ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди уэрэдхэр — Япэ каналым

2022-11-17

  • Федеральнэ канал нэхъыщхьэмкIэ екIуэкI «Зэрыкъэралу пщэфIапIэм уэрэд щыжыдоIэ» теленэтыным Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ «Абрэдж» гупыр зэрыхэтам дытепсэлъыхьащ. Иджы ди гуапэу дыкIэлъоплъ Адыгэ Республикэм щыщ «Ашэмэз» уэрэджыIакIуэ гупым я зэфIэкIым.

  • ЩIалэхэм нэтыным «Iэлъын цIыкIу» цIыхубэ уэрэдыр дахэу щагъэзэщIащ. Студием щIэсхэр умэзэхауэ едаIуэрт макъамэ щабэм щIэту цIыхухъу макъ зэщIэжьыуэкIэ жаIэ уэрэдым. Сэ згъэщIагъуэу сызыкIэлъыплъыр кIахэ диалекткIэ псалъэ щIалэхэм къэбэрдей диалекткIэ зэрыжаIэрт. Сыту дигъэинрэ апхуэдэ зэхэтыкIэм, сыту гухэхъуэт къэбэрдеибзэкIэ адыгейхэм жаIэм уедэIуэну. Егугъуу зэрагъэщIами, езыхэм я къэпсэлъыкIэ мащIэ къафIыхэхуэрти, абы щIэщыгъуэ, гурыхь ищIырт «Ашэмэз» гупым я уэрэд жыIэкIэр.
  • Мы гупыр 2005 гъэ лъандэрэ зэдолажьэ, Адыгейм и сыт хуэдэ зэхыхьэри ягъэдахэу, адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэр зэхуахьэсыжрэ ирагъэтхыу. ЩыщIадзагъащIэм школакIуэу щыта щIалэхэр тегушхуауэ ирикIуащ я лъагъуэм икIи я мурадым жыджэру зэрыхуэкIуэр нэрылъагъущ. Абы и щыхьэтщ ахэр Япэ каналым иригъэкIуэкI нэтыным и япэ Iыхьэм пхыкIыу, етIуанэм зэрынэсар. Тхьэмахуэ кIуам абыхэм урысыбзэкIэ уэрэд жаIащ.
  • Адыгэ щIалэ зэкIужхэм Урысей псом щагъэлъэгъуар я уэрэджыIэкIэм и закъуэкъым, атIэ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм щыщ пычыгъуи, адыгэ шыфэлIыфэр зыхуэдэри телевизорымкIэ къеплъхэм гурагъэIуащ. Беданокъуэ Алан къыщыпсалъэм жиIащ:
  • — Шэрджэс лъэпкъым сыкъызэрыхэкIам сропагэ. Апхуэдэуи ди адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэ щIэиным си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж. Ди гупым жытIэр адыгэ уэрэдыжьхэращ, апхуэдэхэр ди лъэпкъым и куэдщ. ЛIыхъужьхэм хузэхалъхьа уэрэдхэр, гъыбзэхэр, лъагъуныгъэм теухуахэр. Ахэр сытым дежи дзапэ уэрэду къыдекIуэкIащ лъэпкъым. Япэ каналым иригъэжьа «Зэрыкъэралу пщэфIапIэм уэрэд щыжыдоIэ» проектым дыхэтыну дыщIехъуэпсами лъабжьэ иIэщ. Дэ сытым дежи хьэщIэщ диIащ. Унагъуэм хьэщIэ къихьэмэ, адыгэ Iэнэ лъакъуищыр къыхуагъэувырт, ерыскъы IэфIхэр тету. Ар нартхэм я зэман лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хьэпшыпщ, мыхьэнэшхуи иIэщ. Мис абы и дахагъымрэ беягъымрэ дгъэлъагъуэу, Iэнэ лъэкъуищым дыпэрыс хуэдэу, теленэтыным и Iэнэ хъурейм дыбгъэдэсу «Iэлъын цIыкIу» уэрэдыр жыдоIэ.
  • ЩIалэхэм я гугъапIэхэр нахуапIэ ящIу къэпщытакIуэхэр арэзы къадэхъури, къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм нэсащ. ИкIи гуапэт абы къеплъахэм жаIэхэр, «Мейкъуапэ хьэщIапIэ дынэкIуауэ къытщывгъэхъуащ», — къыхагъэщырт къэпщытакIуэхэм.
  • ЕтIуанэу «Ашэмэз» гупым игъэзэщIащ «Нэ фIыцIэхэр» уэрэдыр. Езы щIалэхэр къыщагъэпсалъэм жаIащ иджы утыку кърахьэнур Урысей псом цIэрыIуэ щыхъуа уэрэду зэрыщытыр, ар лъагъуныгъэ зигу илъ дэтхэнэми зэрищIэр. «Ауэ, — жиIащ Алан, — псоми ящIэ щхьэкIэ дэ дыдейщ, ди Адыгейм къитшауэ жытIэну аращ». Уэрэдыр макъамэ Iэмэпсымэхэр — пшынэр, бэрэбаныр, пхъэцIычыр – яIыгъыу зэрыжаIэм студием щIэсхэр нэжэгужэ ищIат. И кIэухым деж псори къэтэджри, зы щIалэр адыгэ фащэ зыщыгъ пщащэ цIыкIум къыдэфащ. Аргуэру къыдахьэхащ къэпщытакIуэхэри къеплъахэри. Уеблэмэ щыуатэкъым «Нэ фIыцIэхэр» уэрэдыр псоми яцIыхуу зэрыжаIамкIи. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэпщытакIуэхэм хэсхэм уэрэдыр фIыуэ зэралъагъур жаIащ, абы теухуауэ къащыщIа хъыбархэр жызыIэжаи къахэкIащ.
  • «Ашэмэз» гупым хэт щIалэхэм проектыр хуабжьу сэбэп къазэрыхуэхъуар къыхагъэщ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ залъагъужынымкIэ, иджыри нэхъыбэжым тегушхуэн хуейуэ зэрыщытымкIэ, зэлэжьыни зэрыхьэн утыку куэди зэрыщыIэр зыхащIэнымкIэ.
  • УэрэджыIакIуэ гупым ехъулIэныгъэхэр яIэу хэтащ Урысейм, хамэ къэрал зыбжанэм щекIуэкIа зэпеуэхэм, фестивалхэм икIи 2014 гъэм «цIыхубэ» цIэ лъапIэр къыпыуващ ансамблым и цIэм. Гупым и унафэщI Бастэ Асиет хузэфIэкIащ езым адыгэ уэрэдыжьхэм, тхыдэм хуиIэ лъагъуныгъэр къигъэсэбэпу щIалэхэм уэрэджыIакIуэ ахъырзэман къахищIыкIыну, къафэу, адыгэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэфу иригъэсэну. Абдеж щиухыркъым гупым бгъэдэлъ фIагъхэр. Абыхэм щапхъэ трахыу, щIалэ зэчиифIэхэр я зэфIэкIхэмкIэ ядэгуашэу яIэщ «Нэбзий» ныбжьыщIэ гупыр. Абы къыщыхэжаныкIхэр «Ашэмэзым» хыхьэурэ утыкушхуэхэм ихьэну Iэмал яIэщ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.