ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэм  ухэзыгъаплъэ  гъэлъэгъуэныгъэхэр

2022-09-22

  • Налшык дэт Лъэпкъ музейм мы махуэхэм щагъэлъагъуэ лэжьыгъэ телъыджэхэр — скульптор, сурэтыщI Тхьэзэплъыж Руслан и IэдакъэщIэкIщ нэри псэри дэзыхьэхыр. Ар къызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъуам иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм ящыщ зыуэ.

  • Пэшым щыплъагъу лэжьыгъэхэм тхыдэм ухагъаплъэ. ФIэщыгъэхэри гъэщIэгъуэнщ: къубабэ (бэвыгъэм и тхьэ), гурзэ (дыгъэм и шэрхъ), дзэпщ, хьэт, нарт (Бэдынокъуэ, Сосрыкъуэ, Ашэмэз, н.) лIыхъужьхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я нэхъыбэр къызыхэIущIыкIар пхъэщ, яхэтщ жэзым, гъуаплъэм, дыжьыным къыхэщIыкIахэри. Сэ сытым дежи псалъэр къызомэщIэкI гъэлъэгъуэныгъэм си псэм къыщигъэуша гупсысэхэр щIэджыкIакIуэхэм я деж нэсхьэсынымкIэ. Сыту жыпIэмэ, дахагъэм, Iэзагъэм нэмыщI, абыхэм ящIэлъщ нэрымылъагъу хуабагъэ, гуапагъэ гуэр, аращ IэдакъэщIэкIхэр зейм къехъулIарэ къемыхъулIарэ къызэрыпщIэри. Гушхуэныгъэу лэжьыгъэхэм къысхалъхьам, къэпсэлъахэм къызэрыхагъэщамкIэ, адрейхэми зыхащIам аращ и щэхур.
  • — Си гуапэ дыдэу сыкъэкIуащ нобэ мы гъэлъэгъуэныгъэм, сфIэгъэщIэгъуэнт сыту пIэрэ щIэщыгъуэу ди пащхьэ кърихьэнур Руслан жысIэу, — зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. — ИкIи сыкъэпцIакъым: сымылъэгъуа, телъыджэ, щэху зыхъумэ гуэрхэм сыхуейти, ар къызэхъулIауэ къызолъытэ. Зи Iэм зыгуэр кьигъэщI цIыхухэм игъащIэми пщIэшхуэ яхузощI. Абы щыгъуэми я Iэхэр псэм къыбгъэдэкIыу щылажьэм и деж, Руслан ещхьу, къагъэщIыр телъыджэщ.
  • АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, сурэтыщI Мэзло Эдуард, нэгъуэщIхэри. Абыхэм псоми зы жьэу жаIащ Руслан зэрысурэтыщI гъэщIэгъуэныр, апхуэдэхэр диIэу ди лъэпкъыр зэрыхэмыкIуэдэжынур я фIэщ зэрыхъур.
  • — ЦIыху куэд къызэрырихьэлIар си гуапэщ икIи сыхуейщ гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIыху пэшыр зэи нэщI мыхъуну, — жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. – ПщIэ псор сигу ирохь, Руслан, уефIэкIуэну си гуа-пэщ! Уи япэ гъэлъэгъуэныгъэщ        мыр, къохъулIауэ собжри, адэкIи къыкIэлъыкIуэну Тхьэм жиIэ.
  • Тхьэзэплъыжхэ я лъэпкъым къыбгъэдэкIыу, къызэхуэса псоми фIыщIэ яхуищIащ Тхьэзэплъыж Мухьэмэд. Езы Руслан къэпсэлъапIэр хуит щыхуащIым, къыхигъэщащ ныбжьэгъуншэу, абыхэм я дэIэпыкъуныгъэншэу зыри зэрыхуэмыщIэнутэр. «Зызоплъыхьри, пэшым щIэту слъагъум я нэхъыбэр си ныбжьэгъущ, апхуэдиз сиIэуи сымыщIауэ. СызэрывгъэлъэпIар фхуэзыщIэжыфын Тхьэм сищI», — яжриIащ псоми.
  • Куэдрэ зэбгрыкIыжакъым гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэр. КъыщIыхьа иужь зэплъа лэжьыгъэхэр абыхэм тепсэлъыхьа цIыхухэм яужькIэ езыхэри «къэпсэлъам» хуэдэт.
  • ИСТЭПАН Залинэ.