Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ
2022-05-19
- «Москва къалэм лъэпкъхэмкIэ и унэ» къэрал бюджет IуэхущIапIэмрэ (ГБУ «МДН») ТIажь Альбинэ и фондымрэ (ФАТ) илъэс зыбжанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» зыфIаща дунейпсо арт-проектыр. Абы и епщIанэ зэхыхьэм хиубыдэу, проектым и цIэджэгъуу зэхаша фестиваль-зэхьэзэхуэм къыщыхахащ нарт эпо-сым ехьэлIауэ сабийхэм ящIа сурэт нэхъыфIхэр.
- Нарт хъыбархэр, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я лIыхъужьхэм теухуа IуэрыIуатэр зэман зэхуэмыдэхэм ятхыжащ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. Псалъэм папщIэ, абхъазыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ (адыгеибзэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ), осетиныбзэкIэ, къэрэшей-балъкъэрыбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Абыхэм ящыщу адыгэхэмрэ къэрэшей-балъкъэрхэмрэ я хъыбархэращ «Сокровище нартов» зыфIаща тхылъищым я лъабжьэр. Ахэр зэридзэкIауэ, итхыжауэ, сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэнын хуэдэу игъэхьэзырауэ щытащ Кузьмин Валентин. Лъэпкъыбзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къэIуэтами, нарт хъыбархэр зырешалIэ лIыхъужьыгъэм, хахуагъэм, хэкум хуаIэ лъагъуныгъэм, псэкупсэ къулеигъэм зэрытеухуам.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу сабийхэм яхуэгъэза тхылъ щхьэхуэ-щхьэхуэщ мыхэр, дэтхэнэми щIыналъэм щыщ цIыкIухэм я сурэт нэхъыфIхэр, фестиваль-зэхьэзэхуэм къыщыхахахэр иту. Нарт хъыбархэр зи лъабжьэ тхылъхэм КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч мыбы теухуа и IэдакъэщIэкIхэми щахухэхащ напэкIуэцIхэр.
- Къыхэдгъэщынщи, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым 2012 гъэм къыхуагъэфэщащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и саугъэтыр. А фIэщыгъэм щIэт тхылъхэр хагъэхьащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм школакIуэхэр программэм щымыщу зэджэ хъуну къыхигъэщхьэхукIа, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм теухуа тхылъи 100-м.
- ИСТЭПАН Залинэ.