ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкурысхэм  къабгъэдэкI гуапагъэ

2022-05-17

  • Дызэрыщыгъуазэщи, ди республикэм мы зэманым щыIэщ Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ ныбжьыщIэхэр. Абыхэм зыщагъэпсэху, я узыншагъэм щыкIэлъопъ «Лэгъупыкъу» центрым. Ди щIыналъэм и цIыхухэр а сабийхэм гулъытэрэ гуапагъэкIэ яхуоупсэ.

  • КъБР-м и Парламентым и депутатхэр мызэ-мытIэу хьэщIапIэ яхуэкIуащ До-нецк къикIа сабийхэм, ерыскъы IэфIхэмкIэ, зэрыджэгу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ яхуэгуапэу. Депутатхэм къыхалъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, ди деж щыхьэщIэхэр мы махуэхэм щыIащ ди республикэм и мызакъуэу, Урысей Федерацэ псом и еджапIэ нэхъыфIхэм, пэрытхэм халъытэ «ДыгъафIэ къалэм». ТворчествэмкIэ сабий академием щекIуэкI лэжьыгъэхэм, къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм, щылажьэ гупжьейхэм ящыщ куэдым щыгъуазэ зыхуащIыну, кIэлъыплъыну Iэмал яIащ ныбжьыщIэхэм. Зи нэгу зезыгъэужьа а гупым я гъусащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и пашэ Емуз Нинэ, КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир.
  • ХьэщIэ лъапIэхэм гуапэу къаIущIащ «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщI Iэрыпщ Мурат. Абы къахуэкIуахэр щыгъуазэ хуищIащ 2015 гъэ лъандэрэ лажьэ ТворчествэмкIэ сабий академием щызэфIах лэжьыгъэхэм, зыщызыужь унэтIыныгъэхэм, къыщызэIуах IэнатIэщIэхэм. Мурат зэрыжиIамкIэ, академием и лицейм мы зэманым щоджэ ныбжьыщIэ 260-м нэс. Абы къепхауэ лажьэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт центрым йокIуалIэ сабий мини 5-м нэс. «ДыгъафIэ къалэм» и къудамэхэр къыщызэIуахащ Тэрч, Май къалэхэм. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ академием и нэIэм щIэту ди щIыналъэм лэжьэн щыщIидзащ «Антарес» егъэджэныгъэ центрым. Скорпион вагъуэбэм хэт вагъуэхэм я нэхъ нур дыдэм и цIэр зыфIаща IуэхущIапIэр Налшык и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэм къыщызэIуахащ. «ЩIэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи сабийхэм зыщрагъэужь «Антарес»-м зы илъэсым къриубыдэу ныбжьыщIэ 500-м щадолажьэ. Донецк къикIа ныбжьыщIэхэм яфIэхьэлэмэтащ апхуэдэ егъэджэныгъэ центру ди къэралым итыр пщIы къудей фIэкIа зэрымыхъур, ди республикэм щылажьэри яхэту.
  • Академием и унафэщIым жиIахэм къыпащащ абы и гъэсэн ныбжьыщIэхэм. Ахэри еджапIэм и лэжьыгъэм хэлъ хьэлэмэт куэдым яхутепсэлъыхьащ хьэщIэхэм, зыщеджэ пэшхэм, къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI лабораторэхэм зыщрагъэплъыхьащ.
  • — Ди республикэм ущыхьэщIауэ, абы и цIыхухэм уахуэмызэныр, ди щIыналъэр зэрыгушхуэ «ДыгъафIэ къалэм» ущымыIэныр къезэгъыртэкъым, дауи, — жиIащ ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм Егоровэ Татьянэ. — Си фIэщ мэхъу фи нэкIэ иджыпсту флъагъу Iуэхугъуэхэм я нэхъыбапIэм фэри фызэрыдихьэхынур. Апхуэдэ ныбжьым фитщ фэ: флъагъу хьэлэмэт псори гурэ псэкIэ зыхывощIэ, фи зэхэщIыкIымрэ Iуэху еплъыкIэмрэ зрагъэужьу.
  • Егоровэм зэрыжиIам хуэдабзэу, ялъагъу псори яфIэгъэщIэгъуэнрэ упщIэхэр я куэду ныбжьыщIэхэм зыщаплъыхьащ «Кванториум» IэнатIэм къепхауэ лажьэ лабораторэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Технологие лъагэр зи лъабжьэу абыхэм щIэт Iэмэпсымэхэм я зэфIэкIхэм, макъамэ пэшым, уэрэдымкIэ, гъуазджэмкIэ, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ аудиториехэм щекIуэкI дерсхэм щIэсащ хьэщIэхэр. Апхуэдэу сабийхэр кIэлъыплъащ академием и гъэсэнхэм мэкъумэшым-кIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ, робототехникэмкIэ, хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ лабораторэхэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэм. «Кванториум» технопаркым и егъэджакIуэ Тубай Залинэ и нэIэ щIэту хьэщIэ цIыкIухэри хэтащ а къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм.
  • КъинэмыщIауэ, ирагъэблэгъахэм зыщаплъыхьащ нэгъуэщI жылэхэм къикIыу еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэр щыпсэу къудамэм. ИужькIэ балигъхэри сабийхэри зэгъусэу спорт пэшышхуэм кIуащ икIи абы стIолыщхьэ теннис щыджэгуащ. ИтIанэ хьэщIэхэр ирагъэтIысылIащ къыхуащта ерыскъы Iэнэм.
  • Нэгузегъэужь Iуэхум и кIэухыу ныбжьыщIэхэм уэгум ягъэлъэтащ «ДыгъафIэ къалэм» и гъэсэнхэм яухуа IэрыщI ракетэ цIыкIур. Абы хэта ныбжьыщIэ псоми Егоровэр ехъуэхъуащ узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну икIи жиIащ «ДыгъафIэ къалэм» лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIымкIэ республикэр зэрыгушхуэр, абы и гъэсэнхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэми зэрырипагэр.
  • Донецк къикIа сабийхэм апхуэдэу купщIафIэу, хьэлэмэту махуэр щагъэкIуащ академием. Ди щIыналъэм щыпсэу балигъхэри сабийхэри дапщэщи хущIокъу я гуапагъэр ди республикэм и хьэщIэхэм лъагъэIэсыну. А махуэри апхуэдэ хьэлым щыхьэт техъуащ.
  • ТАМБИЙ Линэ.