ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iуэху зехьэкIэ дахэ

2022-05-19

  • Зи къэралыгъуэм и илъэси 100-р мы гъэм зыгъэлъапIэ ди республикэм тхыдэ гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ. А зэманым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и пашэу щытащ цIыху акъылыфIэ, гуащIафIэ куэд. УнафэщI щыпкъэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсу щыта дэтхэнэми и гъащIэм, и лэжьыгъэм, Iуэху зехьэкIэу бгъэдэлъамрэ хэлъэту иIамрэ, шэч хэмылъу, къыгуэхыпIэ ямыIэу епхащ республикэм и тхыдэмрэ илъэс зэхуэмыдэхэм абы игъуэта зыужьыныгъэмрэ.

  • Тхыдэм и лъэхъэнэ къэс цIыхум къыхуегъэув къалэныщIэхэр. Сыт хуэдэу ахэр щымытми, щIыналъэ унафэр зыIэщIэлъахэм, ноби а IэнатIэм пэрытхэм я дежкIэ ар зыщ дапщэщи: республикэм зегъэужьын, абы щыпсэухэм я гъащIэр нэхъ тынш щIын, я псэукIэр егъэфIэкIуэн. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэ гугъум пэрыта дэтхэнэми лъэкI къигъэнакъым абыкIэ. Ахэр хущIэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ нэхъ екIу дыдэхэм хегъэлъытэным, зэманым хуэфащэу адэкIи зегъэужьыным, зыхэт Урысей Федерацэм и субъект нэхъ зэпэщхэм ар яхэгъэхьэн папщIи куэд зэфIагъэкIащ.
  •  Ди щIыналъэм и унафэр илъэс 30-м щIигъукIэ IэщIэлъащ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм (1917 — 1999). Ар 152 гъэм и мэлыжьыхь мазэм хахауэ щытащ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу. Мэлбахъуэм Iуэху зехьэкIэрэ цIыху хэтыкIэу бгъэдэлъар куэдым я гум къинэжащ, блэкIа зэманыфIым и дамыгъэу. И къару емыблэжу зыхуэлэжьа республикэм и тхыдэм и Iыхьэшхуэщ абы и гъащIэр, къигъэна Iэужь купщIафIэри ди щIыналъэм и напэкIуэцI нэхъыфIхэм халъытэ. Къызэрытхэмытыжрэ илъэс 20-м щIигъуами, зэманым фагъуэ дэхъуркъым Iулыджышхуэ зиIа а адыгэлI телъыджэм республикэм, абы щыпсэу лъэпкъхэм я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр.
  • Мэлбахъуэ Тимборэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Дей къуажэм 1917 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Зи адэр пасэу зыфIэкIуэда щIалэ цIыкIур сабий унэм иратащ, иужькIэ Мэртэзей (иджы — Тэрч) дэт мэкъумэш еджапIэм щIагъэтIысхьащ. Еджэным зи гур хуэкъабзэ ныбжьыщIэр 1931 гъэм щIэтIысхьащ агромелиоративнэ техникумым. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Новочеркасск дэт инженер-мелиоративнэ институтым 1934 гъэм еджэным щыпищащ, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Орджоникидзе (иджы — Владикавказ) дэт мэкъумэш институтым. Къыхиха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, Шэшэн-Ингуш республикэм хыхьэ Кантышевэ къуажэм дэт машино-трактор станцым агроном нэхъыщхьэу, иужькIэ абы и унафэщIу лэжьащ.
  • Хэку зауэшхуэр къыщыхъея илъэсым Мэлбахъуэм дзэм къулыкъу щищIэрти, ар ящыщащ советыдзэм хэту бий бзаджэм япэу япэщIэувахэм. Зауэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ иуха нэужь, коммунист щIалэр 1946 гъэм ягъэуващ партым и Куба райкомым и унафэщIу. Абдежым Мэлбахъуэм зыкъигъэлъэгъуащ акъыл жан зыбгъэдэлъ къулыкъущIэу, хабзэшхуэрэ гу хьэлэлрэ зиIэ цIыхуу.
  • ЗэфIэкI лъагэ къызыкъуэкIа къулыкъущIэм гу лъамытэу къэнакъым. 1949 гъэм ар ирагъэблэгъащ партым и Къэбэрдей обкомым и секретару, мазэ бжыгъэ дэкIри, етIуанэ секретару ягъэуващ. 1952 гъэм Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщI хъуащ икIи а къулыкъу лъагэр къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ илъэси 4-м щIигъукIэ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр (ВПШ) 1953 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Мэлбахъуэм.
  • 1956 — 1985 гъэхэм Мэлбахъуэ Тимборэ лэжьащ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару. Ар и зэманым екIуж унафэщI щыпкъэт, лъэпкъым и фейдэ зыхэлъыр езым и фейдэуэ ибжу. Мэлбахъуэм и тетыгъуэм республикэм и цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуащ, промышленностми, мэкъумэшми, ухуэныгъэ Iуэхухэми щIэуэ къудамэ куэд къыхыхьащ, щэнхабзэм, щIэныгъэм къыпхуэмыцIыхужыну захъуэжащ. «Севкавэлектроприбор», «Тэрчналмэс» «Телемеханика», «Искож», «Электровакуум», «Кавказкабель», «Автозапчасть» заводхэр, вольфрамрэ молибденрэ къыщыщIахыу Тырныауз дэт комбинатыр — ахэри, нэгъуэщI IуэхущIапIэ куэди къызэрызэIуахам Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм яхигъэхьащ.
  • Зэрихьэ къулыкъу лъагэм екIуу бгъэдэтт Мэлбахъуэ Тимборэ, республикэм и мызакъуэу, Совет Союз псом хьэтырышхуэ щиIэу. Абы и Iулыджым и лъабжьэт щIэныгъэрэ Iущагъыу хэлъыр, и Iуэху зехьэкIэ телъыджэр. Зи пашэ республикэр гурыгъуазэкIэ апхуэдэу фIыуэ ицIыхурти, дэтхэнэ лэжьакIуэ гупми, IуэхущIапIэми, къуажэми я Iуэху зыIутыр ищIэрт. Мэлбахъуэр набдзэгубдзаплъэт, ткIийт лэжьыгъэ IуэхукIэ, ауэ щыхъукIи, цIыхухэм ящысхьырт, лэжьэн гукъыдэжыр яфIэмыкIуэдын хуэдэу. Тимборэ цIыхубэр Iуэхугъуэшхуэм хузэщIигъэуIуэфырт, и ужь къиувэхэм пщIэрэ щIыхьрэ къаригъэлэжьырт. А зэманым республикэм иIа сыт хуэдэ ехъулIэныгъэри епхащ а цIыху щэджащэм и цIэм.
  • Зытета къулыкъу лъагэм хуэфэщэну лэжьащ Мэлбахъуэр, лъэужь мыкIуэдыжын къигъанэу. 1985 гъэм ар езым и лъэIукIэ IэнатIэм къыIукIащ. ТIысыжа нэужьи Мэлбахъуэм республикэм къыщыхъур къыфIэмыIуэхуу щытакъым, политикэ гъащIэм чэнджэщкIэ жыджэру къыхэувэрт.
  • Ди республикэм и тхыдэм щыщу етIощIанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэр зи цIэм епхауэ щыта Мэлбахъуэ Тимборэ, унафэщI Iэзэм, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм, цIыху щыпкъэм, гъащIэ дахэ, купщIафIэ ирихьэкIащ, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу. Абы и цIэр дыщэпскIэ итхащ езым гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу щыта Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.