Гъуазджэхэм я жэщ
2022-11-08
- ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Лъэпкъ музейм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щекIуэкIащ «Гъуазджэхэм я жэщ» Iуэхум иращIэкIа зэхыхьэ гуапэхэр.
- Лъэпкъ музейм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ:«Было такое время», «Дар сибирской школы ксилографии Германа Паштова», Пащты Герман и Iэда-къэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэу музейм и фондым хэлъхэр. Глуховцев Александр адыгэ, балъкъэр цIыхубэ таурыхъхэм яхуищIа сурэтхэр.
- Лъэпкъ музейм и къудамэм и унафэщI Къантемыр Ларисэ зэрыжиIамкIэ, Глуховцев Александр и лэжьыгъэ ягъэлъагъуэхэр художникым музейм тыгъэ хуищIахэращ. КъыжыIапхъэщ, художникым и гъащIэм къриубыдэу тхылъ 200-м щIигъум сурэтхэр зэрахуищIар, сабий тхылъхэр, адыгэ, балъкъэр хьэрфылъэхэри хэту.
- — Гъэлъэгъуэныгъэм хэдгъэхьащ 50 гъэхэм я кIэуххэм, 60 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Глуховцев Александр и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр. Нарт IуэрыIуатэм къыхэщ лIыхъужьхэм я сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр, «къопсэлъэным хуэдэу», къызэрехъулIар умыгъэщIэ-гъуэн плъэкIыркъым. Iэзагъышхуэ зыхэлъ сурэты-щIым и лэжьыгъэхэмкIэ псалъэншэу гурыIуэгъуэу къигъэлъэгъуащ ар зытрищIыкIа таурыхъым и мыхьэнэр, — жиIащ Къантемыр Ларисэ.
- «Гъуазджэхэм я жэщым» хыхьэу, мы мазэм нэгъуэщI Iуэху гъэщIэгъуэнхэри къызэрагъэпэщащ. Пащты Герман мастер-классхэр иригъэкIуэкIащ, и выставкэм къекIуэлIахэр и лэжьыгъэхэм хигъэгъуэзащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, музейм и пэшышхуэм щагъэува «Дар сибирской школы ксилографии Германа Паштова» выставкэм хагъэхьа ксилографие лэжьыгъэхэр абы республикэм тыгъэ хуищIащ.
- КъищынэмыщIауэ, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм Эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрым и егъэджакIуэхэм дыщэидэ щIынымкIэ, арджэнхэр гъэхьэзырынымкIэ, ятIэ гъэжьам елэжьынымкIэ мастер-классхэр щатащ. Центрым и гъэсэнхэм музейм къекIуэлIахэм папщIэ концерт гукъинэж ятащ. Художник Дэцырхъуей Рузани музейм и хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ и лэжьыгъэхэм.
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм и унафэщI Ремхен Еленэ къыхигъэщащ «Гъуазджэхэм я жэщ» Iуэхум хыхьэу къызэрагъэпэща зэхыхьэхэр республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм ехьэлIауэ къызэрыхахар, щIэщыгъуэ, щхьэпэ зэращIэным яужь иту.
- Къэралым и щIыналъэхэм щэнхабзэм, гъуазджэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм ехьэлIауэ щрагъэкIуэкI мыпхуэдэ зэхыхьэхэм гъэ къэси я щIэупщIэм зэрыхэхъуэр гуапэщ. Къапщтэмэ, ди республикэм щыпсэухэм къинэмыщIауэ, хьэщIэхэри хэтащ зи гугъу тщIа Iуэхухэм.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.