Пащты Герман къытхуищIа тыгъэ лъапIэхэр
2022-10-20
- «Тысяча сто гравюр» — аращ фIащар КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм. Абы хагъэхьащ УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, РАХ-м и академик, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Красноярск дэт къэрал художественнэ институтым ксилографиемкIэ и студием и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Германрэ и гъэсэнхэмрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа ксилографие лэжьыгъэу ди республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу тыгъэ къыхуащIахэр. Проектыр къызэрагъэпэщащ КъБР-м Щэнхабзэм-кIэ и министерствэмрэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Накуэ Феликс.
- КъыжыIапхъэщ, проектым хыхьэу зы школым и IэпщIэлъапщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ миным щIигъум щыщу 400-р ди музейм и пэшышхуэм япэу утыку къызэрыщрахьэр. Проектым жыджэру хэтщ Урысейм и художники 100-м щIигъу. Гъэлъэгъуэныгъэм халъхьащ Красноярск къэрал художественнэ институтыр, Красноярск гъуазджэхэмкIэ и къэрал институту Хворостовский Дмитрий и цIэр зезыхьэр къэзыухахэмрэ абыхэм екIуалIэхэмрэ, езы Пащты Германрэ и къуэ Алимрэ я сурэт гъэщIэгъуэнхэр, ксилографиемкIэ урыс IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм, РАХ-м хэтхэм, къэрал дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэм, хамэ къэралхэм щекIуэкIа зэпеуэ зыбжанэм пашэ щыхъуахэм я лэжьыгъэхэр. Абы щызэхуахьэсащ урыс классикэм, иджырей адыгэ тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа художественнэ тхыгъэхэм хуащIа сурэтхэр.
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я хэлъхьэныгъэфIщ Пащты Герман къытхуищIа тыгъэхэр. А лэжьыгъэхэм ящыщу 200-р езы Герман и Iэдакъэ къыщIэкIащ. А тыгъэхэм я фIыгъэкIэ ди республикэм ксилографие музей къыщызэIутхыну Iэмал диIэщ. Апхуэдэу дуней псом щыIэ музейхэм я бжыгъэр IэпэкIэ къыпхуэбжынущ, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псом я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр мы Iуэхум, сыту жыпIэмэ апхуэдэ зы лэжьыгъэ нэхъ мыхъуми тыгъэ зыхуащI музейм ар насыпышхуэу къелъытэ. «Зи щIыналъэр фIыуэ зылъагъу Пащты Герман зэуэ сурэт 1100-кIэ музейм къызэрыхуэупса уасэ хуэщIыгъуейщ, ар фIыгъуэшхуэщ», жиIащ Мурат. Парламентым и лIыкIуэм Пащтыхэ я лъэпкъым фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ зэфIэкI зиIэ художник гуащIафIэ къазэрыхэкIам папщIэ.
- Къардэн Муратрэ Къумахуэ Мухьэдинрэ КъБР-м и Парламентым- рэ Правительствэмрэ къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр Пащтым и гъэсэн-хэм ящыщу зыхуагъэфэщахэм иратыжащ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIам папщIэ.
- — Мы гъэлъэгъуэныгъэр щIэдзапIэу дыбжынщ. Мыбдеж щыфлъагъур ди тыгъэм и Iыхьэ щанэрщ. Лэжьыгъэ 400-м щIигъу зэкIэ къэтшами, а псор выставкэм къытхузэщIегъэубыдакъым. Ксилографие музей республикэм къыщытхузэIухмэ, псом япэ дищыфынут! — жиIащ Герман
- Ксилографием хуэIэкIуэлъакIуэ Снетков Алексей и псалъэм къыхигъэщащ Налшык къыхуащIа тыгъэ лъапIэм хуэдэ зыхуащIа нэгъуэщI зы щIыналъи дуней псом зэрыщыщымыIэр, иджыри илъэс пщIы, щэ бжыгъэкIэрэ а дахагъэм деплъыну Iэмал дызэриIэр, дуней псом щыщ художник Iэзэхэм я лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса сурэтхэр саугъэт къызэрытхуащIам теухуа Iуэху гуапэм щIэблэр кIуэ пэтми зэрыригушхуэнур.
- — Урысейм и мызакъуэу, дуней псом пщIэ щызиIэ ди хэкуэгъу Пащты Герман и зэфIэкIхэм дрогушхуэ. СурэтыщI гъуазджэм лъабжьэ быдэ щызиIэ Герман и лэжьыгъэхэр дэркIэ лъапIэщ, и IэпщIэлъапщIагъэр щIэблэм я щапхъэщ. ДяпэкIи гъуазджэм ехъулIэныгъэфIхэр ущиIэну, утхуэузыншэну ди гуапэщ, — жиIащ Хъурей Феликс.
- КъБКъУ-м и проректор Хъурей Арсен жиIащ Пащты зэадэзэкъуэм я лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуэзэну Iэмал зэраIэр зэрыгуапэр, я ехъулIэныгъэхэм зэрыригушхуэр, зынэса лъагапIэм къыщымыувыIэу, дяпэкIи я зэфIэкIхэм хагъэхъуэну зэрыхуэхъуапсэр.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ и комитетым и УнафэщI Къумал Заурбэч, РАХ-м щIыхь зиIэ и академик, профессор Тимохов Сергей сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Пащты Герман фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, республикэм и унафэщIхэм, щIыналъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIым папщIэ. Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Пащты Герман и гъэсэнхэр, я егъэджакIуэм псалъэ гуапэ мыухыжхэмкIэ зыхуагъазэу.
- Выставкэм и хьэщIащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием (РАХ-м) хэтхэр, республикэм и сурэтыщIхэр, гъуазджэм дихьэххэр. Гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм и 4 пщIондэ лэжьэнущи, гупыж зыщIхэм Iэмал яIэщ абыхэм еплъыну.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.