ГъэсакIуэ жыджэрхэр утыку къохьэ
2022-05-19
- Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI гъэсапIэхэм я IэщIагъэлIхэм я зэпеуэ. «Урысейм и гъэсакIуэ нэхъыфI-2022» мыгъэрей зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэхэр зэфIэкIащ. Мы махуэхэм Налшык щызэхашащ ди республикэм и районхэм, къалэхэм щыIэ сабий гъэсапIэхэм щекIуэкIа апхуэдэ зэпеуэхэм пашэ щыхъуахэр зыхэт зэпеуэ. ЩIыналъэпсо зэхыхьэм кърагъэблэгъащ гъэсакIуэ пажэ 13. Ахэр зэхьэзэхуэнущ ди республикэм нэхъыфIу къыщалъытэнымкIэ.
- Гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытыр наIуэ къэщIынымрэ я зэфIэкIым зегъэужьынымрэ хуэунэтIа зэхьэзэхуэ хьэлэмэтщ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» зэпеуэр. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахащ Iуэхугъуэр. Абы кърихьэлIа псоми псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ.
- — ЩIыналъэпсо зэпеуэм ухэтыныр, шэч хэмылъу, щIыхьрэ пщIэрэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Фэ фщыщ дэтхэнэри гъэсакIуэ нэхъыфIу фыкъыщалъытащ фыкъыздикIа щIыпIэхэм, къалэхэм. Фызыхэтыну зэпеуэри фи Iуэху зехьэкIэ дахэхэмкIэ, методикэ пэ-рытхэмрэ лэжьыгъэм къыщывгъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэрывгъэдэхэнури хьэкъщ, — къыхигъэщащ Емузым. — ЕхъулIэныгъэ, дэрэжэгъуэрэ гукъыжэджрэ къыфхуихьыну си гуапэщ зэпеуэм. Фи зэфIэкIхэм адэкIи зэрыхэвгъэхъуэн къаруущIэ къыфхрырелъхьэ абы. Фи цIэхэр къыхэнэнущ ди республикэм и гъэсэныгъэ IэнатIэм и тхыдэм.
- ЩIыналъэпсо зэхьэзэ-хуэм хэтщ ди республикэм и сабий сад куэдым я гъэ-сакIуэхэр. УнэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэпеуа лэжьакIуэ пашэхэм наIуэ къащIащ я Iуэху зехьэкIэр, гъэсэныгъэм нэхъыщхьэу къыщалъытэр яубзыхуащ, сабий гупым драгъэкIуэкI хабзэ дерс гъэщIэгъуэнхэм къэпщытакIуэхэр щыгъуазэ ящIащ. Псоми яфIэхьэлэмэтащ зэпеуэм хэт гъэсакIуэхэм гуп мыцIыхухэм драгъэкIуэкIыфа дерсхэр. ЦIыкIухэр къыдахьэхыу ягъэлэжьэн щхьэкIэ, гъэсакIуэхэм бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэр къагупсысу йокIуэкI зэпеуэр.
- «Си IэщIагъэмрэ ехъулIэныгъэм сыхуэзышэ си проектымрэ», «Сабийхэм лэжьыгъэ зэрадезгъэкIуэкI мардэхэр», «Мастер-классхэр», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи йокIуэкI зэпеуэр. Абы щытекIуахэр наIуэ къэхъунущ дызэрыт тхьэмахуэм и кIэхэм. Ди республикэм гъэсакIуэ нэхъыфIу къыщалъытэр хэтынущ зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу.
- КЪАРДЭН Маритэ.