ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Вагъуэ цIыкIухэм» я ехъулIэныгъэхэр

2022-05-20

  • Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ), VI лъэпкъ къафэ конгрессым хыхьэу, Сочэ къалэм мэлыжьыхьым и 30 — накъыгъэм и 3-хэм щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII грант къафэ зэпеуэмрэ Владикавказ къалэм накъыгъэм и 13 — 15-хэм щызэхэта зэхьэзэхуэмрэ саугъэт нэхъыщхьэр — Гран-при-р — къыщихьащ.

  • Сочэ къалэм и «Шексна» пансионатым щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII грант къафэ зэпеуэр къызэригъэпэщащ «Алые паруса» щэнхабзэ фондым. Зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Санкт-Петербург и Правительствэм ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетыр, Сочэ къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и управленэхэр, Москва областым егъэджэныгъэмкIэ и министерствэр.
  • «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым Сочэ къалэм къафищ щигъэзэщIащ – къэбэрдей (уэркъ) къафэжьыр, ислъэмей (махуэшхуэ) къафэр, авар хъыджэбз къафэр. НыбжьыщIэхэм я зыIыгъыкIэ, утыку итыкIэ дахэмкIэ къахьэхуащ къеплъахэр. Нэхъыщхьэращи, къэпщытакIуэхэм ягу дыхьащ икIи япэ увыпIэмрэ Гран-при саугъэтымрэ къыхуагъэфэщащ.
  • Кавказ къафэхэмкIэ Владикавказ щекIуэкIа чемпионатыр къызэрагъэпэщащ егъэджэныгъэм, творчествэм, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ «Открытый мир искусства» дунейпсо фестиваль центр мыкоммерцэ IуэхущIапIэм, «Имена» псапэ фондым, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм щиIэ управленэр, УФ-м СпортымкIэ и министерствэр, УФ-м и Президентым лъэпкъ IуэхухэмкIэ и советыр, Осетие Ищхъэрэ Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Дон Iус Ростов ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэр я дэIэпыкъуэгъуу.
  • Нартан къуажэм икIа къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуа уэркъ, ислъэмей къафэхэм саугъэт нэхъыщхьэр къыпэкIуащ. Абы къыщыхагъэщащ «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр зэпеуэм фIыуэ зэрыхуагъэхьэзырар – къафэхэр екIуу зэрагъэувар. Я лъэпкъ фащэр зыхуей хуэзэу утыку зэритми гу къылъатэри, щIыхь тхылъ щхьэхуэ къыхуагъэфэщащ.
  • — Дызэрыгушхуэ къэфакIуэхэр ди гъунэжщи, зэхьэзэхуэхэмрэ фестивалхэмрэ нэхъыбэу дызэрыхэтыным дыхущIокъу. Абы ныбжьыщIэхэм Iэмал къарет я зэфIэкI къапщытэжыну, щIэхэм нэхъ тегушхуэну, нэгъуэщIхэм ехьэехуэну. Сабийхэм къафэ лIэужьыгъуэхэр екIуу зэрагъэзэщIэным, ахэр пасэрей макъамэхэмрэ къафэхэмрэ зэрыдедгъэхьэхыным, лъэпкъ хабзэм, бзэм, фащэм зэрыщIэтпIыкIыным дыхущIокъу, — жеIэ Къурашэ Эдуард. – Ди фIэщ мэхъу лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр щIэблэм зэрихъумэнур.
  • Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр зэпеуэхэм пашэ зэрыщыхъуам папщIэ къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, ахъшэ саугъэтхэр. Гупым зэпеуэхэм къыщахь ахъшэ саугъэтхэр трагъэкIуадэ я фащэхэр зэрахъуэкIыным, зыхэтыну къапэщылъ зэхьэзэхуэхэм зыхуагъэхьэзырыным. А ехъулIэныгъэхэр къэфакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ зи фIыщIэу къалъытэр я унафэщI Къурашэ Эдуардщ.
  • Республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ зыбжанэм хэта икIи абыхэм я зэфIэкI щеплъыжа, къыщыхэжаныкIа ансамблыр Сочэрэ Владикавказрэ пашэ щыхъуа нэужь, зэхьэзэхуэ куэдым иджыри ирагъэблэгъащ.
  • «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым илъэс зыбжанэ хъуауэ куэд кIэлъоплъ икIи ар телъыджэ ящохъу. Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр зыгъэдахэ «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэн дахэр, я зэфIэкIыр куэдым я дежкIэ щапхъэщ, абы я текIуэныгъэхэм уригушхуэ хъунущ. НэхъапэIуэкIэ гупым къахьа текIуэныгъэхэм ящыщщ Сочэ къалэм 2014 гъэм щекIуэкIа «Дахагъэм дунейр къригъэлынущ» дунейпсо телевизионнэ зэпеуэм и Гран-примрэ япэ увыпIэмрэ. Гупыр пашэ щыхъуащ къафэхэмкIэ 2016 гъэм екIуэкIа «Мэзкуу бжьыхьэ» япэ федеральнэ зэпеуэм. «Iэзагъэм хуэзышэ» саугъэт щхьэхуэр абы къыщратауэ щытащ, лъэпкъ хабзэхэр зэрахъумэм папщIэ. КъищынэмыщIауэ, илъэситI ипэкIэ Санкт-Петербург щекIуэкIа къэфакIуэхэм я «НЕВА-Данс» III урысейпсо зэпеуэм и унэтIыныгъэ псоми «Вагъуэ цIыкIухэр» зэрыщытекIуар, лауреат зэрыщыхъуар къалъытэри, ар къыхэзылъхьа «Алые паруса» щэнхабзэ фондым и «Дэрэжэгъуэ» саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. Мы гъэмахуэм – мэкъуауэгъуэм и 20-м — зи юбилейр зыгъэлъэпIэну ансамблым иджыри ехъулIэныгъэ куэд иIэну ди гуапэщ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.