ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дэцырхъуей  Рузанэ  и  лэжьыгъэхэр

2022-11-02

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ художник ­Дэ­цырхъуей Рузанэ и лэ­жьыгъэхэр щы­­зэхуэхьэса «Линия света» выставкэр.

  • Абы лэжьыгъэ 70 хагъэ­хьащи, дэтхэнэри нэр зы­­гъэгуфIэщ, гъэщIэ­гъуэ­нщ, узыгъэгупсысэщ. Па­сэрей статуехэр, щIыуэпс къулейр,­ натюрмортхэр, кIы­­­фIым тридзэ нэху ­щхъу­э­кIэплъыкIэхэр… Гъэ­лъэгъуэ­ны­гъэм щыбо­лъагъу Музыкэ, Урыс театрхэм я спектакль зыбжанэм хэта артистхэм Рузанэ яхуищIа фэилъхьэ­гъуэхэм я эскизхэри.
  • Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ выставкэр къы­щызэIуихым къыхигъэщащ Дэцырхъуейм и Iэдакъэ къыщIэкIахэр я IуэхущIапIэм етIуанэу зэрыщагъэ­лъагъуэр, нэхъапэми и су­рэтхэр телъыджэ зэращыхъуар.
  • — Дунейм и дахагъэр зы­лъагъу икIи зыхэзыщIэ, иужькIэ ар зи лэжьыгъэхэм хэзыухуанэ цIыхущ Рузанэ, — жиIащ КъБР-м и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. – Апхуэдэ выставкэ куэдкIэ иджыри дигъэгуфIэну дыхуохъуапсэ сурэтыщIым.
  • — Графитаж жанрым зэ­ры­мыщIэкIэ сыхуэкIуащ. ­Кист­хэм я пIэкIэ ручкэхэр, тхы­лъымпIэ пхъашэхэр, лезвэхэр къызогъэсэбэп, — жеIэ зи лэжьыгъэхэр нэ­гъуэщI­хэм ейхэм яхэмы­гъуа­щэ ­Рузанэ. – Сурэт щIыным и Iэмал зэмы­лIэу­жьы­гъуэ­хэм си зэфIэкI сы­щеплъы­жыну, зэпымыууэ щIэ гуэрхэр ­си лэжьыгъэхэм хэслъхьэну сфIэфIщ.
  • УФ-ми КъБР-ми я цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, профессор Пащты Герман жиIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ студентхэм щащыдэлажьэм Дэцыр­хъуей Рузанэ къицIыхуауэ зэ­рыщытар, и сурэтхэм бгъэ­дыхьэкIэ зэ­мы­лIэу­жьыгъуэ­хэр къызэрыщигъэсэбэпыр пэжу къызэрилъытэр.
  • — Рузанэ зэфIэкI зиIэ, нэхугъэрэ лъагъуныгъэкIэ гъэн­щIа, гъуазджэм и цIыху нэсщ. Театрым и лэжьакIуэ псоми фIыуэ къалъагъу ар. Зыми емыщхь сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм дяпэкIи гулъытэ ягъуэтыну си гуапэщ, – жиIащ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсою­зым и республикэ къудамэм и унафэщI Дау Марианнэ.
  • Дэцырхъуей Рузанэ жи­Iащ художникхэр кIыхьу зэрымыпсалъэр икIи кърихьэлIахэм езыр-езыру и лэжьыгъэхэм уасэ хуащIмэ нэхъ зэрыфIэфIыр къыхигъэщащ, апхуэдэуи фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ псалъэ гуапэхэр къы­хужызыIахэмрэ.
  • Театрым сыт хуэдэ жанрым щыщ роли зыхуэгъэзащIэ артистхэр зэриIэм хуэдэу, Рузани сурэт щIы­ным и Iэмал псоми зэрыхэзагъэр къыхагъэщащ къэп­сэлъахэм.
  • Дэцырхъуей Рузанэ Косыгиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт текстильнэ академием прикладной гъуазджэмкIэ и факультетыр 1998 гъэм къиуха нэужь, Налшык къигъэзэжауэ ­КъБР-м и Музыкэ театрым художник-постановщикыу икIи артистхэм я фэилъхьэгъуэхэр зыщI сурэтыщIу щолажьэ.
  • Выставкэм еплъынухэм иджыри Iэмал фиIэщ — ар щэкIуэгъуэм и 6 пщIондэ лэжьэнущ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.
  • Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.