ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шэтемыгъахуэ джанэ

2022-05-17

  • Узыншагъэр ихъумэу, къару къахилъхьэу адыгэхэм пасэ зэманым дыуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрахьэу щытащ. Языныкъуэхэм лъэпкъ дамыгъэхэр тещIыхьат. Апхуэдэ дыдэу адыгэхэм зэрахьэ щыгъынхэ-ри дамыгъэ, тхыпхъэ хэха гуэрхэмкIэ ягъэщIэращIэрт, фэилъхьэгъуэр зэрагъэдахэм къыдэкIуэу, ахэр хуэгъэзат ар зезыхьэр нэм, бзаджэнаджэм щыхъумэным. А дамыгъэхэр илъэсищэ пщIы бжыгъэкIэ лъэпкъым зыIэщIимыгъэхуу, зы щIэблэм адрейм ириту къэгъуэгурыкIуащ.

  • Псалъэм папщIэ, Iэщым и бжьакъуэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ дамыгъэхэм къикIыр зыужьыныгъэмрэ бэвыгъэмрэт. КъэкIыгъэ, псэущхьэ теплъэхэр зиIэхэр хабзэ пыухыкIахэм хуэгъэзат. Тхыпхъэхэм ящыщу нэхъ пасэрей дыдэу къалъытэр жыгымрэ абы и пкъыгъуэ щхьэхуэхэмрэщ. Къапщтэмэ, адыгэхэм жыгым пщIэшхуэ хуащIу щытащ, уеблэмэ дунейм зы жыгышхуэм и зэхэлъыкIэ иIэу къалъытэу. ЛIэщIыгъуэхэр кIуэуэрэ, а дамыгъэ лъапIэм и мыхьэнэр кIуэдащ, ауэ абы и пкъыгъуэ куэд къытенащ хьэпшыпыжьхэмрэ щыгъынхэмрэ. Нобэ лъэпкъ фащэхэр щадкIи а тхыпхъэщIыпхъэхэр къагъэсэбэп хъуащ.
  • НэгъуэщI зы хабзи къадекIуэкIырт адыгэхэм. Iэщэ-фащэр щызэрагъэпэщ жэщым анэхэм, анэшхуэхэм уанэгущхьэнтэ тхьэмпэтелъ жыхуаIэм хэдыкI тIуащIэ мастэпэбдзкIэ тращIэу щытащ. ХэдыкIыр хъурейуи, плIимэуи, щимэуи, нэгъуэщIуи ящIынкIэ хъунут, ауэ ар зэтелъу, къызэдекIуэкI тIуащIэу хэщIыхьын хуейт. Ар шэтемыгъахуэ тхыпхъэт. Езы мастэпэбдзыр гъущIыкIэти, угъурлыгъэ пылъу, нэтемыгъахуэ гуащIэ иIэу къащыхъурт, абы къыхэкIыуи яхъумэрт, нэ жагъуэм пэIэщIэу.
  • Уанэгущхьэнтэ тхьэмпэтелъым и мызакъуэу, тхыпхъэр бэракъми тращIыхьырт. Псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я бэракъым телъащ жаIэ апхуэдэ хэдыкI. Ар щыхащIыхькIэ цIыхубзхэр унэ пхыдзам щIэтIысхьэрти, я Iуэхур зэфIэкIыху, зы псалъэ жамыIэу щыму ар ящIырт. Дыжьыныгъуэ уэркъхэмрэ беслъэн уэркъхэмрэ шэтемыгъахуэ тхыпхъэмрэ хьэфэ тхылъымрэ зэкIуэцIылъу пщэрыдзэу кърахьэкIыуи щытащ. Абыхэм я пIэ нэхъ иужькIэ шэтемыгъахуэ дыуэр иуващ.
  • Адыгейм и Лъэпкъ музейм щахъумэ ди зэманым а зым фIэкIа къэмысауэ шэтемыгъахуэ джанэм хуэдэ. Ар кIэмыргуеипщ Бэлэтокъуэ Джамболэт ейуэ щытащ икIи XIX лIэщIыгъуэм и кум хуэзэу ятх. Джанэр 1938 гъэм музейм Iэрыхьауэ щытащ пщым и щхьэгъусэм и фIыгъэкIэ.
  • Шэтемыгъахуэ джанэр егугъуауэ зэрыдар нэрылъагъущ: щIэбзэ иIэщ, Iэщхьэхэм зэгуэдапIэ яIэкъым, и пщэр хъурейуэ къигъэжащ, и кум деж щызэгуэгъэзауэ. Апхуэдэуи сантиметри 5 и лъагагъыу пщампIэ зэфIэт тедащ. БжьэхуцщэкIым къыхэщIыкIа джанэр зэрыщыту тхыбзэ пасэрейкIэ гъэщIэрэщIащ. Езым и плъыфэр морэ-гъуэжьыфэщ.
  • Шэтемыгъахуэ джанэм хъурейуэ хадыкIахэм бжыгъэхэмрэ псалъэ щхьэхуэхэмрэ къокIуэкI. Хъурейхэр щызэхыхьэхэм деж къагъэхъу дамыгъэр ирагъэщхь гъащIэр кърагъэлъагъуэу па-сэм къагъэсэбэпу щыта къэкIыгъэм и тхыпхъэм. Джанэм и щIыбагъри апхуэдэ дыдэу хэды-кIащ. Тхыбзэр фIыцIафэрэ плъыжьыфэу лащ. Ауэ тхыгъэхэм къарыкIыр зэхагъэкIыфакъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр зэрытхар къуэкIыпIэ пасэрей бзэхэм язщ. Блэгъухэм хуэзэу джанэм дыгъэ хъуреитIи тещIыхьащ напэ яIэу. Нэпкъпэпкъ псыгъуэхэр зиIэ дыгъитIым ящыщу сэмэгурабгъумкIэ щытым и набдзэ зэхуакум зы фIыцIэ цIыкIу тетщ.
  • Адыгэхэм пасэм тхьэ пэлъытэу яIащ дыгъэр. Абыхэм къалъытэрт гъащIэмрэ нэхумрэ къезытыр арауэ. Шэтемыгъахуэ джанэм ар щIытращIыхьари арагъэнкIэ хъунущ, зезыхьэр ажалым щахъумэну я гугъэу.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.