигъэгугъащ.
  • АрщхьэкIэ, щэхур зымыщIэм хуэдэу зыми хуэхъумэркъым. Нэху къызэрекIыу, лIы гуп уэршэру зэхэтым хуэмышыIэу яхуиIуэтащ, гув из мэзыр, кIапсэр къимытIатэу, къызэригъэувыжар.
  • И лIыгъэ иущэхур наIуэ къэхъуати, зекIуэ кIуэнухэм джакIуэ хуагъакIуэу къаублащ. Гъуэгуанэу зэдакIумрэ Iуэхуу зэрахьэхэмрэ ятеухуауэ я даущ, лIыгъэкIэ гъэнщIауэ, Iуащ.
  • А лъэхъэнэм пщащэ зи дэкIуэгъуэ хъуахэр, зи IэщIагъэкIэ, IущыгъэкIэ, нэмысыфIагъэкIэ жылэм къацIыхуахэу шу блэкIым дапхъэ-бзыпхъэ тезыххэр, цIэрыIуэт. ЗекIуэлI хахуэрэ пщащэ Iущрэ я хъыбаркIэ зэрыщIэурэ, зэрымылъагъу пэтрэ, хьэщыкъ зэхуэхъуу, унагъуи щыхъуж къэхъурт.
  • Алыджыкъуэми гуащэ хуэхъуащ, абы ипэ и щхьэ имылъэгъуами, зи намыскIэ, IущыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа пщащэр.
  •  
  • Хуэмыхукъуэ
  • Жэгъуэгъурэ щIасэгъурэ зимыIэ щыIэкъым. Махуэ гуэрым Дыгъэмыхъуэ бжьэпэ задэм шууитI къытоувэри, зыр къогуо: «Алыджыкъуэ, уи шы-уанэр зэтелъхьэ! Уи лъапэр лъэрыгъым игъэувэ! Гуащэр псыхьэ къегъэхи, и кIий макъ зэхэпхмэ, плъэкIмэ думыгъэхь!»
  • Мо лIы Iущыр Iуэхум хоплъэ. «Мыхэр я шыгъэ-лIы-гъэ щымыгугъыу къызакуакъым. Зы лIым нэгъуэщI токIуэри, зы шым адрейр тож. Къэхъунур хэт ищIэн?»
  • Гуащэм и щыгъынымкIэ и унэIут цIыхубзым зригъэхуапэри, псынэм игъэкIуащ.
  • «Сахь», — жиIэу къыщыкIийм, мыдрейр хьэзырыххэти, якIэлъыпхъэращ. ШууитIыр къызэреха дыдэмкIэ дэжыжащ. Щыгум зэрыдэхри, ищхъэрэкIэ яукъуэдияуэ ихуурэ, пситIыр щызэхэхуэм нэсахэу, ящIыхьэуи щIидзауэ, «дэнэ фыкIуэн, сэ фысIэщIэкIыу?!» щыжиIэ дыдэм, гъуэжькуиишхуэ къыкъуэущ и пащхьэ дыдэм къиджэразэуи, мо сабэ кIэрахъуэм щыхэкIам, ихухэр, мы щIыр зэгуэхуу я кум дэхуам хуэдэу, уэри щIыри игъэзри игъуэтыжакъым.
  • Абы лъандэрэ, псы бгъунжитI зэхэхуэм къыщыщIэдзауэ къежэхыр Къулъкъужын хэлъэдэжыхукIэ «ХуэмыхукъуэкIэ» еджэурэ, иужькIэ «Матхыкъуэ» хъужащ. Псынэ къыщIэжыпIэм къыщыщIэдзауэ зи гугъу тщIа пситI зэхэхуэм нэсыху, нобэми ныжэбэми, зэреджэр «Гуащэ и псынэщ».
  • Апхуэдэ зыгуэрщ, лIыгъэм япэ Iущыгъэр щIигъэщыпхъэр. ТIури зэгуэх зимыIэщ.
  • БАБЫГУ Сосрыкъуэ.