БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ
2022-11-15
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Калкутин Андрей и IэдакъэщIэкIхэр. Абы утыку къыщрахьащ лэжьыгъэ 70-м щIигъу.
- «Академия. Провинция. Авангард. Цирк» фIэщыгъэм къегъэлъагъуэ а лэжьыгъэхэр зытеухуар. ЖыпIэнурамэ, и сурэтхэмкIэ ар хуоплъэкIыж блэкIам, и нобэми набдзэгубдзаплъэу хоплъэ. Андрей щеджа илъэсхэм и къалэмыпэм къыщIэкIа сурэтхэрщ гъэлъэгъуэныгъэм гъунэилъэ хуэхъуар. Зыми пимыщIу абыхэм яхэтщ зы — и анэшхуэм и сурэт. Аращ зэгуэрым IэщIагъэм щIалэ цIыкIур дезыгъэхьэхауэ щытар. «Школым есэпымкIэ къыщызата унэ лэжьыгъэр си пIэкIэ ищIыжырт си анэшхуэм, нэхъыбэрэ сурэт сигъэщIын щхьэкIэ, — яжриIэрт зэIущIэм кърихьэлIа журналистхэм Калкутиным. — Абы щегъэжьауэ сызыпэрыт Iуэхум сызыхуейм хуэдиз зэман къыщыхуэзмыгъуэтыфа къэхъуакъым». Насып жыхуаIэжым щыщкъэ-тIэ апхуэдэ пхузэфIэкIыныр?! Ар, къанэ щымыIэу, и анэшхуэм деж къыщежьа насыпу къелъытэ сурэтыщIым.
- Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат.
- — Ди республикэм и мызакъуэу, Урысей псом и сурэтыщI нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ зыщ Калкутин Андрей, — жиIащ абы. — И IэдакъэщIэкIхэр къыщащIэ ди къэралми нэгъуэщI щIыналъэхэми. Абы ящыщ дэтхэнэри гъуазджэ лъагэм и щапхъэ нэсщ. Дахагъэр зыхэзыщIэхэм я дежкIэ мы гъэлъэгъуэныгъэр тыгъэ лъапIэу къызолъытэри, флъагъум гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къивитыну си гуапэщ. Езы Калкутиным сохъуэхъу ехъулIэныгъэщIэхэри зыIэригъэхьэну, гукъэкI дахэхэмкIэ и гъащIэр къулеину.
- АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и щIыхь зиIэ и академик, КIыщ Мухьэдин и арт-директор Мосс Жаклин Дианэ.
- — Андрей и ретроспективэ гъэлъэгъуэныгъэм папщIэ сохъуэхъу си гуапэу. Пэшхэр къызэхэскIухьурэ сегупсысащ: сыту фIы сурэтыщIым и гуащIэ псом и тхыдэр и IэдакъэщIэкIхэмкIэ къыщигъэлъэгъуэфым и деж. И пIэм иткъым, зеужь, зеузэщI, ар къагъэлъагъуэ щапхъэ пэлъытэ и япэрей лэжьыгъэхэми иужькIэ ищIахэми. Си гуапэ дыдэ мэхъу Калкутиныр Урысейми нэгъуэщI къэралхэми къызэрыщащIэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ сэ Франкфурт сыщрихьэлIауэ щытащ Андрей и гъэлъэгъуэныгъэ. Тхьэм уригъэфIакIуэ! — жиIащ Жаклин.
- КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ гуапэу ехъуэхъуащ сурэтыщIми абы и IэдакъэщIэкIхэр зэзыгъэлъагъуну музейм къекIуэлIахэми. ЗэIущIэр Калкутиным къызэрехъулIар къыхигъэщащ икIи жиIащ абыкIэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэми фIыщIэшхуэ зэрабгъэдэлъыр. Ар къызэщIэгъэуIуа зэрыхъуамрэ гухэхъуэгъуэу къаритамрэ тепсэлъыхьащ музейм выставкэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ.
- СурэтыщIыр гъунэгъуу зэрицIыхум, абы къыхуэгъэщIым зэрыдихьэхым я гугъу ищIащ журналист цIэрыIуэ Терехов Игорь.
- — Си гуапэщ Калкутин Андрей хуэдэ сурэтыщI дызэриIэр, срогушхуэ ар зэрытхуэлажьэм. Иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу и зэфIэкI игъэлъэгъуэну сынохъуэхъу, — жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик Црым Руслан.
- Езы Калкутин Андрей псалъэ щратым псоми фIыщIэ яхуищIащ икIи гупсэхуу тепсэлъыхьащ и гуащIэм. Абы ибзыщIакъым IуэхутхьэбзащIэу зэрыщытыр, и щхьэ хуимыту къыхуех гуэрхэр тхылъымпIэм зэрынихьэсыр. Гъэлъэгъуэныгъэм зи гугъу щыщIа IуэхугъуиплIри апхуэдэ щIыкIэущ зэрызэхэдзар.
- Зэман-зэманкIэрэ художникым и щхьэм къихьа гупсысэхэм ущызыгъэгъуазэ защIэщ музейм и пэшхэм щыплъагъур. Дауэ абы и нэгу къызэрыщIигъэхьар къуажэ гъащIэр, абы щыщу илъэгъуахэм сыт зригъэгупсысар, зыми и къэгъэлъэгъуэкIэм емыщхьу дауэ цIыхубэм и пащхьэ ахэр къызэрырихьэфар? А упщIэхэми нэгъуэщIхэми я жэуап къыщыбгъуэтынущ гъэлъэгъуэныгъэм, и хъэтI щхьэхуэкIэ сурэтхэр «зэрытхами» гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым.
- Музейм и пэш нэхъ пхыдзам щыболъагъу цирк Iуэхум ехьэлIахэр. Абы къуит нэжэгужагъри, гупсысэ хьэлъэхэм ущыхидзэ дакъикъэхэри сурэтыщIым дыбогуэш. Дауэ апхуэмыдэу?! СурэтыщIым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ и акъылым щыхъэ гуэрхэм и IэдакъэщIэкIхэмкIэ утригъэIэбэну.
- Калкутин Андрей и гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм 21 хъуху екIуэкIынущ. Ар зэзыгъэлъагъуну хуейхэр фепIэщIэкI!
- ИСТЭПАН Залинэ.