Аслъэнджэрий и IэдакъэщIэкIхэр
2023-01-14
- КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Живопись, взгляд в прошлое» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащсурэтыщI Уянаев Аслъэнджэрий и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ.
- Художникыр республикэм щыпсэухэм зэрахуэупсэ и гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ и лэжьыгъэ пщIы бжыгъэхэр. Абыхэм яхэтщ пхъэм, Iуданэм, нэгъуэщIхэми къыхищIыкIа сурэт гъэщIэгъуэнхэр.
- Уянаев Аслъэнджэрий 1962 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м Налшык къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и инженер-ухуэныгъэ факультетым архитектор IэщIагъэр щызэригъэгъуэтащ. 1985 гъэм Ленинград кIуэри, иджырей сурэтыщI гъуазджэм зыщигъэгъуэзащ, икIэм-икIэжым аращ IэщIагъэ хуэхъуари. Урысейм къищынэмыщIауэ, абы и лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ хамэ къэралхэми. Мы зэманым ар щыпсэури щылажьэри ди республикэращ.
- СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм щыщ Урыс къэрал музейм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Санкт-Петербург, нэгъуэщI къалэхэм щыIэ музейхэм, цIыху щхьэхуэхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ.
- Художникым и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт хьэлэмэтхэм зыщывгъэгъуазэфы-нущ щIышылэм и кIэ пщIондэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.