Хьэршымрэ къафэмрэ
2022-12-01
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ КъБР-м и Лъэпкъ музеймрэ мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Хъан (Пащты) Алим и IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэр. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ музеитIымрэ къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр хуэгъэпсащ абы и ныбжьыр мы гъэм илъэс 50 зэрырикъуам. Къэбгъэлъагъуэмэ, ГъуазджэхэмкIэ музейм утыку къыщрихьар «Къафэ», «Трансформация» Iуэхухэм къызэщIиубыдэ лэжьыгъэхэрщ, етIуанэм щыплъагъур «Перемещение» фIэщыгъэм щIэту хьэршым епхьэлIэ хъунухэрщ.
- Лъэпкъ музейм и пэшым гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къыщызэIуахащ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы зыкърагъэхьэлIат ди республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ, Алим и гуащIэм дихьэххэр, Пащтыхэ я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Музейм и тхьэмадэ Накуэ Феликс япэу къэпсэлъапIэр хуит хуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- — Пащт-Хъан Алим и хьэрш-дунейм хэплъэ дэтхэнэ зы цIыхуми абы къыщигъуэтынущ и псэм щыщ Iыхьэ. ГъащIэм и дахагъэр, и фIыпIэр къыфхузэIузыхыну лэжьыгъэ нэхъыщхьэ дэтхэнэ зыми къэвгъуэтыну си гуапэщ, — жиIащ абы, икIи адэкIэ къеджащ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа хъуэхъу телеграммэхэм.
- — Си гуапэщ псалъэ жысIэну Iэмал сызэриIэр, — къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат. — Къыпхуэмылъытэным хуэдизщ Пащтыхэ я унагъуэр тхыдэ мылъкуу дэ къызэрыдэтэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Герман ди республикэм тыгъэ къыхуищIащ и IэдакъэщIэкIыу 1100-рэ, ар ди дежкIэ фIыгъуэшхуэщ. И адэм къилэжь фIыщIэм зыкIи емыфэгъуэкIщ къуэм ейри. Абы хузэфIэкIащ Герман и жьауэм щIэмыту, езым и хъэтI, и дуней еплъыкIэ щхьэхуэ, и лэжьэкIэ зэригъэпэщыжын. Зэадэзэкъуэм сызрагъэгупсысаращ: зэман куэд дэмыкIыу дэ псори дыщыгуфIыкIынущ Пащтыхэ Германрэ Алимрэ щылэжьа лIэщIыгъуэм, зэманым дызэрыхалъхуам. ЛIэужьыр иджыри бжьиблкIэ уэну Тхьэм жиIэ!
- Германрэ Алимрэ я гуащIэм, абыхэм лъэпкъым къыхуахь гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ, гушхуэныгъэмрэ гухэхъуэмрэ, сабийхэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ абы я гуащIэм иIэ мыхьэнэм уасэ зэрыхуэщIыгъуейм, нэгъуэщI куэдми я гугъу ящIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ республикэм и министр Езауэ Анзор, КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къанокъуэ Жаннэ, Урысейм и офицерхэу запасым щыIэхэм я «Мегапир» ассоциацэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек (Самарэ областым къыбгъэдэкIыу Алим къритыжащ «ЦIыхухэм къулыкъу зэрахуищIэм папщIэ» дамыгъэр). И щIалэм къыхуащIа пщIэм папщIэ, Пащты лъэпкъым, я унагъуэм къабгъэдэкIыу гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ Алим и адэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, профессор Пащты Герман.
- Красноярск къэрал художественнэ институтыр къиухыу ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и творческэ мастерскойм зыщигъэса иужь, Алим ирагъэблэгъауэ щытащ Германием и Галле къалэм дэт «Burg Giebichenstein» художественнэ академием. Абы и аспирантурэу щы (графикэмкIэ, скульптурэмкIэ, медиа-арт унэтIыныгъэмкIэ) къиухащ. Алим дунейпсо зэхьэзэхуэ, гъэлъэгъуэныгъэ куэдым я лауреатщ. СурэтыщIыр хуэIэкIуэлъакIуэщ гъуазджэм и лIэужьыгъуэ, и Iэмал Iэджэм, псалъэм и хьэтыркIэ графикэм, скульптурэм, медиа-артым, анимацэм, видеоинсталляцэм.
- Ялъагъухэр зэрафIэтелъыджэр я нэгум къибджыкIыу набдзэгубдзаплъэт пэшым щIэт цIыхухэр. Плъагъухэр-щэ?! Телевизор экраным къытощ IэпщIэлъапщIэм и IэдакъэщIэкIхэр къызэрыхъур, къызэрыунэхур. АдэкIэ уокIуэри, болъагъу хьэпщхупщхэр, минералхэр, къырхэр, фIамыщIкIэ щIа сурэтхэр, кобальтрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа, фарфорым къыхэщIыкIа лэжьыгъэхэр.
- Пэшым щIэтщ дунейм щынэхъ ин дыдэ вазэу Алим и Iэдакъэм къыщIэкIар зэрызэхэт Iыхьэхэр (модулхэр). Метрий зи лъагагъ а скульптурэ лэжьыгъэр модуль куэдыщэу зэхэтщ икIи ар и дамыгъэщ гъащIэм щIым зэрызыщиужьым. И лъабжьэ дыдэм щегъэжьауэ модулхэм я кIуэцIым микробхэм, хьэпщхупщхэм, псэущхьэхэм, н. къ. я сурэтхэр итурэ и папцIапIэр хьэршым хуокIуэж. Абы и къэгъэщIыгъэр, и щIыкIэ хъуар, щыплъагъукIэ уи гущIэм къыщигъэуш гупсысэхэр и лъабжьэу Алим триха фильм кIэщIри щигъэлъэгъуащ зэIущIэм, ди нэгу щIэкIхэр къыдгуригъаIуэурэ.
- Пащты Алим къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэмрэ къыфIаща щIыхьыцIэхэмрэ куэд дыдэ мэхъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыщэ, дыжьын медалхэр къратащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм пщIэшхуэ щаIащ дэнэ щIыпIи, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа «Арура» фарфор вазэр Германием и «Лёйхтенбург» музейм щахъумэ, абы щхьэкIэ пэш щхьэхуэ а IуэхущIапIэм къыпащIыхьауэ. Хьэмэрэ Налшык и ХьэтIохъущыкъуейм и жыг хадэм ит «Звездный камень» скульптурэр-щэ?! Ар гранитым къыхэщIыкIащ, и хьэлъагъыр тонн 40 мэхъу. «Унагъуэ» фIэщыгъэм къызыщIригъэубыдэу ищIа фарфор лэжьыгъэхэм Корее Ипщэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэ-гъэлъэгъуэны-гъэм дыжьын медалыр къыщыхуагъэфэщауэ щытащ икIи ахэр а къэралым и Ичхон къалэм дэт фарфор музейм щахъумэ. Германием и зы заводым и унафэщIым и лъэIукIэ абы фарфор кумбыгъэхэр ищIащи, цIыхухэм ящэхун хуэдэуи куэду къыщIагъэкI. Дэтхэнэр жыпIэн, сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьэми, сыт хуэдэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну яужь ихьэми, сытым дежи япэ иту еса адыгэ щIалэм къыщIэрыхьи къыпеуи гъуэтыгъуейщ. И псэм хэлъым химыхыну фIыуэ илъагъу, «си лъахэ» жиIэу зэрыпагэ и Къэбэрдей-Балъкъэрыр иджыри куэдрэ езы Пащт-ХъанкIэ гушхуэну ди гуапэщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.