И насыпщ ар къызыхэкIа лъэпкъым
2022-05-14
- Тау Пщыкъан Къес и къуэр къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ. Къулыкъухэм зэрыпэрыта зэман кIыхьым къриубыдэу абы зэрихьащ къэралпсо, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ IэнатIэхэр. Тау Пщыкъан экономикэ, къэрал IуэхущIапIэхэм щызэфIиха и лэжьыгъэфIхэм куэдыр щыгъуазэщ. Ар щытащ республикэм и профсоюз зэгухьэныгъэм и пашэуи, КъБР-м и Парламентым и депутатуи.
- Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и мафIэ лыгъэм илыпщIа, абы къыкIэлъыкIу лъэхъэнэ хьэлъэм и бэлыхь псори зи фэм дэкIа, зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъу Тау Пщыкъан и зэфIэкIым, и IуэхущIафэм и гугъу ящIу щызэхэпхкIэ, плъэмыкIыу уогупсыс: «Сыту я насып ар къызыхэкIа лъэпкъми, зыхуэпсэу и Iыхьлыхэми, и благъэхэми», — жыпIэу.
- Зэрыбынитхум я нэхъыщIэми, ар зы махуи и анэм и кIэкъуагъ къуэсакъым. Зэхэзехуэн ящIри, 1937 гъэм я адэр яукIати, зеиншэу къэна унагъуэр хуабжьу гугъу ехьырт — я лъапсэр трахауэ я адэ къуэш нэхъыщIэм и гуэщым щыпсэурт. ЩIы Iыхьэ кърату, ятIэ чырбышым къыхэщIыкIа псэупIэ щаухуэфар Сталиныр дунейм ехыжу унагъуэр колхозым щыхагъэхьа 50 гъэхэм икухэрщ.
- МащIэу къэжэпхъа нэужь, абы и нэгу щIэкIащ а лъэхъэнэм цIыхухэм я фэм дэкIар, гурэ псэкIэ ягъэвар, бийм зэтрикъута IэнатIэхэр къэIэтыжыным, къэралыр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщыным цIыкIури инри зэрытелажьэр. И сабиигъуэм илъэгъуа-зэхихахэр игъащIэкIи и гум къинащ, нэхъыжьхэм я щапхъэфIыр гъуазэ хуэхъуащ.
- Лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ
- «Лъагъуэ урикIуэмэ, гъуэгу утохьэ», — жаIэ. Iуэхушхуэхэм къыхуалъхуа, мы гъащIэм къалэн щхьэпэ щызыгъэзэщIэн хуейуэ къызыпэщыт ныбжьыщIэр, школ нэужьым, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ Мэзкуу мэкъумэш академием щIэтIысхьащ. Кэнжэ адыгэ жылэжьым къыщыхъуа щIалэщIэр жыджэрт, щIэныгъэм и насып зэрыхэлъым и нэщэнэу, еджэным хуэнэхъуеиншэт, жэщыбг хъуху тхылъым пэрысыфынут. И ныбжьым емылъытауэ, балигъынэкIэ гъащIэм пхыплъыф, Iуэхум нэхъыщхьэу хэлъыр псынщIэу къэзыпхъуэтэф Пщыкъан и Iулыджым академием зыкъыщызэкъуихырт. И пщIэр зэрилъытэжым, гупсысэ къабзэхэр къызэрыбгъэдэкIым, зэрыакъыл жаным папщIэ, студентхэм «и лъым мафIэ хэтщ» жаIэрт.
- ЕджапIэ нэужьым Таум жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэнатIэхэр ирихьэкIащ. Ар ящыщщ IуэхущIафэ хьэлэлкIэ, дуней тетыкIэ дахэкIэ мы гъащIэм зи увыпIэ щызыубыдыжахэм. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ Пщыкъан зыщигъэгъупщакъым кърагъэза дзыхьыр зыхуэдэр. А псор IупщIу хыболъагъуэ къызэринэкIа илъэсхэм. КъулыкъущIэхэр Iэджэу зэщхьэщедз. Таум къыдекIуэкIыр унафэ щIыкIэм и нэщэнэ нэхъыфIхэрщ. И гур псоми яхузэIухащ, зэпIэзэрытщ, ныбжьэгъу пэжщ, тегъэгушхуакIуэ-узэщIакIуэщ. Илэжь, зэфIигъэкI Iуэхухэр цIыхухэм, гъащIэм, псэуныгъэм зэрехьэлIар и напщIэм телъщ.
- Тау Пщыкъан щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэм къыщIэкIащ икIи къытрыригъэдзащ. Абы игъэхьэзыращ республикэм и экономикэм пIалъэ кIыхькIэ зэрызиужьынум тещIыхьа программэхэр. Республикэм и Парламентым и депутату щыщытам жэрдэм купщIафIэхэр къыбгъэдэкIащ. Псалъэм папщIэ, «Инновацэ лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэрым и законыр къызэращтам Пщыкъан и фIыщIэ хэлъщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, КъБР-м и промышленнэ IэнатIэхэр щIыналъэм и экономикэ комплексым и лъабжьэр къызэзыгъэпэщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Таум и жэрдэмкIэ Налшык щрагъэкIуэкIауэ щытащ щIыналъэ экономикэм пыщIа гугъуехьхэр щызэпкъраха япэ щIэныгъэ-практикэ конференц.
- УпэщIэувэкIи пхуигъэкIуэтынутэкъым
- «ЩIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ Пщыкъан адрей депутатхэм къахэщырт и жыджэрагъкIэ, и Iуэху еплъыкIэхэр зэрыпхигъэкIыным ерыщу хущIэкъуу, зытепсэлъыхь Iуэхухэм нэсу зэрыхищIыкIыр наIуэу. Таум упэщIэувэкIи пхуигъэкIуэтынутэкъым икIи и гупсысэр пхуегъэхъуэжынутэкъым. Апхуэдэу зэрыщытым депутатхэр щызэгуигъэп, абы и Iуэху еплъыкIэхэм арэзы щытемыхъуэ куэдрэ къэхъурти, къедауэрт, ипэжыпIэкIэ Пщыкъан захуэу щытми, — игу къегъэкIыж УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и 1 — 3-нэ зэхуэсхэм я унафэщIхэм я къуэдзэу, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъуу лэжьа Федченкэ Людмилэ.
- Нэхъыбэм дощIэж лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди республикэми Урысей Федерацэми щыщыIа щытыкIэ гугъур. Ельцин Борис зи пашэ гупым къэралым и политикэр, и ухуэкIэр зэрахъуэкIыну къыщрагъажьэм, Таур облсовпрофым и тхьэмадэти, яхуэмыгъэзэкIуэжыну бэлыхьлажьэ гуэр къызэрыхъунур псынщIэу къыгурыIуат. «Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ», — жыхуаIэрати, къэралыгъуэшхуэр зэтрагъэщахэ-ри, цIыху лажьэншэхэр бэлыхь хэмыкIыжым хадзат. Iуэху зехьэкIэ мыхъумыщIэхэм псэуныгъэм пыщIа хабзэ зэтеувахэр зэтракъутэрт, «рынок» фIащауэ ди гъащIэм пхузэмыгъэзэхуэжын зэхъуэкIыныгъэхэр къыхалъхьэрт, IэнатIэхэр зэхуащIыжырт, щхьэхуещэхэм къэрал мылъкур зэхадыгъуэрт.
- ЦIыхубэм я хуитыныгъэхэм епхауэ Хэкум къыщрахьэжьа Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэм дызыхуашэр хьэлэбэлыкърэ зэщымыщхъуныгъэрэт. Апхуэдэ зэрыхьзэрийхэр ди республикэм къызэрыщымыхъеяр Пщыкъан хуэдэ цIыху зырызхэм я цIэм ирапхырт. ЖыпIэнурамэ, абы и щIэныгъи, и къаруи, и зэфIэкIи ирихьэлIэрт, властымрэ лэжьакIуэбэмрэ зызэпашэу, цIыхухэр уэрамым къыдэмыхьэным.
- Бэм я гум къипсэлъыкIыу
- А зэманым Тау Пщыкъан ткIийуэ япэщIэувэн хуей хъуащ республикэм реформэ щезыгъэкIуэкIхэм ящыщу профсоюзхэр зэкъуэзычыну хущIэкъуахэм. 2000 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м зэхаша КъБР-м и ФНП-м и етIуанэ конференцым профсоюзхэм я щIыналъэ организацэм зэреджэр щахъуэжащ. А илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ФНП-мрэ IуэхущIапIэхэм я профсоюзхэмрэ я лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэр, и унэтIыкIэр ирагъэфIэкIуащ, рынокым и лъэхъэнэм IэнатIэм и зехьэкIэм мы-Iейуэ зыхуагъэсащ, профсоюз зэщIэхъееныгъэм и иджырей идеологиер пхыгъэкIыным хуэгъэзауэ куэд зэфIагъэкIащ, социальнэ зэдэлэжьэныгъэр зэпымыууэ ирагъэфIэкIуащ. Таур зи пашэ федерацэр щIэмычэу хущIэкъуащ социально-экономикэ IэнатIэм пыщIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм хуаIэ еплъыкIэр республикэм и Iэтащхьэм, Парламентым, Правительствэмрэ жылагъуэмрэ я деж зэрынихьэсыным. Апхуэдэуи, а зэманым Таум игъэнэхъыщхьэу къыдекIуэкIа псор щигъэбелджылыжа и тхылъхэр гъэзэщIакIуэ, хабзэгъэув IуэхущIапIэхэм яритащ.
- Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр щиунэтIа зэманым Пщыкъан гуащIэрыпсэухэм я къыщхьэщыжакIуэ нэсу зыкъигъэлъэгъуащ, республикэм и социально-экономикэ щытыкIэр тэмэм, жылагъуэм зыщызыубгъу ткIиягъыр къыщыгъэщэбэным къаруушхуэ ирихьэлIащ. Абы и щыхьэтщ и Iуэху еплъыкIэхэр щызэпкърихыу зэман зэхуэмыдэхэм къытрыригъэдза тхыгъэ купщIафIэхэр. Къапщтэмэ, апхуэдэщ «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуа «Ухуэныгъэ IэнатIэр лъэрызехьэ щIын» (2006 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м), «Лъэпощхьэпохэр къызыхэкIыр» (2006 гъэм шыщхьэуIум и 23-м), «ЦIыхупсэм и къабзагъэр» (2009 гъэм шыщхьэуIум и 12-м), «ЩIалэгъуалэм заужьынымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яхузэфIэкIынур» (2009 гъэм фокIадэм и 5-м), «ЦIыхухэр зэкъуэзыгъэувэ къару» (2009 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м), «Къэбэрдей-Балъкъэрыр хьэщIэхэм пщIэ щыхуащI щIыналъэщ» (2010 гъэм шыщхьэуIум и 18-м), «ЛэжьакIуэбэм я къыщхьэщыжакIуэ» (2010 гъэм фокIадэм и 21-м), «Узыншагъэм нэхъыщхьэ щыIэкъым» (2011 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м), «ЗэфIэдгъэкIахэр мащIэкъым, нэхъыбэж къытпэщытщ» (2012 гъэм мазаем и 6-м), нэгъуэщI куэди. КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу, гъэхуауэ а тхыгъэхэм Таум къыщиIуэтахэр, Iуэху еплъыкIэу щызэпилъытахэр нобэрей ди гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Нэхъыщхьэжращи, бэм я гум къопсэлъыкI.
- Жылагъуэ палатэм щыщыIам
- Урысей Федерацэм Жылагъуэ палатэ къыщызэрагъэпэщу щIадза нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы и япэ гупым 2005 гъэм хагъэхьар нэ жанкIэ гъащIэм пхыплъыф, екIуэкI Iуэхухэм нэхъыщхьэу хэлъыр куууэ зэпэзышэчыф Тау Пщыкъанщ. А зэманым УФ-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэт академик цIэрыIуэ Велихов Евгений. ЩIэныгъэлI щэджащэм и зэфIэкI лъагэхэм щыгъуазэт ди къэралми хамэ щIыналъэхэми я еджагъэшхуэхэмрэ политикхэмрэ. Тау Пщыкъан УФ-м и Жылагъуэ палатэм щызэфIиха лэжьыгъэфIхэм я щыхьэт наIуэт абы езы Велихов дыдэр къызэрыхущыта щIыкIэр. Аращ зи жэрдэмыр Таур КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и япэ (2009 гъэ), етIуанэ (2012 гъэ) зэхуэсхэм я тхьэмадэу ягъэувауэ зэрыщытари.
- «2009 гъэм къыщыщIэдзауэ сэ Жылагъуэ палатэм сыщылэжьащ, Таум и къуэдзэ къалэныр згъэзащIэу. КъызэдгъэпэщагъащIэ IэнатIэм и лэжьыгъэр зэтеублэн хуейт, властымрэ Жылагъуэ палатэмрэ я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъу, цIыхубэм яфI къызэрыкIын Iуэхугъуэхэр зэфIэхыпхъэт, — къыпещэ и псалъэм Федченкэ Людмилэ. — Арами, Пщыкъан къэлэнджакъым, республикэм, бэм я сэбэп зыхэлъхэр дэгъэкIыным зи гъащIэ псор тезыухуа щIэныгъэлI, унафэщI IэкIуэлъакIуэр еувалIэри, IуэхущIэр иригъэжьащ, я хэщIапIэу щытынур игъэбелджылыри, IэщIагъэлI Iэзэхэр къыхихащ, зыхуеину Iэмэпсымэхэр, техникэр зэригъэпэщащ. Тау Пщыкъан нэхърэ нэхъыфIу а Iуэхур зэфIэзыхыфыни щыIэу къыщIэкIынтэкъым. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм ягъэува нэужь, абы и акъылыфIагъыр здынэсыр абдежым нэхъри нэхъ гурыIуэгъуэ щыхъуащ. Къэрал, жылагъуэ IэнатIэхэм я пашэу илъэс куэдкIэ лэжьа Пщыкъан иубзыхуащ ди жылагъуэ палатэр зэрылэжьапхъэ планыр, зэман кIэщIым зэфIигъэкIыпхъэхэмрэ абыхэм къакIэлъыкIуапхъэ Iуэхугъуэхэмрэ наIуэ къищIу. А псоми щегупсыскIэ, Пщыкъан гулъытэншэ ищIыртэкъым республикэм щыщыIэ социально-политикэ, жылагъуэ-экономикэ щытыкIэхэр. Абыхэм ящыщу Таум япэ иригъэщат щIыналъэм щытепщэ хъуа экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэщIэувэныр. А Iуэхугъуэр абы къыщыхилъхьат Жылагъуэ палатэм и япэ дыдэ зэIущIэм. Абы къыдэкIуэу, Пщыкъан и унафэм щIэту, Жылагъуэ палатэм хэтхэм республикэм и щIыпIэ псоми щедгъэкIуэкIат цIыхубэ зэхуэсхэр, абыхэм къыщызэдгъэпэщат ди IэнатIэм и къудамэхэр».
- А щIыкIэм тету, Жылагъуэ палатэм къыщаIэтащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхухэм, демографие щытыкIэм, щIыуэпсыр, щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, ди республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми епха Iуэхугъуэ куэд. Палатэр нэсырт хьэрычэтыщIэу щымыт зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэми. А Iуэхугъуэ псори гулъытэншэу къыщынэртэкъым ди унафэщIхэм я деж. Езы Велиховым зэрыжиIэти, КъБР-м и Жылагъуэ палатэр халъытэрт езым хуэдэ щIыналъэ IэнатIэхэм я нэхъыфIхэм. Ар и фIыгъэт, псом япэрауэ, абы и унафэщI, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ щыпкъэ икIи зэхэщIыкI куу зиIэ Тау Пщыкъан Къес и къуэм.
- Республикэм граждан жылагъуэ щызэфIэувэным, зыщиужьыным а цIыху гъуэзэджэм, Тау Пщыкъан, зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ. Абы теухуа псалъэхэр ирикъун папщIэ, жытIа псоми дэщIыгъужыпхъэщ Пщыкъан дахэу уэрэд зэрыжиIэри, ар екIуу усэ къызэреджэри. Таур щылажьэ стIолым сытым дежи куэду телъщ тхакIуэ, усакIуэ, философ цIэрыIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэр. Ар апхуэдизкIэ гурыхуэщи, зи щIалэгъуэ куэд ехъуэпсэнри хэлъщ. КъинэмыщIауэ, Пщыкъан уепсэлъылIэнми IуэхукIэ зыхуэбгъэзэнми зыри хэлъкъым — зыми емыпэгэкI цIыху тыншу къэнэжащ ар.
- Мы зэманым экономикэ щIэныгъэ-хэм я доктор Тау Пщыкъан КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Эксперт-аналитикэ IуэхухэмкIэ советым и унафэщIщ. Нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми я деж пщIэшхуэ щызиIэ тхьэмадэм и ныбжьыр нобэ илъэс 85-рэ ирокъу. Пэжыр япэ изыгъэщ, зи сэбэп куэд цIыхухэм езыгъэкIа Тау Пщыкъан и лэжьэкIэр, и Iуэху зехьэкIэр иджыпстуи щапхъэщ. Абы щIыхь пылъу къызэринэкIащ гъащIэм и нэпкъыжьэу къыжьэхэуахэри, зэхъуэкIыныгъэ кIыхьым къыдэунэхуауэ щыта гугъуехьхэри.
- НэхъыжьыфIым, хэкупсэ нэсым дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, и къарурэ и зэфIэкIрэ мыкIуэщIу, лъэпкъым, Хэкум фIы зэрахуилэжьыным хущIэкъуу иджыри куэдрэ псэуну.
- АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.