Адыгэ театрым и анэшхуэ
2022-05-17
- ДыщэкI КIунэ къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу
- Илъэс 65-рэ лъэпкъ гъуазджэм, адыгэ театрым тыхь хуэзыщIа, роль 250-м щIигъу зыгъэзэщIа, РСФСР-мрэ КъАССР-мрэ я цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ нобэ къыщалъхуа махуэщ. 1935 гъэм Псыхуабэ ягъэкIуат библиотекэ лэжьыгъэм хурагъэджэну. Курсым щыIэхэм ягъэува спектаклым еплъа Къалмыкъ БетIал ДыщэкIым къылъыса ролыр зэригъэзэщIар игу ирихьауэ жаIэж. Уеблэмэ Москва щыIэ ГИТИС-м игъэкIуэну къыжриIат, арэзымэ. Ауэ ДыщэкIыр щеджар Налшык къалэ дэта театр студиеращ. 1935 гъэм къызэIуахауэ щыта колхоз-совхоз театрым лэжьапIэ увауэ щытащ КIунэ. И лэжьыгъэ тхылъми абырэ Къэбэрдей профессиональнэ театрым зэрыкIуамрэ фIэкIа иткъым. Абы къегъэлъагъуэ и IэщIагъэм зэрыхуэпэжар.
- Псом хуэмыдэу КIунэ и гум щигъафIэрт Погодин Николай и «Кремлым и сыхьэт къеуэхэр», Гамзатов Расул и «Бгырыс цIыхубз», Горький Максим и «Булычёв Егоррэ нэгъуэщIхэмрэ» пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм щигъэзэщIа ролхэр. Артисткэм зыми пимыщIу фIыуэ илъагъуу щытащ анэм и ролыр. Зыхилъхьэ щыIэтэкъым Айтматов Чингиз «Анэм и губгъуэ» и повестыр и лъабжьэу ягъэува спектаклым щищIа Галганай и образыр. Абы нэхъ къехъулIауэ къалъытэ Гоголь Николай и «Фызышэм» щигъэзэщIа Тихоновэ Агафье, Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам» къытращIыкIа спектаклым хэт Куприяновэ Дарье сымэ я ролхэр. Комедие, трагедие ролхэм пылъхьэншэу пэлъэщырт КIунэ. Ар гукъинэжу щыджэгуащ Гоголь Николай и «Ревизор», Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ», Щхьэгъэпсэу Мухьэмэд и «ТIэмашэ и бынунагъуэр» спетаклхэм. КIунэ киноми хэтащ, КIыщокъуэ Алим зи сценарийр итха «Бгы къыгуэуа» фильмым адыгэ фызыжь Зэрылэ и ролыр щигъэзэщIащ.
- КIунэ псэуащ, и гъащIэр театрым къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ. Утыкум апхуэдиз зэманкIэ уитыныр Iуэху цIыкIукъым. Ар зыхузэфIэкIынур ДыщэкI КIунэ хуэдэу театрым хуэпэж икIи лъагъуныгъэ егъэлея хузиIэу псэухэрщ.
- Театрым къыдэкIуэу жылагъуэ лэжьыгъи игъэзэщIащ ДыщэкIым. Ар КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату тIэунейрэ хахат.
- ДыщэкI КIунэ и лъагъуэм ирикIуэн артист гъуэзэджэ куэд ди лъэпкъым, ди театрым иIэну, джэгуакIуэшхуэм и лъэужьыр зэи хэмыгъуэщэну гугъэ дагъэщI КIунэшхуэ дэлэжьахэми театрыр зи кIуапIэхэми ар фIыуэ ялъагъуу зэрыщытам.
- КIунэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ, и дуней тетыкIамрэ и цIыхугъэмрэ ехьэлIа ди псалъэхэр дыкъуакъуэ мыхъун папщIэ, ар зыцIыхуу щытахэм, абы дэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм къыхэтха пычыгъуэхэр къэтхьынщ.
- Иуан Владимир, КъБР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я артист (2007 гъэ): — ДыщэкI КIунэ сэ япэу сценэм сыщыхуэзар «Гуащэ ябгэ» спектаклырщ. Абы щыджэгу Къаздэхъу СулътIан и пIэкIэ сыхагъэхьат. КIунэ си анэ шыпхъуу а пьесэм хэтт, ахъшэ щIыхуэ тIэкIу сыхуейуэ сыкъэкIуауэ селъэIурти, къызиттэкъым, сылIэм сызэрыбгъеинур сыгъэлъагъу жиIэрти. Сэри си фIэщыпэу згъейрт. Си анэ дыдэм, и нысэр игу иримыхьу, и щIыб къызэригъазэу «кIуэ» жыхуиIэу и Iэр зэрищIыр КIунэ езгъэлъагъури, а спектаклым гъэщIэгъуэныщэу хигъэхьауэ щытащ.
- ДыщэкI КIунэ ди театрым и анэшхуэу убж хъуну щытащ. ЦIыху пэжт, гушыIэшхуэ хэлът, артистышхуэт.
- Мысостышхуэ Пщызэбий, УФ-м щIыхь зиIэ и артист (2007): — КIунэшхуэ. Арат ДыщэкI КIунэ и лэжьэгъухэри, и цIыхугъэхэри, фIыуэ зылъагъу псори къызэреджэр. Ар дунейм тетащ гушыIэрейуэ, нэмысыфIэу, лъагъугъуафIэу. Абы лъэужь уахътыншэ, лъагъуныгъэ мыкIуэщIыж, гукъэкIыж дахащэ къытхуигъэнащ.
- КIунэ ди дежкIэ сыт щыгъуи щапхъэт. Абы и зэфIэкIым, зэчий абрагъуэм нэхъыщIэхэр сыт щыгъуи дыдихьэхырт, дригушхуэрт. Нэхъ иужьыIуэкIэ, дэри зыгуэр тхузэфIэкI хъуамэ, абы КIунэ и фIыщIэ куэд хэлъщ. Лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным КIунэ хуищIа хэлъхьэныгъэм щIэи гъуни иIэкъым.
- Шыбзыхъуэ Басир, УФ-м щIыхь зиIэ и артист: — КIунэ театрыр япэ дыдэ къызэIузыхахэм яхэтащ. Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэр къэдухыу дыкъыщыкIуэжам, хуэмыщIауи дыпсэууэ, улахуэу къыдат тIэкIури дримыкъуу апхуэдэти, сытым дежи КIунэрэ ТIыхъужь Алийрэ зыкъытщIагъакъуэрт.
- Уигу къэбгъэкIыжын защIэщ КIунэ къызэрыдбгъэдэтари къызэрытхущытари. Ар пщыгъупщэнкIи фIыуэ умылъагъункIи Iэмал иIэкъым. Ди нэхъыжьыфIу щытащ, сыт и лъэныкъуэкIи чэнджэщэгъу къытхуэхъуу. КIунэ, Алий, Болэ Мурат, Сонэ Мухьэрбий, Токъуий Хъусен, Жыгун Тимэ сымэ гуп лъэщу, талантышхуэ ябгъэдэлъу щытащ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, икIи актёрышхуэхэт, икIи цIыхушхуэхэт. Ахэр псоми къацIыхурт, пщIэ къыхуащIырт.
- Дэ ди насыпым кърихьэкIащ еджапIэ нэужьым къэдгъэзэжауэ абыхэм дадэлэжьэн, зы сценэм дадитын. Апхуэдэуи сэ къысхуихуащ згъэува спектаклым КIунэ щызгъэджэгуну. Абы щыгъуэ сэ зыкIэ сыгузавэу, сыхуэсакъыпэу жесIати Iуэхур зыIутыр. Псалъэ къыхимыгъэкIыу арэзы техъуат си лэжьыгъэм хэтыну. Режиссёр ныбжьыщIэм дежкIэ ар пщIэшхуэт.
- Фырэ Руслан, УФ-м, КъБР-м, Абхъазым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ (2007 гъэ): — Си анэдэлъху Сонэ Мухьэрбий театрым зэрыщылажьэм и фIыгъэкIэ, сэ театрым сыкIуэрейт. КIунэ зэрыартист гъуэзэджэм, ар цIыхубэм фIыуэ зэрилъагъум сыщыгъуазэт, мызэ-мытIэу сеплъат ар зыхэт спектаклхэм.
- Лэжьыгъэ куэд дыдэ здэтщIауи схужыIэнукъым, ауэ а дыщызэдэлэжьа спектаклхэм сэри куэдым сыхуригъаджэу, си лэжьыгъэм и пщIэр иIэту КIунэ хэтащ. Псалъэм папщIэ, «Лъагъуныгъэм итхьэкъуа цIыхубзий» спектаклыр цIыхухэм фIыуэ зэралъэгъуар КIунэ и фIыщIэу къызолъытэ.
- Къэрмокъуэ Мухьэмэд и пьесэм къытращIыкIа «Лъагъуныгъэм и къарур» спектаклым КIунэрэ Алийрэ телъыджэу щыджэгуат, езыхэм я импровизацэхэр халъхьэжрэ нэхъри нэхъ щIэщыгъуэ ящIу, я Iэр зэраIэт, я щхьэр зэрагъазэ къудейми залым щIэсхэр игъэдыхьэшхыу. ЦIыхубэм фIыуэ зэрилъэгъуар аращ, пцIы хэмылъу, а спектаклым ехъулIэныгъэ щIиIар, ар куэдрэ щIагъэлъэгъуар.
- ДыщэкI КIунэ дэ къытхуигъэнащ лъэпкъ театрыр ипэкIэ зыгъэкIуатэ гукъэкIыжхэм я нэхъ нэхур, дуней тетыкIэ, утыку итыкIэ дахэм и щапхъэр.
- Теувэж СулътIан, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ (2007 гъэ): — Сэ КIунэ роль куэд дэсщIащ. Ар нэхъыбэу къызэрацIыхур и комедие ролхэрщ, техауэ къэнари нэхъыбэу абыхэм ящыщхэрщ. Ауэ ДыщэкIым къехъулIэнут сыт хуэдэ ролри. Абы и щапхъэщ Ерчэн Леонид игъэувауэ щыта «АнитI», Айтматов Чингиз итха «Анэм и губгъуэ» пьесэм къытетщIыкIа спектаклхэм телъыджэу анэм и ролыр зэрыщигъэзэщIар.
- Режиссёрым и къалэн нэхъыщхьэм, спектаклым хэтхэр зэгурыгъэIуэным, зэдэхъуу сценэм игъэтыным и лъэныкъуэкIэ КIунэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къысхуэхъурт. Хьэл-щэныфIу хэлът зыдэлажьэ режиссёрым деж щIэуэ щилъагъур малъхьэдисым хуэдэу зэрызэщIишэр.
- УнагъуэкIэ къапщтэмэ, КIунэ нэхърэ нэхъ хьэщIэ зыфIэфI, псэ хьэлэл бгъуэтынтэкъым. Абырэ и щхьэгъусэ Тубай Мухьэмэдрэ я унагъуэр цIыху кIуапIэт, сытым дежи я ерыскъыр япэ итт, яIэр зэи ирахьэкIынутэкъым. КIунэ и мызакъуэу, нэхъыжьхэм яхэлъа хабзэ телъыджэт артист ныбжьыщIэхэм дэIэпыкъуныр, зыщIагъэкъуэныр, ахэр япэкIэ ягъэкIуэтэныр.
- БжэIумых Барисэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ: — КIунэ уи гур зыгъэгуфIэ, уи псэр зыгъэпсэху зы акъужь гуапэ гуэр къыпкърыкIырт, нэрымылъагъуу. Абы сеплъамэ, занщIэу си гур зыхуэкIуэр пэшхьэку хуабэшхуэрт, жьэгу мафIэ гуапэрт. Сытым дежи уи гуныкъуэгъуэхэр зэрыпщигъэгъупщэн псалъэ IэфIрэ хэкIыпIэфIрэ къыпхуэзыгъуэтыф КIунэ, и Iэгур и Iэнэщ жыхуаIэм хуэдэт. Гуныкъуэгъуэ гуэри иIэу умыщIэну, ар сыт щыгъуи нэжэгужэт. Зы псалъэухакIэ жысIэнщи, хьэщIэ къыхуэкIуамэ, мы дунейм хъугъуэфIыгъуэу тетыр къеуэлIам хуэдэт.
- ДыщэкIыр щыджэгур фIыуэ илъагъу сценэм и закъуэтэкъым. КъызэрыгуэкI гъащIэми ар хэджэгухь къыпфIэщIырт, апхуэдизкIэ и нэгур зэIухат, гъащIэр фIэфIт, гушыIэр къебэкIырти. Сценэм и гугъу щIэпщIыххэни щыIэкъым, ар абы и жэнэтт, и зыгъэпсэхупIэт, и унэ тыншышхуэт…
- Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр: — Артист IэщIагъэм куэд хуоджэ, ауэ артист хъур зырызыххэщ. ДыщэкI КIунэ и закъуэу сценэм щитым и деж апхуэдизкIэ театреплъхэр зэщIишэрти, цIыхуищэ итым хуэдэу къыпщигъэхъуфырт, ублэмыплъыкIыфу уитхьэкъурт. Абы хэлъ дахагъэмрэ къабзагъэмрэ удамыхьэхынкIэ, узыIэпамышэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Артисткэ гъуэзэджэр зыщыдмыгъэгъупщэу, и цIэр куэдрэ къитIуэу, и пщIэм дызэхуишэсу Тхьэм дыщигъэIэ!
- Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.