Къафэм насыпыфIэ ещI
2022-05-19
- И гумрэ и псэмрэ къыдыхьэ Iуэху зыщIэ цIыхум абы гукъыдэжу къритым епсыхь. Ар нэрылъагъу къыпщызыщI цIыхухэм я гупсысэр щIэщыгъуэщ. Адыгэ къафэм ипсыхьащ «Кабардинка» академическэ къэфакIуэ гупым илъэс куэд хъуауэ хэт Сокъур Мадинэ. Москва къэрал техникэ институтыр къиуха щхьэкIэ, абы и IэщIагъэм ирилэжьакъым. Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, къафэм и дуней телъыджэм къыхэхута нэужь, абы гъащIэм хуиIэ еплъыкIэмрэ и мурадхэмрэ зыкъомкIэ захъуэжащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, къафэм хуиIэ лъагъуныгъэр хуэм-хуэмурэ зэтеувакъым, атIэ зэуэ дихьэха хъуащ.
- — СыщыцIыкIум сыкъафэу щытакъым, уеблэмэ сехъуапсэртэкъым сыкъэфэнуи. Балигъ сыхъуа нэужьщ сыщыдихьэхар, илъэс 17-м ситу. Си ныбжьэгъу хъыджэбзым къызжиIат «къафэхэм дахэгъэхьэ» жиIэри. Атэбий Игорь зи унафэщI «Кавказ» къэфакIуэ гуп зэрыщыIэр къатщIэ-ри, декIуэлIащ. 1995 гъэм а гупым сыхагъэхьащ. ИужькIэ, 1999 гъэм, «Кабардинка»-м сыкъыщыфэу щIэздзащ. Ди унагъуэм къэфакIуи, уэрэджыIакIуи, уеблэмэ щэнхабзэм ехьэлIа IэщIагъэ зиIэ къытхэттэкъым. Арагъэнт си адэ-анэм щIафIэмыфIыр сыкъэфэну. Ауэ сэ сыдихьэхыщати, схухыфIэдзакъым. Сэ къафэм насыпыфIэ сещI, — жеIэ Мадинэ.
- Мадинэ и лэжьыгъэр фIыуэ щIилъагъу щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ансамблыр гуапэу зэрызэхэтыр. ИкIи, зэрыжиIэмкIэ, ар нэхъыбэу зи фIыщIэр ансамблым и унафэщI Атэбий Игорщ. Гупыр куэдрэ гъуэгу зэдытехьащ, зэсащ, зы унагъуэ дахэ хуэдэу зэхэтщ. Ансамблым и ежьэгъуэ къэс дерс, гукъэкIыж, чэнджэщ, зэ-фIэкI гуэрхэр кърокIуэ.
- — Япэ дыдэу «Кабардинка»-м сыхэту сыздэкIуар Сингапурыращ. ИужькIэ Германиер, Америкэр къыкIэлъыкIуащ, Алжири дыщыIащ. Дигу хэхъуэу дыхэтауэ щытащ 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа ЩIымахуэ Олимп джэгухэм хуагъэхьэзыра щэнхабзэ Iуэхухэм. ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм дызэрыщыхьэщIэм къищынэмыщIа, гуп цIэрыIуэхэм дадолажьэ.Театр иным, Годенкэ и ансамблым я гъусэу концерт куэдрэ дыхэтащ, — жеIэ къэфакIуэм.
- Къыддэгуэшащ я ежьэгъуэ гуэрым кърикIуа зы хъыбаркIи:
- — Концерт щыттым деж фащэхэр щIэх-щIэхыурэ зэтхъуэкIын хуей мэхъу. Моск- ва дыщыIэу зы гъэщIэгъуэн къытщы- щIат. Ди фащэр зэтхъуэкIын хуей мэхъури, зы пщащэм ейр дгъуэтыжыркъым. НэгъуэщIым ейр ерагъыу худогъэхъури, утыкум дохьэ сытми… Дэ тIэкIу дыкъэфа нэужь, ди солисткэр утыкум къохьэ зы гъэщIэгъуэн гуэру и фащэр зэпилъхьауэ. Абдеж дыкъэуIэбжьынтэкъэ?! Ди гъусэ хъыджэбзым щыттIэгъар солисткэм и фащэрат. Куэдрэ жыдоIэжри дродыхьэшхыж а щIэщхъум.
- Адыгэ къафэм и хабзэхэр апхуэдизкIэ зэгъэкIуащи, цIыхум и Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым ипсыхьыр, атIэ и гупсыси, и зыIыгъыкIи, уеблэмэ и псэлъэкIэми зрегъэхъуэжыф.
- — Укъыщыфэм деж уи псэр хьэуа къабзэм щыхуарзэ хуэдэщ, дамэ къыптокIэ. Сытым дежи уи щхьэр лъагэу уегъэIыгъ къафэм. Утыкум ущитым, къалэ уэрам-хэм ущрикIуэм деж адрей цIыхухэм зыгуэркIэ уакъыхэщхьэхукIыу къыпщохъу. Къафэм игъэзащIэу къыщIэкIынущ уигъэгушхуэн къалэнри, — жеIэ ди псэлъэгъум.
- Къафэм апхуэдизу зи гур ета бзылъхугъэм и жагъуэ мэхъу абы и хабзэхэр утыкум нэсу щыщамыгъэзащIэм деж.
- — Иджыпсту куэдрэ урохьэлIэ адыгэ къафэм къемызэгъыу защIу щIалэгъуалэр щIыкIейуэ утыкум къыщихьэ. Апхуэдэхэр емыкIу дощI. Ауэ нэгъуэщI зы лъэныкъуи иIэщ Iуэхум: гуфIэгъуэ джэгу екIуэкIыу къафэр зи IэщIагъэхэр утыку къихьа нэужь, адрейхэр къэфэну тегушхуэжыркъым. Ари сфIэтэмэмкъым, — жеIэ.
- Адыгэ къафэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ утыку укъызэрихьэ фащэр. Къафэм и хьэлымрэ фащэм и теплъэмрэ зэрызэхуэкIуэм куэд елъытащ. Сокъур Мадинэ игу ирохь ХьэцIыкIу Мадинэ, Хъурей Жаннэ сымэ ансамблым хуад фащэхэр.
- Гугъуэт Заремэ.