ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХъуэкIуэным пхиша  лъагъуэр хэгъуащэркъым

2022-05-17

  • Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ИнформатизацэмкIэ дунейпсо академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, ЩIэныгъэхэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академикыу, КъБКъУ-м и профессору щыта ХъуэкIуэн Хьэзрэталий Беслъэн и къуэр ди республикэр, къэралыр зэрыгушхуэ еджагъэшхуэхэм ящыщщ. Абы бгъэдэлъа щIэныгъэ куумрэ зэфIэкI лъагэхэмрэ къыхуахьа щIыхьыцIэхэм хохьэ ар Ипщэ федеральнэ университетым щIыхь зиIэ и профессору зэрыщытари, РАН-м ТеплофизикэмкIэ и лъэпкъ комитетым и бюром зэрыхагъэхьари, физикхэм я Налшык школ цIэрыIуэм и пашэу зэрылэжьари, нэгъуэщIхэри. ЩIэныгъэлI щыпкъэм, лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэм ящыщар къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.

  • ХъуэкIуэн Хьэзрэталий Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Дзэлыкъуэдэс къуажэм 1932 гъэм накъыгъэм и 18-м къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр хиубыдащ зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэхэм. ГъащIэм къыпигъэтIылъ лъэпощхьэпохэм емылъытауэ, Хьэзрэталий къэхъуащ къэзыухъуреихь дунейр фIэхьэлэмэту. Школым щыщIэса илъэсхэм ар и ныбжьэгъухэм къахэщырт бгъэдэлъ акъыл жанымкIэ, гурыхуагъымкIэ, щIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэмкIэ. Илъэсибл школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ХъуэкIуэным еджэным щыпищащ Дзэлыкъуэ къуажэм дэт курыт школым. Ар дыщэ медалкIэ къэзыуха щIалэщIэм и щIэныгъэм хигъэхъуэну мурад ищIащ фIыуэ илъэгъуа унэтIыныгъэхэмкIэ — физикэмрэ математикэмкIэ. А гуращэр и гъуэгугъэлъагъуэу Хьэзрэталий 1950 гъэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым и физико-математикэ къудамэм. Абы экзамен къеIызыхауэ щыта профессор цIэрыIуэ Задумкин Сергей иужькIэ куэдрэ игу къигъэкIыжу щытащ къуажэ пхыдзам щапIа, щеджа адыгэ щIалэщIэм бгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэхэщIыкIымрэ. ХъуэкIуэныр халъытауэ щытащ а илъэсым пединститутым къащта студент нэхъыфI дыдэхэм.
  • Студент илъэсхэри, зэрихабзэу, купщIафIэу ирихьэкIащ Хьэзрэталий. ФIы дыдэу зэреджэм къыдэкIуэу, ар жыджэру хэтт институтым щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Апхуэдэуи хуабжьу дихьэхырт физикэмрэ математикэмрэ ехьэлIа къэхутэныгъэхэм. 1954 гъэм ХъуэкIуэным ехъулIэныгъэкIэ къиухащ еджапIэ нэхъыщхьэр. И егъэджакIуэхэм я чэнджэщкIэ а илъэс дыдэм щIалэщIэр щIэтIысхьащ институтым и аспирантурэм, физикэмкIэ кафедрэми лэжьэн щыщIидзащ. Апхуэдэу ХъуэкIуэныр теуващ щIэныгъэм и лъагъуэм, ехъулIэныгъэ куэдкIэ гъэнщIа гъуэгу бгъуфIэ иужькIэ хуэхъуам.
  • 1959 гъэм ирихьэлIэу Хьэзрэталий аспирантурэри къиухакIэт, и япэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэри зэфIигъэкIат. Ар пхигъэкIа нэужь, IэщIагъэлIым къыфIащащ «физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат» цIэр. Къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ щIэныгъэцIэ Совет Союзым щызезыхьэхэм ящыщу нэхъ щIалэ дыдэр Хьэзрэталийт: илъэс 27-м иту физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат иджыри зыри хъуатэкъым. ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэм теухуа хъыбарыр дэнэкIи щызэбгрыкIат. Хьэзрэталий бгъэдэлъ щIэныгъэ куум, зэфIэкIхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэ къытехуат «Комсомольская правда» газетым. Адыгэ щIалэ цIэрыIуэм и гъащIэмрэ здынэса лъагапIэхэмрэ епха нэтынхэр къатырт Союзпсо радиомкIэ. Апхуэдэ гулъытэ лъагэр хуэфащэ дыдэт зи гъащIэ псор щIэныгъэм тезыухуа адыгэ щIалэм.
  • АдэкIи пэрыт защIэу екIуэкIащ ХъуэкIуэным и илъэсхэр. Пединститутыр и лъабжьэу 1957 гъэм Налшык Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет къыщызэIуаха нэужь, ар ящыщащ абы япэу увахэм. А илъэсым щыщIидзэри, 1960 гъэ пщIондэ Хьэзрэталий щытащ университетым физикэмкIэ и кафедрэм и ассистенту, иужькIэ егъэджакIуэ нэхъыжьу. 1960 — 1967 гъэхэм ар физико-математикэ факультетым и декану щытащ. Доцент цIэр ХъуэкIуэным къыфIащащ 1965 гъэм, къыкIэлъыкIуэ илъэсым къыщыщIэдзауэ ар и унафэщIщ физикэмкIэ къэхутэныгъэщIэхэр щрагъэкIуэкI кафедрэм, иужькIэ, 1981 — 2006 гъэхэм, КъБКъУ-м пкъыгъуэ быдэхэм я физикэмкIэ и кафедрэм и пашэщ.
  • Зыпэрыт къулыкъухэм япыщIа лэжьыгъэхэм къадэкIуэу ХъуэкIуэным иригъэкIуэкIырт сыт щыгъуи дэзыхьэх къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. 1975 гъэм абы утыку кърихьащ щIэныгъэ дунейм щIэупщIэш-хуэ щызиIа и доктор диссертацэр. Ари ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ ХъуэкIуэным икIи физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор хъуащ.
  • ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэр шэщIауэ къыщагъэсэбэпырт зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм хуэлажьэ промышленнос-тым. Къэралым и лъэщагъым, экономикэм, промышленностым заужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд и къалэмыпэм къыпыкIащ Хьэзрэталий. Псори зэхэту абы къыдигъэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 400-м нэс. Абыхэм яхэтщ патент зыхуагъэфэща къэхутэныгъэ 30-м щIигъу, монографие зыбжанэ, зэреджэ тхылъу 25-рэ, нэгъуэщIхэри. ЩIэныгъэлI щыпкъэм и нэIэм щIэту ягъэхьэзыращ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физикэ щIэныгъэм зыщегъэужьы-ным теухуа концепцэр». Ар даIыгъащ ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми щылажьэ егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм. КъинэмыщIауэ, Физикэр езыгъэджхэм я урысейпсо съездми къыщащтащ.
  • Къэралпсо щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иным папщIэ, ХъуэкIуэн Хьэзрэталий куэдрэ ягъэпэжащ дамыгъэ лъапIэхэмкIэ, цIэ лъагэхэмкIэ. Абыхэм ящыщщ Бэракъ Плъыжьым и орденыр, КъБАССР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм къыхуигъэфэща щIыхь тхылъхэр, СССР-м КосмонавтикэмкIэ и федерацэм и Президиумым къыбгъэдэкI медалыр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 2-нэ нагъыщэ зиIэ медалыр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн республикэхэм я Правительствэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, «Макаренкэ и цIэр зезыхьэ медалыр», нэгъуэщIхэри.
  • Профессор цIэрыIуэр дунейм ехыжащ мы илъэсым и мазаем. Абы и фэеплъхэм ящыщщ и нэIэм щIэту щIэныгъэм хыхьа щIалэгъуалэ куэдыр. Ар я щIэныгъэ унафэщIу гъэхьэзыра хъуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидату, доктору пщIы бжыгъэхэр. Адэм пхиша гъуэгум ехъулIэныгъэ инхэр яIэу нобэ ирокIуэ и къуэхэу Муратрэ Азэмэтрэ. Ахэр физико-математикэ щIэныгъэхэм я докторщ, я къалэмыпэм къыпыкI къэхутэныгъэхэм пщIэшхуэ щаIэщ дуней псом.
  • Къэралым, лъэпкъым я ехъулIэныгъэм зэман кIыхькIэ хьэлэлу хуэлэжьа щIэныгъэлI щыпкъэ, къэхутакIуэ емызэш ХъуэкIуэн Хьэзрэталий Беслъэн и къуэм и цIэр ди республикэм и тхыдэм, шэч хэмылъу, къыхэнащ. Абы пхиша лъагъуэр куэдрэ хэгъуэщэжынукъым.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.