ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэлI, узэщIакIуэ цIэрыIуэ

2022-05-14

  • Къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур мы лъэхъэнэм зыгъэлъапIэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыгум къихъуащ дызэрыгушхуэ IэщIагъэлI щыпкъэ-хэр,  щIэныгъэлI Iэзэхэр, еджагъэшхуэхэр. ЖыпIэнурамэ, ди щIыналъэм щыпсэу-хэм ди насыпым къихьащ дызэрыгушхуэ хъуну апхуэдэ цIыху щэджащэ куэд дызэриIэр. Апхуэдэхэм ящыщщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ, лIыгъэшхуэрэ хабзэрэ зыхэлъ адыгэлI щыпкъэ Иуан Пётр Мацэ и къуэр.

  • ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи абы и пашэу илъэс куэдкIэ, 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ 2018 гъэ пщIондэ, лэжьа еджагъэшхуэр мы зэманым а IэнатIэм и щIэныгъэ унафэщIщ. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м  щIэныгъэмкIэ  щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-м и академик Иуаныр кибернетикэмкIэ, информатикэмрэ экономикэмкIэ  зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIщ, ди къэралми хамэ щIыналъэхэми зи цIэр фIыкIэ щыIуа къэхутакIуэ  къызэрымыкIуэщ.
  • Урысей Федерацэм и еджагъэшхуэхэм хуэфащэ дыдэу халъытэ Иуаныр. Ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я пашэм, я унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэм и фIыщIэ куэд хэлъщ ди республикэм игъуэта зыужьыныгъэм. Ар ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм зегъэузэщIыным къаруушхуэ езыхьэлIахэм. Абы и жэрдэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм къыщызэIуахащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэу хы. Апхуэдэхэм ящыщщ Мэкъумэш техникэмкIэ къэ- рал комитетым и информацэ-къэзыбж центрыр (1973 гъэ), РАН-м и КъБЩIЦ-р (1993 гъэ), абы и къудамэхэу Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ институтымрэ (1994 гъэ) илъэс 20-кIэ зи унафэщIу щыта, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтымрэ (1996 гъэ), нэгъуэщIхэри.
  • Иуаныр 1942 гъэм накъыгъэм и 15-м Старэ Шэрэдж къуажэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хиубыдэу, а лъэхъэнэм пыщIауэ щыта бэлыхьхэр, езым хуэдэ цIыкIу куэдым ещхьу, зыхищIами, дунейр фIэIэфу, дыкъэзыухъуреихь псори и щIэщыгъуэу къэтэджащ ар. Пётр зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэу къызэрыхъуар, дауи, я фIыщIэщ и адэ Мацэрэ и анэ Гуащэрэ. Зэщхьэгъусэхэм я унагъуэшхуэм я сабий еянэт ар. И анэкъилъхухэр балигъ хъуауэ езыр дунейм къытехьами, сабий кIасэр ягъэсэхъуакъым, атIэ, адрейхэми хуэдэу, унагъуэкIэ къалэн гуэрхэр иIэрэ ар гъэзэщIэным жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэдыхьэущ зэрагъэсар.
  • Зи анэр гъэфIэгъыцIэу «ПIытIэкIэ» зэджэу къэхъуа щIалэ цIыкIум ипэжыпIэкIэ и цIэ дыдэр  Заурбэчт,  арщхьэкIэ абы емыса сабийм и цIэ-унэцIэмкIэ школым къыщыщеупщIым жиIащ Иуан Мацэ зэрикъуэр, и анэри «ПIытIэкIэ» къызэреджэр. Абдеж къыщыщIидзэри,  япэщIыкIэ «Петя» хъуащ,  иужькIэ «Пётр»-м хуэкIуащ. Ноби ар куэдым къызэрацIыхур апхуэдэущ.
  • Курыт школым фIы дыдэу щеджащ Иуаныр. Еджэным нэмыщI, школым щекIуэкI нэгъуэщI сыт хуэдэ IуэхухэмкIи щыпэрытт. И ныбжьхэм я деж пщIэ щиIэти, Иуаным къыхилъхьэ сыт хуэдэ жэрдэмри абы-хэм къыдаIыгъырт. Апхуэдэу «Тимуррэ абы и гупымрэ»   фильмым еплъа нэужь, а зэгухьэныгъэ цIыкIум хуэдэ я жылэм къыщызэригъэпэщат абы икIи зи ныбжь хэкIуэтахэм ядэIэпыкъуурэ псапэ зыпылъ лэжьыгъэ куэд зэфIихащ.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 — 60 гъэхэм ди къэралым и дэнэ щIыпIи къыщежьат школ производственнэ бригадэхэр. Старэ Шэрэдж жылэм 1958 гъэм къыщызэрагъэпэща апхуэдэ ныбжьыщIэ гупым я пашэу щытащ Пётр, ехъулIэныгъэхэр яIэу колхоз губгъуэм щылэжьащ. ШколакIуэхэм зэрахьа нартыху гектар 30-м гъавэ бэв къызэрытрахам папщIэ колхоз правленэм къыбгъэ-дэкI сыхьэти тыгъэ къыхуа-щIат. КъинэмыщIауэ, школым и пионер, комсомол зэгухьэныгъэхэм я унафэщIу екIуэкIащ.
  • Иуаныр хуабжьу дихьэхырт спортымрэ физкультурэмрэ. Атлетикэ псынщIэр, хьэлъэр, бэнэкIэ хуитыр зыхилъхьэ щымыIэу фIэфIт. АбыкIэ спортымкIэ мастер хъуауэ щытащ ар.
  • Зэджэ предметхэм ящыщу Пётр нэхъыбэу дэзыхьэхыр физикэмрэ математикэмрэти, а щIэныгъэхэм нэхъ куууэ хуеджэн мурадкIэ 1959 гъэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м математикэмкIэ и факультетым.
  • — ЩIэныгъэхэм я пащтыхь гуащэ есэпыр сыт хуэдэ зэма-ни апхуэдэу къонэж. Иджыри сыстуденту сэ мурад сщIащ      си гъащIэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ Iуэхухэм хуэзгъэпсыну, — студент илъэсхэм топсэлъыхь Пётр. — А лъэхъэнэм сыдихьэхащ Совет Союзым «щIэныгъэ нэпцIу» илъэс куэдкIэ къыщалъыта кибернетикэм. А щIэныгъэм зегъэужьыным нэхъыбэу щелэжьыр Киевт, елэжьри академик цIэрыIуэ Глушков Викторт. Къэзгъуэтри сэр-сэру зджауэ щытащ а еджагъэшхуэм и «Цифровой автоматхэм я синтезыр» тхылъ гъэщIэгъуэныр, нэгъуэщIхэри. Кибернетикэм, компьютер технологием я зэфIэкIышхуэхэм, абыхэм я къэкIуэну лъэщым зэуэ дихьэха сэ зыкIи сыкъыпхуэгъэувыIэжынутэкъым — абыхэм куууэ сызэрыхуеджэнур си гурылъ быдэт.
  • КъБКъУ-р ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэр ерыщу яужь ихьащ и мурадыр зэрызригъэхъулIэным. Илъэс куэд ипэкIэ, и сабиигъуэу, тегушхуэу и закъуэ школым зэрыщIэтIысхьам хуэдэу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ адыгэ щIалэр къыщыщIидзащ Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием КибернетикэмкIэ и институтым и бжэIупэм. Ди къэрал псом щыщу IэщIагъэлI ныбжьыщIэ нэхъыфI дыдэхэрат абы и аспирантурэм щIэтIысхьэфыр, сыту жыпIэмэ, абы щызрагъэгъуэт щIэныгъэ лъагэр дунейпсо мардэм къитIасэу, дунейпсо утыку уизышэфу щытти. Тхьэм фIыуэ къилъэгъуа щIалэщIэм абдежми къехъулIащ и хъуэпсапIэр: 1965 гъэм ар хъуащ зи гугъу тщIы институтым и аспирант. Академик Глушковыр и унафэщIу къэхутэныгъэ хьэлэмэт куэд иригъэкIуэкIащ, щIэныгъэ статья зыбжанэ итхащ, ахэр и лъабжьэу игъэхьэзыращ и кандидат лэжьыгъэри. А диссертацэр 1972 гъэм ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ икIи физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ.
  • ЩIэныгъэлI щIалэр яфIэфIу къагъэнэжат КибернетикэмкIэ институтым, арщхьэкIэ щалъхуа щIыналъэр зи гум имыкI хэкупсэ нэсым нэхъ къищтэрт и зэфIэкIхэр и хэку цIыкIум и зыужьыныгъэм хуигъэлажьэмэ. Киев илъэсищкIэ щылэжьа нэужь, абы Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ икIи компьютер программированиемкIэ, кибернетикэмкIэ егъэджакIуэу КъБКъУ-м уващ. Куэд дэмыкIыу республикэм къыщызэIуахащ Вычислительнэ центр. Абы и унафэщIу щытыныр хуагъэфэщащ зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIым. Ар зи пашэ гупым щIэныгъэр хуагъэлэжьащ цIыхубэ хозяйствэр автоматизированнэ Iуэху зехьэкIэхэм хуэгъэкIуэным, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм экономикэ хъерышхуэ къызэрыпэкIуэр наIуэ къащIу. Ди республикэм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэща апхуэдэ IэнатIэм къихьа къэралпсо ехъулIэныгъэхэм папщIэ, СССР-м и Министрхэм я Советым и ЩIыхь Тхылъыр къыхуагъэфэщауэ щытащ Иуан Пётр.
  • Компьютер технологиехэр студентхэм шэщIауэ яджыным Пётр елIэлIащ къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш институтым (иджы университетым) зэрабж техникэмрэ автоматизацэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу, «АСУ Севкавагропром» Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-производственнэ зэгухьэныгъэм и пашэу щыту, а унэтIыныгъэм ехьэлIауэ щIэ куэд къиугъуеящ. Зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа апхуэдэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр лъабжьэ зыхуищIа, щIэныгъэлI пажэ куэдым гунэс ящыхъуа и доктор диссертацэр Иуаным утыку къыщрихьар 1986 гъэрщ. А лэжьыгъэ купщIафIэри Иуаным апхуэдэу щыпхигъэкIащ УССР-м и АН-м КибернетикэмкIэ и институ-тым, техникэ щIэныгъэхэм я доктори хъуащ. 1989 гъэм абы къыфIащащ профессор цIэр.
  • ЦIыхугъэ лъагэ зыхэлъ щIэныгъэлIыр жылагъуэ Iуэхухэми дапщэщи хуэжыджэрщ. 1990 гъэм ар хахауэ щытащ КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, цIыхубэм я дзыхь кърагъэзри.
  • Зи зэфIэкIымрэ зи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я мыхьэнэмрэ зэманым дэин, дэбагъуэ щIэныгъэлIым и фIыгъэщ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ центр 1993 гъэм ди щIыналъэм къызэрыщызэIуахар. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм Iэмал ягъуэтащ дуней-псо щIэныгъэ зыужьыныгъэм и зы Iыхьэ, мыинми, пщIэ зиIэ, хъуну. Ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм зэрыщыту щIэныгъэм нэхъри зыщиужьынымкIэ шэсыпIэ хъуащ а щIэныгъэ центрыр. Абы лъандэрэ ди лъэпкъ щIэны-гъэр лъагапIэщIэхэм нэсащ,       ди щIэныгъэлIхэми унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэфIах къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми я лъабжьэр нэхъ куу, я купщIэр нэхъ лъэщ хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и нэIэм щIэт щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ди щIыпIэм щиIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр, абы и Президиумым егъэщIылIащ ГеографиемкIэ къудамэр. Апхуэдэу а IэнатIэм епхауэ мэлажьэ РАН-м АстрономиемкIэ и институтым Терскол щиIэ къудамэр.
  •  КъБЩIЦ-м мы зэманым псори зэхэту щолажьэ IэщIагъэлI щэ бжыгъэхэр. Абы и щIэныгъэ лэжьакIуэхэм яхэтщ РАН-м и член-корреспондентхэр, щIэныгъэхэм я докторхэр, кандидатхэр. Институтхэм щыIэ докторантурэхэм, аспирантурэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ IэщIагъэлI куэдым. ИригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм- кIэ РАН-м и КъБЩIЦ-р япы-щIащ УФ-м, хамэ къэралхэм щыIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ куэдым. Абыхэм щызэфIах лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдэ щIэныгъэ унэтIыныгъэ куэд. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, астрофизикэр, математикэр, информатикэр, кибернетикэр, щIым епха щIэныгъэр, географиер, экологиер, экономикэр, зэпIэзэрыт щIыналъэ зыужьыныгъэр, гуманитар къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. А къэхутэныгъэщIэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэ конференцхэр, симпозиумхэр щIэх-щIэхыурэ щызэхашэ центрым. Абыхэм ящыщ куэдым дунейпсо мыхьэнэ яIэщ икIи ди къэралым, хамэ щIыналъэхэм я щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр хэтщ.
  • Пётр зэрыжиIэмкIэ, гъащIэр езыгъэфIакIуэ техникэм адэкIи зиужьын папщIэ, щIэныгъэр абы япэ иту бэкъуэн хуейщ. А псоми мылъку хуейщ, къинэмыщIауэ, (абы нэхъ мыхьэ- нэшхуэ иIэщ) къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIыфын, щIэныгъэ Iуэхур адэкIэ зыгъэкIуэтэн щIалэгъуалэ дыхуэныкъуэщ. Хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэжьыгъэ купщIафIэ яхузэфIэхынущ ди щIыналъэм и щIэныгъэлIхэм. Абыхэм къащIэувэ щIэныгъэлI ныб-жьыщIэхэм Iэмал псори егъэгъуэтыпхъэщ, ябгъэдэлъ зэчийр нэсу къызыкъуахын, я зэфIэкIхэр утыкушхуэхэм щагъэлъэгъуэфын папщIэ. Иуаныр мэгугъэ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуэфэщэн къэрал гулъытэ дапщэщи игъуэтыну, гъунэ зимыIэ а фIыгъуэр ди Хэкум, абы и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хуэлэжьэфын папщIэ.
  • Иуаным хузэфIокI дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэ- хэм я зэхэублакIуэ, жэрдэмщIакIуэ хъун, ди республикэм         и щIэныгъэлIхэм я лъэкIыныгъэхэр щIыналъэм и зыузэщIыныгъэм къыхузэщIигъэуIуэн. Лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ Пётр бгъэдэлъ зэчиишхуэм. Ахэр хуэгъэпсащ математикэм, кибернетикэм, информатикэм, жылагъуэ-политикэ, техникэ щIэныгъэхэм. Щалъхуа щIыналъэм, щыпсэу къэралым я къэкIуэнум дап-щэщи егъэпIейтей хэкупсэ нэсыр, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшыр. Аращ ар пщэдейрей махуэм хьэлэлу щIыхуэлажьэр, зэману, къарууэ иIэр, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум щIыхуиунэтIыр. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ Иуаным пщIэшхуэ щиIэщ ЩIэныгъэхэмкIэ Уры-сей  Академием. Абы и щыхьэтщ Иуаным и Iуэху еплъы-кIэр абы къызэрыщалъытэр, и псалъэм зэрыщыщIэдэIур.
  • ЩIэныгъэм зи гъуэгу бгъу-фIэ щыпхызыша, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди республикэм, Урысейм я мызакъуэу щIыналъэ, къэрал куэдым къыщацIыхуа Иуаным щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъ-        хьэныгъэшхуэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 130-рэ, монографиеу 8, щIэуэ къигупсысащ хьэпшып зыбжанэ. ИригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къалъытэри, Иуаным къыфIащащ «УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, СССР-м и Министрхэм я Советым и саугъэтыр, РАН-м, КъБР-м я ЩIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу ар ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Академием (Мюнхен), ЩIэныгъэхэмкIэ Нью-Йорк академием, Естественнэ ЩIэныгъэ-хэмкIэ Урысей Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, нэгъуэщI щIэныгъэ зэгухьэныгъэ зыбжанэми я академикщ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтщ, ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ абы и къудамэм и унафэщIу. Иуан Пётр и цIэр иратхащ США-м къыщыдэкIа «Дуней псом и цIыху щэджащэ 5000» тхылъым. 2016 гъэм Иуан Пётр хуагъэфэщащ ди республи- кэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр — «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр. 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ ар Оксфорд академие союзым и академикщ.
  • Иуан Пётр и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу пщэдей. Пэрытыныр зи псэукIэ щапхъэ адыгэлIым и гъащIэ псор зытриухуар лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьынырщ, абы и хъерыр цIыхубэм яхуэгъэлэжьэнырщ. Гъуэгуанэ купщIафIэ, IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа къикIуащ абы. Ноби ар дунейм тетщ, къэралым, щалъхуа хэкум зиужьыным, ехъулIэныгъэ яIэным и щIэныгъи, зэфIэкIи, къаруи хуигъэпсу, унагъуэкIи, къыщIэхъуэ щIэблэкIи, Тхьэм и фIыщIэкIэ, гукъеуэ имыIэу.
  •  ЖЫЛАСЭ Маритэ.