Зи гъащIэр купщIафIэ
2022-05-17
- ПщIэрэ щIыхьрэ зиIэ нэхъыжьыфI ЦIыпIынэ Амырхъан ТIалэ и къуэм нобэ егъэлъапIэ илъэс 80 ныбжь дахэр. Ар 1942 гъэм накъыгъэм и 17-м Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэр зэи илъэгъуакъым, «зауэм и бынхэр» жыхуаIэхэм ящыщщ.
- Амырхъан гугъуехьхэм къызэфIамыгъащIэу гъащIэм лъэ быдэкIэ щыуващ, IэщIагъэкIи, лэжьыгъэкIи, цIыху хэтыкIэкIи пэрыту гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ. Нобэми ар куэдым я чэнджэщэгъущ, ущиякIуэщ, щапхъэ зытрах нэхъыжьыфIщ. Ар жыджэрщ, и гум щигъафIэр Iэрылъ щыхъуным пэлъэщу гъащIэм и курыкупсэм хэтщ.
- Сыт щыгъуи жыжьаплъэ
- КъБКъУ-м и мэкъумэш и факультетыр къиухащ. ЩIэныгъэлI агроном дипломыр зыIэрыхьа щIалэ жаныр комсомол, парт секретару щытащ. Шордакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу лэжьащ ар.
- ЦIыпIынэ Амырхъан «Iуащхьэмахуэ» колхозым (Шордакъ) къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр щрихьэкIащ, илъэс 12-кIэ (1985 — 1997 гъэхэм) абы и унафэщIу щытащ. Колхозым и зыужьыныгъэмрэ зэфIэкIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дэнэ щIыпIи щыщапхъэт. Амырхъан къигъэсэбэпырт лэжьыгъэм и унэтIыныгъэщIэхэр, къызэгъэпэщакIуэ нэст, ипэкIэ зэрыкIуэным хуэпабгъэ унафэщIти, сыт хуэдэ гугъуехьхэми зи къарур пэлъэщырт и гуп зэкъуэтри. Ар «Ленин гъуэгу» газетми къатхэрт, и лэжьакIуэ пэрытхэр игъэгушхуэн, ахэр щапхъэу игъэлъэгъуэн папщIэ.
- Амырхъан игу къызэригъэкIыжщи, колхоз унафэщI къулыкъум щыпэрыта лъэхъэнэр хиубыдат ди къэралышхуэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм, жылагъуэ гъащIэм и унэтIыныгъэ псоми лъэIэсам. Социально-экономикэ щытыкIэ гугъум ухэзэгъэныр тынштэкъым. Зэман дэкIри, республикэм щIыуэпс гъэтIылъыгъэхэмкIэ и министрым и унафэкIэ ЦIыпIынэ Амырхъан Дзэлыкъуэ районым щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI къулыкъум пэрыуващ. Сыт щыгъуи хуэдэу, а лэжьыгъэри игурэ и псэрэ етауэ, пщIэ къыхуащIу ирихьэкIащ.
- ЦIыпIынэ Амырхъан и лэжьыгъэр, республикэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр гулъытэншэу къэнакъым. Абы щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ, мэкъумэш IэнатIэр егъэфIэкIуэным, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным и гуащIэ зэрыхэлъым папщIэ. Апхуэдэщ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, Амырхъан 1968 гъэм къратар. 1970 гъэм и мэлыжьыхьым къыхуагъэфэщащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыбгъэдэкI «За доблестный труд в ознаменование 100-летия со дня рождения Владимира Ильича Ленина» медалыр.
- Унагъуэ дахэ
- ЦIыпIынэхэ Амырхъанрэ Зоерэ насыпыр щытепщэ унагъуэ дахэщ. ЗэдапIащ къуитIрэ пхъуитIрэ. Зэщхьэгъусэхэм я бынхэр гъащIэм лъэ быдэкIэ щыувын папщIэ яхузэфIэкI къагъэнакъым. Дэтхэнэми щIэныгъэ, IэщIагъэ, лэжьыгъэ яIэщ, адыгагъэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ унагъуэ дахэхэщ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм я нэхъыжь ФатIимэрэ абы и щхьэгъусэ Мыд Аскэррэ къуищ яIэщ: Азэмэт, Амир, Айдамир. Зэкъуэшхэм я нэхъыжь Арсенрэ и щхьэгъусэ, Жанджэрийхэ япхъу Эммэрэ сабииплI зэдапIащ: зэтIолъхуэныкъуэ Алинэрэ Элинэрэ, адэшхуэм и цIэр зыфIаща я къуэ Амырхъан, нэхъыщIэ Аделинэ. Резуанрэ и щхьэгъусэ, Къущхьэхэ япхъу Оксанэрэ бынищ яIэщ – Астемыр, Альберт, Рианнэ. Бынхэм я нэхъыщIэ Мадинэ Къамбийхэ я нысэщ. И щхьэгъусэ Русланрэ абырэ щIалищ зэдапI: Хьэмид, Арсен, Аслъэн.
- Амырхъан и тхылъхэр
- ЦIыпIынэ Амырхъан «На своей земле» и япэ тхылъыр дунейм къытехьащ 2013 гъэм. Авторым зэрыжиIэщи, ар хуигъэпсащ сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщу зыпIа, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэзыгъэува и анэ Дуар (ЦIыпIынэ) Мыжэтэ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зэфIиха лэжьыгъэшхуэм папщIэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ «За доблестный труд в Великой Отечественной войне 1941-1945 гг.» медалыр. Ар ящыщщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм хъуэхъу тхылъхэр зыхуигъэхьа ветеранхэм.
- Архив дэфтэрхэр къигъэсэбэпу къыдигъэкIа, и гукъэкIыжхэр щызэхуэхьэса тхылъым щытопсэлъыхь къыщыхъуа и лъахэм, и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, и унагъуэм, къикIуа гъуэгуанэм, зыдэлэжьа, щапхъэ къыхуэхъуа куэдым. Абдежым къыщыувыIакъым Амырхъан, абы къыкIэлъыкIуащ тхылъ зыбжанэ. 2016 гъэм дунейм къытехьащ «Доброе имя, высокая честь» Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дзэлыкъуэ районымрэ я унафэщI лэжьакIуэхэм ятеухуар; колхозым къыщыдэлэжьахэм я гугъу щищI «Земля родная, сердцу дорогая» фIэщыгъэр зиIэр. 2017 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ «Прожито, пережито» тхылъыр. Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым хэт ЦIыпIынэ Амырхъан абдежми къыщыувыIакъым, абы усэхэм зритащ икIи 2018 гъэм адыгэбзэкIэ къыдигъэкIащ «Гупсысэхэр» тхылъыр. АдэкIэ къыкIэлъыкIуащ «Ди гугъапIэхэр» зыфIищар. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIа а тхылъхэм иджыри къыхэхъуэнущ Амырхъан нобэкIэ зэлэжьыр.
- НэхъыжьыфIым, адэм, адэшхуэм и махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу. И жьэгур уардэунэу, гукъыдэжыр и бэу, и щхьэгъусэ Зое къыкъуэту гъащIэм и IэфIыгъэ псори зыхищIэну, и къарурэ зэфIэкIрэ мыкIуэщIу, и бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ я ехъулIэныгъэм, насыпым и лъэр щIагъэкIыу иджыри куэдрэ псэуну ди гуапэщ.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.