Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-11-19
- Шхыныгъуэхэр
- Пщагъэ зыхэлъ лэкъум
- ПщагъэкIэ гъэтэджа тхьэвыр сэхуран дагъэ зыщыхуа Iэнэм тралъхьэри, хуэплIимэ щIыкIэу, ину, и Iувагъыр мм 3 — 4 хъууэ яху. Тхьэвыр см 4 — 5 и бгъуагъыу, см 12 — 13 и кIыхьагъыу щимэурэ е плIимэурэ зэпаупщIри, тэджын щхьэкIэ дакъикъэ зытхухкIэ щагъэлъ. ИтIанэ сэхуран дагъэ е тхъу къэплъа зэрыт шыуаным хадзэри, зэрагъэдзэкIыурэ дакъикъи 3 — 4-кIэ, тхъуэплъ дахэ хъуху, ягъажьэ. Дзасэм фIаIуурэ къыхахыж, дагъэр е тхъур пагъэжын щхьэкIэ. Яшх хуабэу, шатэ, фо, кхъуей и гъусэу.
- Халъхьэхэр:
- гуэдз хьэжыгъэу — г 1400-рэ,
- псыуэ — г 1000,
- пщагъэу — г 30,
- шыгъуу, тхъууэ е сэхуран дагъэу — узыхуейм хуэдиз.
- Жьэнфэн зэкIэрыщIа гъэва
- Мыр нэхъыбэу зыгъэхьэзыру щытар къущхьэхъу щыIэхэмрэ щакIуэхэмрэщ. Мэл къурмакъейм и гъусэу тхьэмбылыр къраха нэужь зэзыр къыкIэрагъэж, гумрэ жьэжьеймрэ тIууэ зэгуаупщIыкIри, лъы пцIар кърах, иужькIэ псори псы щIыIэкIэ ятхьэщI. ИтIанэ жьэнфэн зэкIэрыщIар шыуаным иралъхьэри, щIигъанэу псы щIыIэ щIакIэ. Ар зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрах, мафIэр цIыкIу ящI, шыгъу хадзэ, губгъуэпхъ халъхьэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъэ 40 — 60-кIэ, хьэзыр хъуху, ягъавэ. Шыуаныщхьэр къытримыIэтыкIын щхьэкIэ хьэлъэ гуэр тралъхьэ. Ва нэужь, мафIэм къытрахыжри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 15 — 20-кIэ щагъэт. ИтIанэ хьэкъущыкъу лъэщIабгъуэм иралъхьэри, шыгъу щабэ трагъэщащэ. ТIэкIу упщIыIуа нэужь тхьэмбыл-тхьэмщIыгъур зэпагъэкI, гури къыхагъэж.
- Iэнэм щытрагъэувэкIэ пIащIэу яупщIатэри, псом щыщи тепщэчым иралъхьэ. Пщтыруи щIыIэуи яшх. Бжьыныху шыпс дытрагъэувэ. ПIастэ хуаби, щIакхъуи, лэкъуми, чыржыни дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ):
- жьэнфэн зэкIэрыщIауэ — г 1350-рэ,
- псыуэ — г 2300-рэ,
- шыгъуу, губгъуэпхъыу — узыхуейм хуэдиз.
- Новеллэ
- ДэIэпыкъуэгъу
- А щIалэ цIыкIур ди уэрамым щыслъагъурт. Нэсри къигъэзэжауэ зэранщIакIуэт. Зытемыгушхуэ щыIэтэкъым, зыгъэшынэнрэ зыгъэдзыхэнрэ дунейм тету фIэщщIыгъуейт. Зэм жыгыщхьэм фIэсу плъагъунт, зэми унащхьэм къытехутэнт. Дыркъуэ темылъу зы IэпапIэ иIэ хъунтэкъым абы и щIыфэм. Хьэм я нэхъ бзаджэми и кIэр и бэкъум дикъузэжт, ар къыщыкIуэкIэ.
- Зыми хуэмыгъэдзыхэну къысфIэщIа а щIалэ цIыкIум зымахуэ нэгъуэщIыпIэ сыщыхуэзащ. Икъутэжауэ къыщIэкIыну и Iэ лъэныкъуэр кIэрыщIауэ ар и адэ-анэм сымаджэщ пщIантIэм къыдашыжырт. ЩыцIыкIу дыдэм щыгъуэ зэрыджэгуу щытагъэну «мыщэр» адрей Iэ лъэныкъуэмкIэ и бгъэм ирикъузылIэрт. Уи псэр къэдзыха нэужь, зи деж дэIэпыкъуэгъу ущылъыхъуэнкIэ хъунур пщIэнукъым.
- Ацкъан Руслан.
- Фэ фщIэрэ?
- ГъэфIапщIэ
- Джэгум щытекIуахэм хуащI тыгъэхэращ. ХьэщIэхэр, джэгум хэтхэр зэрагъафIэ Iэмалщ. ГъэфIапщIэхэм хохьэ мы къыкIэлъыкIуэхэр.
- ХьэщIэ лъапIэхэм, нэхъыжьхэм, джэгум къыхэжаныкIахэм ират. Дэ цIыкIу бэракъ: башым кIэращIэ дэ цIыкIу блахэр, хъыдан къуэлэнхэр, щимэ, плIимэ сурэту ящI хабзэщ. Дэ щIопщ: нысашэр дэкIыу тхьэмахуэ текIыжа нэужь, щауэр зи тешам, нысэр зи тешам я унэгуащэм къэзышам яхуригъэхьхэм ящыщт дэ щIопщри.
- Езы щIопщыр пщIэ лейм, тетыгъуэм и дамыгъэщ, адыгэ щIагъыбзэм и Iэмалщ. ХьэщIэм щылъысым деж, гъэфIапщIэм хьэщIапщIэкIэ йоджэ. ГъэфIапщIэхэр джэгур зи джэгум я Iыхьлыхэм кърахьэлIэрт, зытыр джэгу тхьэмадэращ. ХьэтиякIуэр и гъусэу ар утыкум иувэрти, джэгур щиухым деж е джэгур зэриух удж хъурейм и пэ къихуэу гъэфIапщIэхэр итырт. Джэгу тхьэмадэм хьэтиякIуэм жриIэрт джэгу хасэм и унафэкIэ хэт сыт хуэдэ гъэфIапщIэ ялъысами. ХьэтиякIуэм ар ину гупым яжриIэжырт: хэт сыт лъысами, абы и цIэ-унагъуэцIэр, зыщыщ къуажэр. Езым и цIэкIэ хьэтиякIуэм щIигъужырт хъуэхъу дахэ. ХьэтиякIуэм и дэIэпыкъуэгъухэм гъэфIапщIэхэр утыкум кърахьэ, зи цIэ ираIуэр утыкум къихьэурэ хасэм щыщ нэхъыжьым кърет. Дэтхэнэ зыми и цIэр жаIэу иратыху, пшынауэхэр пшынэ йоуэ, гъэфIапщIэр зылъысар лIы цIэрыIуэу, пщащэ цIэрыIуэу щытмэ, пшынауэхэм нэхъ зрагъэIэту йоуэ, пщIэ зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу.
- ГушыIэхэр
- Мамэ жиIащ
- Хъыджэбз цIыкIум бидон иIыгъыу тыкуэным макIуэ.
- — Сыт ухуей уэ цIыкIур? — жи тыкуэнтетым.
- — Мамэ шатэ жиIащ…
- — Дапщэ?
- — Мамэ бидоным из жиIащ…
- Тыкуэнтетым бидоныр къыIихри, шатэ изу ирикIауэ:
- — И уасэр къызэт, — жи.
- — Мамэ ахъшэр бидоным илъу жиIащ.
- Политикхэмрэ дыгъуакIуэхэмрэ
- Зэпеуэ йокIуэкI:
- «Зы псалъэухакIэ жыIэ политикхэмрэ дыгъуакIуэхэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр». «Политикхэр дэ къыхыдох, дыгъуакIуэхэм дэ дыкъыхах», — жиIэу жэуап къезытам япэ увыпIэр хуагъэфэщащ.
- ЖыIэгъуэхэр
- Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ
- Цыжьбанэми зы банэ темыт и гугъэщ.
- Псэмызагъэми щхьэмыгъазэу зилъытэжынущ.
- Лъэхъэнэ жыжьэм халъхуэну цIыхухэр уахътыншэу дунейм тетынущ.
- ЩIегъуэжыныр куэдрэкъым — узэхъуажэм тегушхуи аращ.
- Делэм зыдигъэшурэ губзыгъэм IумпIафIэ ещI.
- Уишрэ уи фызрэ уи дзыхь иумыгъэз жызыIам и щхьэр къыщыгъупщащ.
- ЗэхуащIахэр зэзыхъуэныжхэр сыт щыгъуи зэбийуэ къыщIедз.
- Гъуэгу пхэнжым теувэр нэхъ захуэм ирикIуэу къыфIэщIынущ.
- Тыншыгъуэ лъыхъуэр гугъуехьым пэщIохуэ.
- И мыхьэнэм щIимыгъуу икIи кIэрымыхуу зыщIэ щыIэу пIэрэ?
- Факъырэ гупым бжьыпэр ныбэизым щиIыгъщ.
- Щхъухьпсыхьым и къалэныр щытхъумкIэ зэфIокI.
- ЦIыхубз псалъэм и мыхьэнэмкIэ узэупщIынури цIыхубзщ.
- Губзыгъэр делэм щехъуэжэни щыIэщ.
- Къэралым и щIыхьыр цIыхубэм пщIэуэ хуащIым хуэдизщ.
- Быныр адэ-анэм едаIуэр содэ, езы тIур узэдэIуэн хуэдэмэ.
- Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ.
- Уи лъэпкъкIи уи щхьэкIи укъызыхэкIар умыгъэикIэ, щытхъу мышукIи умыцIалэ.
- ПцIым и лъабжьэр пэжщ.
- Бейтыгъуэн Сэфарбий.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. … щхьэнтэ. Е джэдкъазым, къуалэбзум ятет цы щабэ. 4. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. 6. ПIастапхъэ. 8. … зезыхьэ и Iэпэ йобзей. 9. Ар уи пашэмэ, вэнвейм ухешэ. 10. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг. 12. Банэ и пIэ … къокIэж. 14. Псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. 17. Мэл зыхэвэ нэхърэ — … зыхэпкIэ. 18. Псыежэх. 19. ЦIыхуфэр … 21. Тенджыз Iуфэм Iут … тедзапIэ. 24. Диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис пщащэ. 25. Къум щIыIэм къинэу Сосрыкъуэ къригъэла нартхэм ящыщ зы. 26. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху.
- Къехыу: 2. Бзиихум къыхах щэкI пхъашэ. 3. Адыгэ цIыхухъу щыгъын. 4. УимыIуэху зепхуэмэ, ар уи щхьэм къытехуэнкIэ мэхъу. 5. Джэдкъаз яфыщIам и фэм къыхэнэ цы пхъашэ. 7. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 11. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ хьэрып къэрал. 12. Узижагъуэм и нэм … ущIоуэ. 13. … техамэ, къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 15. И кIэр … дихуэжащ (унэхъуащ). 16. И чэзур къэмысу дунейм къытехьа сабий. 20. … зимыIэм шкIэ щIещIэ. 22. Адыгэ зауэлI шууейм гъэр къищIа бийр … къищIри, къэкIуэжащ. 23. Хьэм и губжьыр … щехьэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩэкIуэгъуэм и 12-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Насып. 3. ПащIэм. 5. Щхьэмыуз. 8. Согъуэт. 10. Дамэр. 11. Пэтрэ. 12. МащIэм. 15. Мызагъэм. 18. Мащэм. 19. МафIэм.
- Къехыу: 1. Нэмыс. 2. Псэ. 3. Псы. 4. МацIэр. 5. Щигъуэтым. 6. Мы. 7. ЗымыщIэм. 9. Тхьэ. 10. Дэм. 11. Пэжым. 13. Мыщэм. 14. ЛIа. 16. Зым. 17. Гъэм.