ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛъэужьыфIэу Iэужьыбэ

2022-05-19

  • ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Нартан къуажэ  дэт унэ-музейм накъыгъэм и 18-м щагъэлъэпIащ Музейхэм я дунейпсо махуэр.

  • Зи псалъэр нахуэ, акъылыр жан, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу псэуа ПащIэ Бэчмырзэ и Iэужьыр бейт, лъэужьыр дахэт. Аращ абы нобэми и щхьэр зыгъэлъапIэр. Бэчмырзэ псэуху телэжьащ адыгэ тхыбзэр, тхыдэр нэхъ дахэ, нэхъ къулей щIыным. «Жьапщэ мыгъуэ», «Гъатхэ», «Си щIыпIэм папщIэ», «Жьы хъуар гу махэщ», «Дуней ухуэныр — щIэныгъэ Iуэхущ», «Уэ щlакlуэфl уимыlэу…», «Уэсят» «Гъащlэм и уасэ зыщlэр», «Фызыжь», «Зэманыр псынщlэу йокlуэкlыр…» усэхэр нобэми «бзэгупэм телъу кърахьэкI», — жыхуаIэм хуэдэщ. Сыт и уасэ Бэчмырзэ и «Псалъэ пэжхэм»?! Абы и дэтхэнэ тхыгъэми адыгэхэм я псэукlар, зэхэтыкlар, а зэманым къекlуэкlа lуэхугъуэ куэд къыхощыж. И лэжьыгъэ щхьэпэхэр   адыгэ тхыдэм къыханащ.      Пащlэ Бэчмырзэ и цlэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. Абы и фэеплъ музей дэтщ къыщалъхуа къуажэм, Бэчмырзэ и цIэр зэрехьэ Нартан дэт курыт еджапIэхэм я зым.
  • Адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ ПащIэ Бэчмырзэ и щIыхьыр ягъэлъэпIэну музей бжэIупэм дыгъуасэ щызэхуэсат Шэджэм щIыналъэ, Нартан къуажэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр, нэхъыжьыфIхэр, къуажэ- дэсхэр, школакIуэ цIыкIухэр.
  • Илъэс къэси хуэдэу, пшыхьыр къызэзыгъэпэщар музейм и унафэщI ПащIэ Еленэщ. Ар къызэIуахащ лъэпкъым, хэкум хуэгъэзауэ Бэчмырзэ итха хъуэхъумкIэ.
  • Нартан къуажэ Iэтащхьэм и къуэдзэ Фырэ Любэ Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ.
  • — Щхьэусыгъуэ дахэкIэ дызэхуэсащ. Къуажэдэсхэр ПащIэ Бэчмырзэ къызэрымыкIуэу дрогушхуэ, абы и фэеплъ музей дызэриIэм дыщогуфIыкI. КъищынэмыщIауэ, жылэм дэт курыт еджапIэ №1-м Бэчмырзэ и цIэр зэрехьэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ республикэм и щIыпIэ куэдым къикIыурэ хьэщIэ-хэр щIэх-щIэхыурэ къызэрытхуеблагъэр. Лъэпкъ, лIакъуэ къэс и щхьэр зыгъэлъэпIэн адыгэлIхэр къахэкIыну, апхуэдэхэм яхуэфащэ пщIэ ялъыдгъэсыну си гуапэщ, — захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
  • Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Псынокъуэ Тимур адэкIэ псалъэ иратащ.
  • — ЩIыналъэм и унафэщIым и цIэкIэ, сэ къызбгъэдэкIыу мы Iуэху дахэмкIэ музейм и лэжьакIуэхэм дынывохъуэхъу. Ди тхыдэр, хабзэр, Iэужьыр егугъуу зыхъумэр, зезыхьэр фэращ, Тхьэм фыхущIигъэхьэ, — жиIащ абы.
  • Унэ-музейм щIэлъ хьэпшыпхэр, дэфтэрхэр, сурэтхэр зэрызэхуахьэсам кIэщIу щыгъуазэ ящIащ къызэхуэсахэр.
  •  Музейр фIыуэ зылъагъухэм, абы и лэжьакIуэхэм яхуэгъэзауэ щытащ Налшык дэт Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс и псалъэр.
  • — Лъэпкъым и тхыдэр, и псэр зыхъумэр, ар щIэблэм пэжу ябгъэдэзылъхьэр музейхэрщ. Лъэпкъыр къызэтенэн папщIэ абы къалэн ин егъэзащIэ. ПащIэ Бэчмырзэ и тхыгъэхэр, и адыгэбзэ дахэр, абы къытхуигъэна Iэужьыр къыпхуэмылъытэну бейщ. Дывгъэхъумэ а дахагъэр! — жиIащ Накуэм.
  • Пшыхьым Бэчмырзэ и IэдакъэщIэкI къыхэхахэм къыщеджащ, усакIуэ цIэрыIуэм и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэм я гугъу ящIащ.
  • Щомахуэ  Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.