ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыху зэпIэзэрытт, унафэщI Iэзэт

2022-05-17

  • СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къащтащ. Ар хуагъэфэщащ промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм, транспортым, сатум, щIэныгъэ-техникэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къэзыгупсысхэм, Совет къэралыгъуэм и пащхьэм фIыщIэ ин къыщызыхьахэм, СССР-м и щIыхьымрэ и лъэщагъымрэ хэзыгъэхъуахэм.

  • А цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэм Ахъуэхъу Анатолэ Хьэжмусэ и къуэр ящыщщ, 1960 гъэ лъандэрэ телемеханикэ аппаратурэ къыщIэзыгъэкIыу Налшык къалэ дэта заводым, иужьым «Телемеханика» ПАО акционер жылагъуэ зыфIащауэ нобэр къыздэсми лажьэм и унафэщIу щытар. Ахъуэхъур промышленнэ IуэхущIапIэ зэтеухуэным хуэIэзэу къекIуэкIа къызэгъэпэщакIуэт, РСФСР-м машинэ зэпкърызылъхьэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэт, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьт.
  • Ахъуэхъу Анатолэ 1929 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м Налшык къалэ къыщалъхуащ.
  • Киев къалэм дэт политехникэ институтым щIэтIысхьэн и пэ къихуэу, ар щылэжьащ Балтие флотым и дзэ кхъухьхэм къулыкъухэр ирахьэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн хъу и къудамэм и кхъуафэзехуэу. Киев а зэманым дэта механикэ заводым слесарь-зэпкърылъхьакIуэу щыIащ. «Бгылъэ щIыпIэхэм щылэжьэфыну электромеханик» IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, 1958 гъэм къыщыщIэдзауэ «Молибден» къыщIэхыпIэм инженеру, иужькIэ а IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ, Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым и обогатительнэ фабрикэм и механик нэхъыщхьэу щытащ. 1963 — 1964 гъэхэм пэрытащ вольт лъахъшэм ирилажьэ Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкIыу Тырныауз къалэ дэта заводым и унафэщI къулыкъум.
  • 1964 гъэм Ахъуэхъу Анатолэ ягъэуващ телемеханикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкIыу Налшык дэта заводым и унафэщIу, 1976 гъэм ар и пашэ хъуащ заводыр и лъабжьэу къызэрагъэпэща «Телемеханика» производственнэ зэгухьэныгъэм. А лъэхъэнэрщ нэхъри нэхъ IупщIыжу наIуэ щыхъуар абы унафэщI IэкIуэлъакIуэм хэлъын хуей зэчий лъагэ зэрыбгъэдэлъыр, цIыху куэд дыдэ зэрызэщIигъэуIуэфыр икIи ахэр къапэщыт къалэнхэр гъэзэщIэным зэрыхуиунэтIыфыр.
  • Пщэрылъ къыщащIа сыт хуэдэ Iуэхуми зэпэшэчауэ зэрыбгъэдыхьэм, псэ къабзэу зэрыщытым, лэжьыгъэ щIидзар и кIэм зэрынигъэсым, цIыхухэм гулъытэ зэрахуищIым я фIыгъэкIэ Анатолэ хузэфIэкIащ дунейпсо мардэхэм изагъэ, иджырей телемеханикэ Iэмэпсымэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ ин ди республикэм къыщызэригъэпэщу, абы и лэжьыгъэри зэтриухуэн. Зи унафэщI «Телемеханика» ПО-р къыхуагъэува къалэнхэм хъарзынэу зэрыпэлъэщым папщIэ, къыхуагъэфэщауэ щытащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр.
  • 1986 гъэм къыщыщIэдзауэ 1995 гъэ пщIондэ Ахъуэхъу Анатолэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Севкавэлектронмаш» ПО-м, СССР-м и гъуэгухэм къыщагъэсэбэп техникэ Iэмэпсымэхэр зэпкърылъхьэнымрэ къыщIэгъэкIынымкIэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэу а зэманым щытам и генеральнэ директору. Илъэс куэдкIэ ар щытащ СССР-м Приборхэр къыщIэгъэкIынымкIэ и министерствэм телемеханикэ IэмэпсымэхэмкIэ и конструктор нэхъыщхьэу, 2002 гъэм къыщыщIэдзауэ «Севкавэлектронмаш»-м и щIэныгъэ-техникэ центрым и унафэщIу.
  • Ахъуэхъу Анатолэ жылагъуэ гъащIэми жыджэру хэтащ. Ар хахащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэхуэсыгъуитIым я депутату, «Урысейм и лэжьыгъэ щIыхьыр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIуи щытащ.
  • 1986 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м Ахъуэхъу Анатолэ къыфIащащ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр. Абы къратащ орденхэу Ленинымрэ Октябрь революцэмрэ я цIэкIэ щыIэхэр, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденыр тIэунейрэ, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр, апхуэдэуи къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, медалхэмрэ IэнатIэхэм я дамыгъэ лъапIэу куэд дыдэ.
  • Ахъуэхъу Анатолэ Хьэжмусэ и къуэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ щыпкъэр, лэжьакIуэшхуэр, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу дунейм тетар и ныбжьыр илъэс 90-м иту 2019 гъэм щIышылэм и 9-м дунейм ехыжащ.
  • АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.