ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхьэмадокъуэ Зерэ: «Щэнхабзэр  цIыху зыгъасэщ»

2022-05-17

  • Тхьэмадокъуэ Зерэ Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщIщ. КъБКъУ-м и филологие къудамэр къиухри, илъэс куэдкIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу лэжьащ. ЩIэблэр гъэсэным и пIалъэр ещIэ, гъащIэм къигъэув упщIэ куэдым я жэуапхэр щэнхабзэм къыщыбгъуэтыфу жеIэ. ДызэреупщIахэм теухуауэ къыджиIам фыщыдогъэгъуазэ.

  • — Щэнхабзэм и къалэнхэр сыт хуэдэ?
  • — Щэнхабзэр цIыху зыгъасэщ, зыунэтIщ, зезыгъэужьщ. Абы куэдкIэ елъытащ цIыхубэм ягъуэтыфыну зыужьыныгъэр. ЦIыху щхьэ-хуэм и гъащIэм и кIыхьагъкIэ зыхелъхьэ хабзэ щхьэхуэхэр. Унагъуэм, сабий садым, школым лъабжьэ щегъуэт. Абы елъытауэ къысщохъу адэкIэ и гупсысэр къызэрызэрыкIынур. «Щэнхабзэ зыхэлъщ» зыхужаIэ цIыхур гъэсэныгъэкIи, зыIыгъыкIэкIи, зыхуэпэкIэкIи, утыку ихьэкIэкIи псоми къахэщхэрщ.
  • — Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и IуэхущIафэхэм къытхутепсэлъыхьыт.
  • — Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэм теухуауэ щекIуэкI Iуэхугъуэхэр щIэми жьыми яхуэгъэзащ. ЗэфIэкI зыбгъэдэлъу щIыналъэм къыщыхэжаныкIхэм гулъытэ ягъуэт, я гупсысэр щызэхахын, я лэжьыгъэр щагъэлъэгъун утыкуи яIэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэ 13, бгъэIэпхъуэ хъу автоклуб, гъуазджэм щыхуагъасэ сабий школищ, тхыдэ-лъахэхутэ музей, библиотекэхэр (щIыналъэ псом зэдай сабий библиотекэрэ къуажэхэм щыIэхэмрэ). Мыхэр псори щэнхабзэм теухуауэ мэлажьэ. Махуэшхуэхэр догъэлъапIэ, усэхэмрэ уэрэдхэмрэ я пшыхьхэр идогъэкIуэкI, щIэблэр зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэдгъэтщ. Псалъэм папщIэ, ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу Къулъкъужын Ищхъэрэм гъуазджэмкIэ и сабий еджапIэм, Зеикъуэ сурэт щIыным щыхуагъасэ школхэм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызэIуах. ЩIыналъэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр республикэм и Iуэхухэм жыджэру хэтщ. Лъэпкъ гупсы-сэ зыхэлъ зэхьэзэхуэхэри ди мащIэкъым. Апхуэдэхэщ «Адыгэ уэрэдыжьхэр лъэпкъым и тхыдэщ», «Лъэпкъ бын зыгъасэм лъэпкъ щытхъу хуэфащэщ» фIэщыгъэхэр яIэу екIуэкIахэр.
  • — Уи IэнатIэр тыншкъым, ауэ щIэщыгъуэу къысщохъу…
  • — Гурэ псэкIэ узыпэрыт IэщIагъэм гугъуехь щызыхэпщIэркъым. Пэжщ, дэтхэнэ IэнатIэми хуэдэу, Iуэху гуэрхэр щызэхуэмыхъу, лъэпощхьэпо дыщыхуэзэ щыIэщ. Сэ сыт щыгъуи сыхуопабгъэ сызыпэрытыр зэрезгъэфIэкIуэным икIи къызэхъулIэу си гугъэщ. КуэдкIэ ар я фIыгъэщ си гупым. Ахэр жыджэру пэроувэф Iуэхухэм, гупсысэ щIэщыгъуи халъхьэ. Си унагъуэми къыздаIыгъщ икIи къысхуагъэдахэ си лэжьыгъэр.
  • Сегъэгушхуэ си IэнатIэм. Къапщтэмэ, сэ сурэт сщIыркъым, уэрэд жысIэркъым, дахэу къафэми сащыщкъым. ИтIани, мис а псор зыщIэфхэм Iуэху къахузызогъэпэщ. Сипсыхьауэ си гугъэщ илъэс куэдкIэ школым адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу сызэрыщылэжьами.
  • — Сыт хуэдэ IэмалхэмкIэ еджакIуэхэм ебгъащIэрэт лъэпкъ щэнхабзэр?
  • — Пэжщ, щIэблэм лъэпкъ щэнхабзэр яхэслъхьэну Iэмал сиIэти, къэзгъэсэбэпащ. Хабзэр езгъащIэрт, тхыдэм дезгъэхьэхырт, анэдэлъхубзэкIэ гупсысэфу сыпсыхьырт. Адыгэм ди жыIэгъуэхэмрэ нэщэнэхэмрэ къащти, псалъэм папщIэ, дапхуэдиз Iущыгъэ яхэлъ! Сэ езгъэджахэр зэпеуэ згъакIуэкIэ сыкъагъэщIэхъуу щытакъым — ехъулIэныгъэхэр яIэт. Илъэс 23-кIэ сыегъэджэкIуащ.
  • — ЦIыхум и плъапIэхэр сабиигъуэм къыщежьэу къысщохъу. Уэ сытым ущIэхъуэпсрэт ущыцIыкIум?
  • — КъБКъУ-м филологиемкIэ и къудамэр къэзухащ сэ. Ауэ аратэкъым си сабий хъуэпсапIэр. СыщыцIыкIум сехъуапсэрт актрисэ сыхъуну. СыкъыщыдэкIуэтеями арат си гур зыхуеIэр. Ауэ си адэ-анэм къысхуагъэдэхатэкъым ар IэщIагъэу. ЕгъэджакIуэ сыхъуащ, ауэ хъуэпсэныр зыхэзнатэкъым. Сэ сценэм ситрэ си еджакIуэ цIыкIухэр театреплъу къысщыхъурт: апхуэдэу дерсхэр езгъэкIуэкIырт. Ар сэбэп хъурт цIыкIухэр къыдэсхьэхынымкIэ, лэжьыгъэм щIэщыгъуагъ хэслъхьэнымкIэ. Школым сыщыIэху куэдрэ къызэзгъэпэщу щытащ щэнхабзэм ехьэлIа пшыхьхэр.
  • Иджыпсту сызыпэрыт IэнатIэри си псэм хэлъщ, щэнхабзэр си дунейщ.
  • Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.