Лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI
2022-05-17
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Налшык къалэ и уэрам нэхъыщхьэхэм къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэм зэрыщыпащэр къипщытащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- Илъэгъуахэм лIыщхьэр щытетхыхьыжащ Телеграмм-каналым щиIэ езым и напэкIуэцIым.
- «Лениным и проспектым лъэс зекIуапIэхэм я лъабжьэр гъэбыдэнымрэ абы тралъхьэн хуей плиткэхэр къешэлIэнымрэ хуэгъэза Iуэхухэр и кIэм нэблэгъащ. Мы зэманым абдежым щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI зи гугъу тщIы лъэс зекIуапIэхэр зыхуэдгъэувыжа мардэм игъэзэгъэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Къыхэдгъэщынщи, Лениным и проспектым иIэ лъэс зекIуапIэхэм метр зэбгъузэнатIэу мин 45-м плиткэ щралъхьэнущ. АтIэми, Налшык къалэ Лениным, Кулиевым, ЩоджэнцIыкIум я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэм лъэс зекIуапIэу иIэхэм, псори зэхэту, метр зэбгъузэнатIэу мин 73-м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэ плиткэхэр щагъэтIылъы-нущ.
- КъинэмыщIауэ, «Уафэ къабзэ» зи фIэщыгъэ программэм ипкъ иткIэ, зи цIэ къитIуа проспектищми ток зрикIуэ кIапсэхэр щIы щIагъкIэ утIыпща зэрыхъунум хуэгъэза лэжьыгъэри мы зэманым йокIуэкI. Езы уэздыгъэхэри иджырей мардэм къитIасэхэмкIэ щызэрахъуэкIынущ. А Iуэхум, шэч хэмылъу, къалэм и теплъэр игъэбжьыфIэнущ», — щыжеIэ КъБР-м и Iэтащхьэм зи гугъу тщIа и напэкIуэцIым къыщытридза и тхыгъэм.
- КIуэкIуэ Казбек зэригъэбелджыламкIэ, ЩоджэнцIыкIум и проспектым псы кIуапIэрэ IушыпIэу щIы щIагъым щIэлъа бжьамийхэм я нэхъыбэр мы зэманым ирихьэлIэу щIэхэмкIэ зэрахъуэкIащ, автомобиль гъуэгур, япэ телъхьэгъуэу, асфальт-бетон «уэншэкущIэкIэ» щIахъумащ, Кулиевым и проспектым и лъабжьэкIэ щыIэ псы кIуапIэхэм я зэхъуэкIынри и кIэм нагъэсащ.