Лъэхъэнэм къигъэщIахэм ящыщт
2023-01-31
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм жылагъуэр зыщыгуфIыкIын, апхуэдэ дыдэуи, етхьэкI гъащIэм хэтлъхьэ гуащIэм, абы и мыхьэнэм, ар лъэпкъым и зыужьыныгъэм зэрытелажьэм дезыгъэгупсысын тхылъ иджыблагъэ къыщыдэкIащ.
- Лъэхъэнэ къэс езым и нэщэнэрэ дамыгъэрэ иIэжщ. Совет къэралыгъуэр лъэлъэжу, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэщ, жыхуаIэм хуэдэу лъэпкъышхуэхэр щызэбгрыкIыжым, жылагъуэ мащIэхэр лъэныкъуэ IэджэкIэ егъэзыпIэншэ щыхъугъат. Сыт щыгъуи хуэдэу, мис а далэм, лъэпкъыбэр гъуэгущхьиблым къыщытехута лъэхъэнэхэм, адыгэхэми акъылрэ Iущыгъэрэ зыбгъэдэлъ лIыфIхэр мымащIэу къахэкIыгъат, ахэр зылI и быну зэкъуэувэну, гугъапIэрэ хъуэпсапIэрэ зэрыщыIэр зыщамыгъэгъупщэну, лъэпкъыщхьэмрэ цIыхугъэмрэ яхъумэну къыхураджэу. Абыхэм языхэзщ тхылъыщIэр зытеухуа Къалмыкъ Жылэбии.
- Илъэсым щIигъуащ егъэджакIуэ, щIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ Къалмыкъ Жылэбий къызэрытхэмытыжрэ. Зи гъащIэ псор щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным, щIалэгъуалэм я тхыдэ щIэжым зегъэIэтыным, щIэныгъэ зэхэщIыкIрэ зэгъэзахуэрэ зиIэ щIэблэ гъэсэным езыта Къалмыкъ Жылэбий лъэужь дахэ къигъэнащ, и фэеплъыр зымыгъэкIуэдыжын гупсысэ щIэини къызэринэкIащ. «Лъэхъэнэм и зэхъуэкIыныгъэхэм къадэхъуа» («Востребованный временем перемен») зи фIэщыгъэ тхылъри зытеухуар аращ – щIэныгъэлIым и щIэиныр уахътыншэ щIынырщ, и лэжьыгъэфIхэм иджыри зэ хэплъэжынырщ, теухуа гукъэкIыжхэмкIэ иджыри зэ и цIэр къиIуэнырщ. ТхылъыщIэр Къалмыкъым и гъащIэмрэ и щIэныгъэ дунеймрэ я закъуэу къыщIэкIынкъым зэхьэлIар. Абы Iэмалыншэу цIыхум и уасэр зыхыуигъащIэу, псэу щIыкIэ хуэщIын хуей гулъытэм и мыхьэнэр зыхыуигъэщIыкIыу щытщ.
- Къалмыкъ Жылэбий и гъащIэм щыщу щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ илъэс 40 иритащ. Кавказ щIыналъэм, адыгэ лъахэм я тхыдэр къэзыхута щIэныгъэлэжьхэм я IэдакъэщIэкIхэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърыплъыхьыныр, ахэр къыкъуэкIыж архив тхыгъэщIэхэм я шыбзэм щIэгъэкIауэ, лъэхъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIа Iуэху еплъыкIэхэм, тхыдэ щIэныгъэм ирата зыужьыныгъэр зыхуэдэр къэхутэныр унэтIыныгъэ щхьэхуэу хишауэ жыпIэ хъунущ Къалмыкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэрыхутэ щIэныгъэм (историографием) и Iэмалхэм методикэ лъабжьэ яритащ, къэхутэкIэ гъуэгухэр иубзыхуащ. Къалмыкъым къаруушхуэ ирихьэлIащ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку илъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, граждан жылагъуэ нэсым и лъабжьэхэр гъэтIылъыным, жылагъуэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным. Сыт хуэдэ жэрдэм имыщIами, Къалмыкъым зэи зыщигъэгъупщакъым къызыхэкIа лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхухэр – адыгэхэр хьэкъыншэ хъу хъунукъым, жиIэрейт Къалмыкъым.
- Котляров зэщхьэгъусэхэм къыдагъэкIа тхылъыр нэгъэсауэ фэеплъ зэужьщ. Абы ихуащ гуапагърэ хуабагъкIэ гъэнщIа Къалмыкъ Жылэбий и лэжьэгъуу щытахэм, и ныбжьэгъуу къыдэгъуэгурыкIуахэм, и Iыхьлыхэм я гукъэкIыжхэр, ибгъуэтэнущ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ярита интервьюхэмрэ къэпсэлъэныгъэхэмрэ, ущыхуэзэнущ зи мыхьэнэр иджыри куэд дыдэрэ имыкIыну и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр. Тхылъыр гъэщIэгъуэн ещI, и пщIэри къеIэт щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ зэужьу абы ихуами, сурэт зэрыIыгъыу абы ирагъэувахэми.
- Шэч хэлъкъым, тхылъыщIэр зыIэрыхьэнухэм гунэс ящыхъунущ, езыр зэгуэр зи ужь ита лэжьыгъэм хуэдэу, и гъащIэ гъуэгумрэ и щIэныгъэ еплъыкIэхэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къаулъэпхъэщуи хуежьэнущ.
- ШУРДЫМ Динэ.