ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2022-05-21

  • Фи пащхьэ итлъхьэ уситIыр зи IэдакъэщIэкIыр Мыз Радик Борис и къуэрщ. Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ, и IэщIагъэкIэ агрономщ. Радик ящыщкъым лъэпкъ Iуэхум, республикэм, къэралым щекIуэкIхэм хуэдэгу-хуэнэфхэм. Ирогушхуэ адыгэм и блэкIам, дяпэ ита лIыхъужьхэм, иропIейтей ди нобэм, ди щIэблэм я пщэдейм. Радик усакIуэу зыкъилъытэжыркъым, ауэ и гум, и псэм щыщIэр тхылъымпIэм иритхэмэ нэхъ фIэкъабылщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зы.

  • Иужьрей лIыхъужь
  • Къэбэрдейм и иужьрей
  • пщы уэлий Жанхъуэт
  • Кушыку и къуэ Жамбот и фэеплъу
  • Уей, зэман бзаджэу блэкIа,
  • Гъуэжькуийуэ илъэта,
  • Адыгэ лъэпкъыр щагъэгулэза,
  • ГъащIэм и щIыб къыщигъэза,
  • ЛIыгъэр куэду щагъэунэхуа,
  • Псэхэр емыблэжу зыщIата.
  • Джэрпэджэжу гъэхэр къытподжэ —
  • Тхылъыжь напэу дыкъоджэ.
  • Мэжаджэ Iыхьэ зымышхыжахэм
  • Ахърэтым я псэр щотхьэджэ.
  • Уахътыншэхэм къахоIукI зы псэ —
  • Псыгуэныпс ефауэ зы купсэ.
  • Пщыгъэм и щхьэр имыгъэузт,
  • Нэхъ къеузыр уэркъ узт.
  • Псалъэ итамэ шабзэшэт,
  • КIакхъур щIичамэ,
  • Бийр иригъэпсыхт.
  • Лъэпкъым бащэу хуэгумэщIт,
  • Хэкужьырт щIихъумэр и гуащIэ.
  • Бэракъ фIыцIэр къыщызэфIащIэм
  • Саур къамэр щигъабзэт.
  • Нэжэсу ерухэм
  • Я тхьэкIумэр яхурибзэт.
  • Бийм хьэгъэщагъэр къыхуоуш:
  • ЛIыхъужьыр укIыпIэ ирашэ.
  • Фочищэ зэуэ къызэдоуэ:
  • ЛIым и бгъэгум къытохуэ.
  • Уей, ЛIыхъужьэр иращIыкI,
  • Къудамэ закъуэр пощIыкI.
  • Епсыхыжащ имыгъуэу шу закъуэ —
  • Къуэ пэжу зы АдыгэлI.
  • ЛIыхъужь и лIыгъэ мыкIуэд,
  • ЛIыхъужь и цIэ мыкIуэд!
  • Мыз Радик.