ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэ

2022-05-17

  • Бахъсэн къалэм щыщ тхыдэдж, дыщэкI Бырхьэм Мухьэмэд ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI пасэрей IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэщ икIи абы зезыгъэужьщ. IэпщIэлъапщIэм лъэпкъ тхыпхъэ дахэхэмкIэ игъэдахэ, зи теплъэкIи плъыфэкIи узытхьэкъу адыгэ цIыхубз фащэм и пыIэхэр ед, пхъэ вакъэхэри ещI.

  • Тхыдэм уриплъэжмэ, пасэ зэманым адыгэ фащэм щIыгъу пыIэ телъыджэхэр я плъыфэкIэ, лъагагъкIэ, щIыкIэкIэ лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыкIырт икIи ахэр бзылъхугъэр зыщыщ лIакъуэмрэ зэрыт ныбжьымрэ елъытауэ зэрахьэрт. Адыгэ фэилъхьэгъуэхэм ящIыгъу пыIэхэм яIа теплъэмрэ плъыфэмрэ зэфIигъэувэжащ Бырхьэмым.
  • Адыгэ пыIэхэм я къекIуэкIыкIам куууэ зыхигъэгъуазэу, ахэр илъэс зыбжанэ ипэкIэ зыгъэхьэзырын щIэзыдза Мухьэмэд пыIэ 1900-рэ, пхъэ вакъэ 300 ищIащ. Абыхэм ящыщу закъуэтIакъуэ хищыкIа мыхъумэ, адрейхэр игуэшащ, саугъэт папщIэу тыгъэ яхуищIащ щIэблэм. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я мызакъуэу, адыгэ щыпсэу хамэ къэралхэми — Тыркум, Сирием, Иорданием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Канадэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм — тхыпхъэхэмкIэ игъэдэха и лъэпкъ хьэпшыпхэр ялъигъэIэсауэ я музейхэм щахъумэ.
  • — Ди адыгэ фащэхэм ящIыгъу пыIэхэм я дыкIэм арэзы сыкъищIыртэкъым. Аращ а Iуэхум сыщIыдихьэхар. ХьэцIыкIу Мадинэ бгъэдэлъ Iэзагъэр къысхуэщхьэпащ. Апхуэдэщ пасэрей цIыхубз пыIэхэм я къекIуэкIыкIам, абы я щIыкIэу щытам куэд хэзыщIыкI си ныбжьэгъу художникхэу Тхьэзэплъыж Русланрэ Црым Русланрэ я чэнджэщхэри. Ди республикэм и мызакъуэу, Мейкъуапэ, Черкесск щыщ дэрбзэрыфIхэр си чэнджэщэгъущ. Iуэхум зыхэзгъэгъуэза нэужь, си бгъэдыхьэкIэ, си еплъыкIэ щхьэхуэ зэзгъэгъуэтащ, — къыддогуашэ Мухьэмэд. — Нэхъ пасэм хъыджэбз цIыкIухэр IэпэIэсэу, щхьэж и пыIэр и лъэпкъ дамыгъэкIэ, тхыпхъэкIэ игъэдахэу къекIуэкIырт. А IэщIагъэ дахэр нобэ нэхъ яIэщIэхуами, ар къэтIэтыжыну и чэзущ. Зызэппщыт дэтхэнэ Iуэхуми уи гумрэ уи псэмрэ етауэ убгъэдыхьэмэ, тыншу зэбгъэхъулIэфынущ.
  • Республикэм къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкI сабийхэр Бырхьэмым егъэлъапIэ. УсакIуэ МамыкIэ Къазбэч усэ къеджэнымкIэ къызэригъэпэща зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэм Мухьэмэд яхуэупсащ нэр зыгъэгуфIэ и пыIэхэмкIэ, пхъэ вакъэхэмкIэ, адыгэ ныпхэмкIэ, нэгъуэщI саугъэт цIыкIуфэкIухэмкIэ.
  • Бырхьэм Мухьэмэд а IэщIагъэ дахэм зэрызригъэужьыным, ар нэхъри ипэкIэ зэригъэкIуэтэным хущIокъу, пасэрей хьэпшыпыр хъума хъун папщIэ. Аращ лъэпкъ IэщIагъэм и щэхухэм зыхэзыгъэгъуэзэну гупыж зыщI ныбжьыщIэхэм, бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм и зэманым щымысхьу щIадэлажьэр.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.