Ди лъэпкъ фащэхэр — щэнхабзэм и къалащхьэм
2022-11-19
- Санкт-Петербург и къэрал художественно-промышленнэ академием, Штиглиц Александр и цIэр зезыхьэм, и пэшышхуэм щэкIуэгъуэм и 10 лъандэрэ щагъэлъагъуэ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, модельер, дэрбзэр цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэр.
- Выставкэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я цIыху цIэрыIуэ-хэм: тхакIуэ Гордин Яков, политик, къэрал лэжьакIуэ Полтавченкэ Георгий, Санкт-Петербург и Къэрал Эрмитажым и унафэщI, профессор Пиотровский Ми- хаил, тхыдэдж цIэрыIуэ Вилинбахов Георгий, Санкт-Петербург къалэм и Парламентым и Iэтащхьэ Бельский Александр, Урыс музейм и унафэщI Гусев Владимир, IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Дмитриев Владимир, нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным, а лъапIэныгъэхэм цIыхубэр щыгъэгъуэзэным хэлъхьэныгъэщхуэ хуэзыщI Сэралъп Мадинэ егъэлъагъуэ и IэрыкI фэилъхьэгъуэ 40-м нэблагъэ къызэрыщ сурэтхэр, 2020 — 2022 гъэхэм модельерым игъэхьэзыра адыгэ фащэ телъыджэ15. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэм къыдэкIуэу, уигури уи псэри зыхьэхущ манекенхэм щатIэгъа лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр. Мы Iуэхур адыгэ фащэм и тхыдэм ехьэлIауэ Сэралъпым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пызы-щэщ.
- Модельерым зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм къа-кIуа тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэжыным, зэман-зэманкIэрэ фащэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къихутэным щIэдзапIэ хуэхъуар XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ траха сурэт хьэлэмэтхэрщ.
- — Тхыдэ хъугъуэфIыгъуэм къыгуэхыпIэ зимыIэ лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я иджырей щыIэкIэхэр къэзыгъэщI, щIэх-щIэхыурэ зызыхъуэж модэм, дахагъэм и хабзэм къытемыкIыу, дэгъуэгурыкIуэф ди IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэнщ, — жеIэ Урысей этнографие музейм и щIэныгъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Дмитриев Владимир. — Зи лэжьыгъэфIхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ дыкIэлъыплъ цIыху IэпщIэлъапщIэ зырызхэм ящыщщ Сэралъп Мадинэ. Фащэхэм я гъэхьэзырыкIэм и хабзэми, фэилъхьэгъуэхэм я пкъыгъуэхэми, зэманым къигъэщI дахагъэм и щIэупщIэми емыпцIыж художник-модельерым и IэрыкIхэм я фIагъым зэрыхигъахъуэр нэрылъагъущ.
- — «Зэманым и псыежэх» выставкэм Iэмал къызитащ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу си лэжьэгъу модельерхэм саIущIэну, — жеIэ Мадинэ. — Гуапэщ Санкт-Петербург и IэщIагъэлIхэр гъэлъэгъуэныгъэм къызэрекIуэлIар. СэркIэ уасэншэщ абыхэм си лэжьыгъэхэр ягу зэрынэсар. Урысейм и музей нэхъ ин дыдэхэм ди лъэпкъ фащэхэр щызгъэлъагъуэурэ адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ цIыхубэр зэрыщызгъэгъуэзар сэркIэ лъапIэщ икIи мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- Сэралъпым и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Голи-ков Михаил зи художественнэ унафэщI «Таврический» симфоние оркестрымрэ КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор, пианист цIэрыIуэ Къэбэрдокъуэ Муратрэ. «Симфония Кавказа» концертыр къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу мы гъэр зэрагъэува Iуэхум хыхьэу. Зэхыхьэ гуапэр щэнхабзэм и махуэшхуэ хъуат!
- Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щигъэхьэзыра адыгэ фащэхэр щызэхуэхьэса «В реке времени», «Черкесские предания» гъэлъэгъуэныгъэхэр тIэунейрэ Санкт-Петербург и Этнографие музейм утыку къыщрахьащ. КъищынэмыщIауэ, Сэралъпым и лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм и музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъу яхъумэ. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Иорданием щыпсэууэ модельерым и лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм абы и фэилъхьэгъуэхэм щыщхэр хуэсакъыу зэрахьэ.
- ЩэкIуэгъуэм и 9-м, Санкт-Петербург дэт Урыс Этнографие музейм и илъэси 120-р щагъэлъапIэм, Мадинэрэ абы ипхъу дизайнер Ликэрэ ирагъэблэгъащ. Мадинэ гуапэ щыхъуащ FRONT FASHION урыс IуэхущIапIэм и цIэкIэ юбилей зэхыхьэм къызэрыщагъэпсэлъамрэ Ликэрэ езымрэ я лэжьыгъэхэр абы иращIэкIа пшыхь дахэм щагъэлъэгъуэну Iэмал зэраIамрэ. КъыжыIапхъэщ, урыс дизайнерхэм я FRONT тыкуэнымрэ Урыс этнографие музеймрэ зэгъусэу иджыблагъэ къызэрагъэпэща PROfashion Masters зэпеуэм Сэралъп Лики и зэфIэкI зэрыщеплъыжар. Iуэху дахэр къыхэзылъхьахэм я къалэныр музейм щахъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэманым къигъэувхэм зэрыпэджэжым щIалэгъуалэм хуэфащэ гулъытэ хурагъэщIынырт.
- КъэпщытакIуэ гупым хэт, фэшн-журналист Михайловская Ольгэ иригъэблэгъащ зэпеуэм щытекIуа Сэралъп Ликэ. Iуэхум хыхьэу, Ликэрэ Мадинэрэ музейм и фондым щахъумэ, хьэгъуэлIыгъуэхэм, джэгухэм зэрыхыхьэ адыгэ цIыхубз, цIыхухъу фащэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, я плъыфэм, щэкIым, теплъэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу. А фэилъхьэгъуэхэр я щыхьэтщ фащэхэр зэрыдахэм къищынэмыщIауэ, зэманми зэрыдекIум.
- Проектым хыхьэу зэанэзэпхъум ягъэхьэзыра фэилъхьэгъуэ щIэщыгъуэхэр Михайловская Ольгэрэ продюсер Филипповэ Евгениерэ къызэрагъэпэща FRONT тыкуэным и сайтым къыщывгъуэтыну икIи къыщыфщэхуну Iэмал щыIэщ.
- Выставкэр щэкIуэгъуэм и 24-рэ пщIондэ лэжьэнущ. Сэралъп Мадинэ лъэпкъ фащэхэм ятеухуа лекцэ зыбжанэ щригъэкIуэкIащ, мастер-классхэр щитащ щэн- хабзэм и къалащхьэм. «В реке времени» выставкэр мыгувэу Москваи щагъэлъэгъуэнущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.