ЩытыкIэр ирагъэфIэкIуэну къыхуреджэ
2022-05-17
- КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Зи тхьэкIумэхэм зэхэзымыххэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВОГ) и унафэщI Иванов Станислав. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ ВОГ-м и къудамэу республикэм щыIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ зи тхьэкIумэхэм зэхэзымыххэр зыIууэ гугъуехьхэм, а унэтIыныгъэмкIэ лэжьыгъэр зэрырагъэфIэкIуэн хэкIыпIэхэр яубзыхуащ. Я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Асанов Алим, ВОГ-м Краснодар, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэхэм я унафэщIхэу Джерештиев Эдуардрэ Ахэмын Муратрэ, зэхэзымыххэм я тэрмэш КIузэмыщ Нинэ сымэ.
- Псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, мы зэманым я тхьэкIумэхэм сэкъат зэхуэмыдэхэр яIэу республикэм и диспансерым къыщыхатхыкIащ балигъыу 598-рэ, сабийуэ 539-рэ. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэхэм къабгъэдэкIыу апхуэдэ цIыхухэм яхуэгъэза къэрал Iуэхутхьэбзэ псори абыхэм хуащIэ. ТхьэкIумэм зэрызэхимыхыр нэхъ пасэу къэхутэным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. 2021 гъэм а Iуэхум къызэщIрагъэубыдащ цIыху мини 3-м щIигъу, абы щыщу 622-р сабийщ, кохлеарнэ имплантацэ хурагъэщIыну сымаджэ 16 федеральнэ клиникэхэм ягъэкIуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ сабий сымаджэхэм папщIэ школ-интернат, цIыкIу 68-рэ щеджэу. Абыхэм ядолажьэ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэхэр, дефектолог, сурдолог IэщIагъэлIхэр. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу IуэхущIапIэм къыхуащэхуащ сом мелуани 7-м щIигъу и уасэ Iэмэпсымэ хэха.
- Зи узыншагъэм къимыхь цIыкIухэм папщIэ щыIэ спорт школым зи тхьэкIумэхэм тэмэму зэхэзымых сабий 15-м зыщагъасэ. Абыхэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр къагъэлъагъуэ. Апхуэдэу, 2020 гъэм зи тхьэкIумэм сэкъат иIэ спортсменхэм я деж бэнэкIэ хуитымкIэ Урысей чемпионатым текIуэныгъэр къыщихьащ Токманов Азэмэт. 2021 гъэм тхэквондомкIэ дунейпсо чемпионатым бжьыпэр щиубыдащ Сатушы Мадинэ, а зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалыр къихьащ Жылэ Татьянэ.
- Зи тхьэкIумэхэм тэмэму зэхэзымыххэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, апхуэдэуи ахэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщын Iуэхуми мыхьэнэшхуэ ират. Иужьрей илъэсищым школыр къэзыуха ныбжьыщIэ 24-рэ курыт IэщIагъэ къозыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм щIэтIысхьащ. Абы и лъэныкъуэкIэ ВОГ-м и щIыналъэ къудамэмрэ КъБКъУ-мрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ зэдолажьэ. ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къыщызэрагъэпэщ центрри лэжьыгъэ къахуэгъуэтынымкIэ, езыхэм я щхьэ Iуэху къызэрагъэпэщыжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуохъу.
- ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ дэгухэм я тэрмэшхэр гъэхьэзырыным, зи узыншагъэм къимыхьхэр хэту социально-щэнхабзэ, физкультурэ-спорт, зыплъыхьакIуэ зэIущIэхэр нэхъыбэу зэхэшэн зэрыхуейм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- КIуэкIуэ Казбек Зи тхьэкIумэхэм зэхэзымыххэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ цIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш ящыщIыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIым папщIэ. Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ Iуэхухэр нэхъ щIагъэхуэбжьэну, зэIущIэм къыщаIэта упщIэхэр зэпкърахыу абы и хэкIыпIэхэр къагъэлъэгъуэну.