ЛIыхъужьым и гъуэгу
2022-05-14
- Ачмыжь Айдэмыр къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу
- Къурей губгъуэжьыр къызэбнэкIрэ Сэтей щхьэпцIанэм уиту зы теуэгъуэ хуэдиз укIуэцIрыкIмэ, адыгэхэр НэкусхьэблэкIэ зэджэ нэгъуей жылэр, нобэ Новкус-Артезиан фIэщыгъэр зезыхьэр, щысщ. Къуажэр мыин дыдэми, зэгуэр цIыху куэд щыпсэууэ щытащ, тхыдэ гъэщIэгъуэни иIэщ. Адыгэхэр псатхьэ жылэкIэ зэджэ къуажитIым зыр Нэкусхьэблэщ, етIуанэри — Псыхуабэ пэмыжыжьэу щыс Къанлыщ. Пхъурылъху жылэщ жаIэурэ пщIэ хуащIу, якIэлъыкIуэу, езыхэри щIэх-щIэхыурэ адыгэхэм къахыхьэу щытащ. Ди лъэпкъым и гугъу ящIрэ и цIэр къраIуэмэ, нэгъуей цIыхубзхэр зэщIотаджэ, щIыжаIэри аращ — я бзылъхугъэ нэхъыжьхэр адыгэхэм ящыщт, фIэлIыкIрэ пщIэрэ зыхурагъэщIат. Нэгъуейхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм дытепсэлъыхьын хуей щIэхъум зы щхьэусыгъуэ иIэщ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Нэкусхьэблэ деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм и щхьэр хилъхьащ къызыхэкIа лъэпкъым и цIэр щытхъу дахэ пылъу кърезыгъэIуа, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Ачмыжь (кIахэ адыгэбзэкIэ — Ацумыжь) Айдэмыр. Шур щепсых и мащэщ, жаIэ адыгэхэм. Айдэмыр Нэкусхьэблэ щыщIалъхьэжащ, и кхъащхьэри нобэр къыздэсым щызэрахьэ.
- Хэку зауэшхуэм хэкIуэда дэтхэнэми и кхъащхьэм гулъытэ иIэщ, ар щыгъэтауэ, хэгъэгум и нэIэ тету зэрахьэ жызыIэн щыIэнщ. Ар пэжщ. Уеблэмэ Нэкусхьэблэ и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм хэкIуэдахэр зыщIэлъ къуэшыкхъи къуажэм дэтщ, хуэфащэ пщIэ щигъуэту. Ачмыжь Айдэмыр и кхъащхьэр щхьэхуэу зэрыщытракъым и цIэр нэхъыбэрэ къыщIраIуэр, атIэ щIалэр адыгэм къызэрыхэкIам къуажэдэсхэр щыгъуазэу, анэш хьэкъкIэ къатехуэ гулъытэр зыхуэдизыр нэкусхьэблэ нэхъыжьхэм зэдащIэжу зэрыщытращ. Дапщэщи къуажэм дыхьэ — уадыгэу къащIамэ, нэхъ нэ лейкIэ къоплъынущ. Нэгъуейхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр джаур зауэжьым зэпиудауэ щытами, хуитыныгъэм щIэзэууэ зи псэр зыта щIалэм Iэджэ гукъэкIыжи къызэщигъэужыгъат… Нэкусхьэблэри а гукъэкIыжхэм Iулыдж хуищIу нобэми къогъуэгурыкIуэ.
- Суворов Александр, Кутузов Михаил, Хмельницкий Богдан я щIыхькIэ щыIэ орденхэр зыхуагъэфэща, Бэракъ Плъыжьыр зезыхьэ 10-нэ Псыжь-Слуцк гвардие къэзакъ шуудзэм IэщэкIэ зэщIэузэда и 2-нэ гвардие шуудзэ щхьэхуэм и топузэд, гвардием и зауэлI Ачмыжь Айдэмыр Ахьмэд и къуэр 1912 гъэм гъатхэпэм и 22-м Шапсыгъ щIыналъэм хыхьэ ШэхэкIеишхуэ къуажэм къыщалъхуащ, хабзэшхуэрэ зэгурыIуэрэ зэрылъ унагъуэми къыщыхъуащ. Зы анэ къилъхуахэм я зэхущытыкIэн хуейм щегъэжьауэ цIыхум яхыхьэмэ къыдалъагъупхъэ щэнхабзэхэм щыщIэкIыжу щапхъэмрэ бзыпхъэмрэ щIапIыкI щIалэм пасэу къыгурыIуащ гъэсэныгъэм и мыхьэнэр зыхуэдэр. Нобэ нэхъыжьыгъэр къызылъысауэ ШэхэкIеишхуэ дэс тхьэмадэхэм къыжраIэжауэ щытауэ ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, Айдэмыр егъэлеяуэ цIыху щыпкъэт, зэпIэзэрытт, укIытэшхуэ хэлът, и Iэдэбагъым узыщигъэукIытэрт. Къепсалъэм жиIэр и кIэм нимыгъэсауэ зэпиудынутэкъым, ар къэгъэнауэ, езыри тIэкIу емыгупсысауэ и псалъэр абы занщIэу пигъэувэнутэкъым. Абы къыхэкIыу зэрыщIалэрэ жьыи щIэи къыфIэлIыкIыу щытауэ жаIэж.
- Айдэмыр фIэгъэщIэгъуэн дыдэт къэзыухъуреихь дунейм и ухуэкIэр, абы и щэхухэр зригъэщIэну хущIэкъурт, бгыхэм дэкIыныр, Iуащхьэхэм кIэрыхьэныр, псыхъуэхэм щызэхэзекIуэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Шапсыгъ нэхъыжьхэм къабгъэдихауэ щалъхуа хэкум и дэтхэнэ щIыпIэми теухуа хъыбар бжыгъэншэхэм щыгъуазэт, удихьэхыуи къиIуэтэжыфырт. «Ачмыжьхэ я щIалэм Шапсыгъыр къыкъуэнэжыну и хъыбарыр гукIэ зэрегъэзахуэ», — жаIэу и щIэжым цIыхур къехъуапсэу гурыхуэт. Арагъэнущ лъэпкъ IуэрыIуатэхэр зэхуахьэсыжыну шапсыгъ лIыжьхэм я деж къакIуэ щIэныгъэлIхэр япэщIыкIэ Айдэмыр IущIэу, зытекIухьа Iуэхум и къегъэжьапIэ хъунур абы деж щызэрагъэпэщу щIыщытар.
- ЗэрыцIыкIурэ еджэным и гур етауэ къызэрытэджари нэхъыжьхэм я Iущыгъэу зыхилъхьари зэхыхьэжауэ къыщIэкIынущ Айдэмыр еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну щIытегушхуар, бгъэдэлъ щIэныгъэм щIэблэр щигъэгъуазэу лэжьэн гуращэр къыщIыхихар. Ачмыжьым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Мейкъуапэ дэт училищэр 1937 гъэм къиуха нэужь, Краснодар дэт институтым и щIэныгъэм щыпищащ. ЩIалэм къыхихар географием пыщIа IэщIагъэрщ. ЕгъэджакIуэу лэжьэну хуит зыщI тхылъыр къыщыIэрыхьэм, Айдэмыр Шапсыгъым игъэзэжри, къыщыхъуа ШэхэкIеишхуэ къуажэм тIэкIурэ щылэжьащ. ЩIалэ жаным и Iуэху щIэкIэм щIэх гу къылъатащ икIи адыгэ къуажэ пхыдзахэм языхэзым, ФIеикъуэ жыхуаIэм, дэт еджапIэм и унафэщIу ягъэуващ. Абдеж Iуэхур щызэтриублэм, Хьэджыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэр зэрихьэну ягъэкIуащ. Айдэмыр щылэжьа къуажэхэм псоми лъэужь дахэ къыщигъэнащ, нобэр къыздэсым ящымыгъупщэжауэ и гугъур щащIуи зэхэпхынущ.
- ГъащIэм Iэджэ гугъапIэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ ирипхырт щIалэм. ПщIэ зыпылъ лэжьыгъэ иIэт, еджэныр иухыу игъэзэжа нэужь унагъуэ дахэ иухуат, и щхьэгъусэ Хужь дигъуэтат Александр зыфIища щIалэ цIыкIур. АрщхьэкIэ зауэм Iэмал къритакъым и щIалэ закъуэм гу щихуэну. 1941 гъэм къэхъея зауэ мэхъаджэм Iэджэ унагъуэ насыпи кърикъутэхыгъащ… ЕджапIэр къигъанэу зэуапIэм Iухьэну Айдэмыр мызэ-мытIэу лъэIуа щхьэкIэ, зыри къикIыртэкъым, IэнатIэ ирихьэкIыр зригъэтIылъэкI мыхъуну къыжраIэурэ къыхуадэртэкъым. Апхуэдэурэ мазэ зыбжанэ кIуауэ, щалъхуа къуажэм щыщ щIалэхэм зауэм дэкIыну зыкъыщаIэтым, и напэ ебэкъуэфакъым — къалэмыр игъэтIылъри, Iэщэр къищтащ, и Хэку, и жьэгу, и унагъуэ къащхьэщыжыну.
- «Зэры-Шахэпэу заIэт,
- Iэщэ зыщтахэр дошэсыкI,
- ЩIылъэр къэщтами,
- Шапсыгъ щIалэхэр къэщтэнкъым», — жаIэурэ щIалэхэр дэкIащ, я псалъэри ягъэпэжащ.
- Дзэ Плъыжьым хэхуа щIалэщIэхэр Шапсыгъ щIыналъэм дзэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и къулыкъущIапIэм 1942 гъэм мазаем топузэду 267-нэ шуудзэ щхьэхуэм (1942 гъэм и шыщхьэуIу мазэм 2-нэ гвардие шуудзэ хъуам) и 2-нэ батареем хигъэхьащ. Батареер IэщэкIэ зэщIэузэда 4-нэ гвардие къэзакъ шуудзэм хэту зауэм Iухьауэ щытащ. «ПсэзэпылъхьэпIэм ихуащ» жыхуаIэр зищIысыр япэ махуэ дыдэхэм зыхищIащ Айдэмыр. «МылIэжын щыIэкъым, фи пIэщхьагъ фытелъу фи псэ хэкIми, зэуапIэм фи псэр хэфлъхьэми, фылIэнущ. Ауэ лIэным лIыгъэ хэлъщ, фи щIыбыр бийм евмыгъэлъагъу, мэхъаджэу факъыхущIэкI. Уэрэд уахътыншэр зыхуаусынухэм ящыщ фыхъу, хъуэн зрапэсым фыщIехъуэпсэн хэлъыххэкъым. Псэм ипэ напэр ивгъэщ, щIалэхэ!» — жаIэу нэхъыжьхэр къазэреущияр зи тхьэкIумэм имыкI щIалэр езыми куэд дыдэ зэрелъытар зыдищIэжу IэнатIэм пэрыуващ. Зэгуэр щIалэ щэхуу щытар къыпхуэмыцIыхужыну, шынэ жыхуаIэр зимыIэ лIыхъужьу, гушхуэ зыкIуэцIылъ зауэлI хъыжьэу зыкъигъэлъэгъуащ, цIыху гъащIэмрэ мамырыгъэмрэ я уасэр нэсу зыхищIэу лIыпIэ иуващ. Айдэмыр лIыгъэ щигъэлъагъуэу КъалэIус губгъуэм (Шкуринскэ икIи Кущевскэ станицэхэм я Iэгъуэблагъэм) 1942 гъэм и шыщхьэуIу мазэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэтащ. Куэд дыди дэмыкIыу ШэхэкIеишхуэм хъыбарыр дэз хъуащ — я къуажэгъу щIалэ Ачмыжь Айдэмыр зэрихьа хахуагъэм папщIэ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
- КъалэIус губгъуэм зэрыпхъуакIуэхэр щыхагъащIэу текIуэныгъэр къыщахьа нэужь, советыдзэм а мазэ дыдэм Мейкъуапэ — ТIуапсы лъэныкъуэмкIэ зыкъигъэзащ. Хуарзэ Iуфэм, Куэшхьэблэрэ ХьэкIэмзейрэ я зэхуакум щекIуэкIа зауэ хьэлъэми хэтащ Ачмыжьыр. Мыбдежи щысхьырабгъу имыщIэу бийм щезэуащ адыгэ щIалэр. Жэщи махуи ямыщIэу советыдзэм къебгъэрыкIуэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Ачмыжьыр Iэщэ ихакIэ щахэлъадэм, къызэщIиIэта зауэлIхэм бийр Iэнкун ящIат, зыкъэщIэжыгъуэ ирамыгъахуэуи ирагъэкIуэтат. Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къы-щыхуагъэфэщар а зэхэуэм иужькIэщ.
- Айдэмыр зыхэт шуудзэр 1942 гъэм шыщхьэуIум и 10-м Гудермес лъэныкъуэмкIэ ядзащ. КавказщIыб фронтым хэту IэщэкIэ зэщIэузэда 2-нэ гвардие шуудзэ щхьэхуэр Сэтей щхьэпцIанэм мазищкIэ щызэуащ, Кудэкъуэ цIыкIу (Владимировкэ), Къамылыкъуэ (Камыш-Бурун), Шыгъукъуэ (Ачикулак) жылагъуэхэри щхьэхуит къащIыжащ. Ачмыжь Айдэмыр и унафэм щIэт 2-нэ батареер зрапха 36-нэ гвардие шуудзэр жэщым, 1942 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м, нэмыцэхэм уащхъуэдэмыщхъуэу ятеуэри, Нэкусхьэблэр къыIэщIахыжащ, Мэздэгурэ Буденновскрэ зэпызыщIэ гъуэгуми ахэр фIыуи пыIуидзащ. Нэмыцэдзэм и дзэ унафэщIхэм (Вермахтым) мы гъуэгум мыхьэнэшхуэ иратырт, сыт къэмыхъуами ар яубыдыжыну хущIэкъурт. Арагъэнущ Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэда икIи зэгъэпэща нэмыцэдзэр мы щIыпIэм къыщIриутIыпщхьари.
- Нэкусхьэблэр щIэрыщIэу яубыдыжын щхьэкIэ етIуанэ махуэм зэрыпхъуакIуэхэр къебгъэрыкIуэу, ягъуэт хэщIыныгъэм щхьэкIи къамыгъанэу къуажэм къытегуплIэу хуежьащ. АрщхьэкIэ дыхьэфакъым, ирагъэкIуэтащ — Ачмыжь Айдэмыр и зауэлI къалэныр и кIэм нэс игъэзэщIащ…
- Лэгъунэ нэщIым къыщIэна Ачмыжь Хужь къыхуэкIуа щыгъуэ тхылъым мыпхуэдэу итщ: «… Зауэр къыщызэщIэплъэм, бийм и топышэр Ачмыжьыр зыхэт расчётым къытехуэри, псори зэтриукIащ, езы Айдэмыр уIэгъэ хъуащ. Ауэ абы щхьэкIэ къимыгъанэу, щIалэр топым еувалIэри, сыхьэтихкIэ бийм езауэу бгъэдэтащ, танк 11-м ящыщу 5-р къигъэуэн лъэкIащ. Советыдзэм щыщ дэIэпыкъуэгъухэр къэсыху Айдэмыр биидзэр зэтриIэжьащ, къуажэри яригъэубыдакъым…». Зауэ мафIаем зи щхьэр хэзылъхьа щIалэм и цIэм къыщымынэу, зыщыщ лъэпкъ уардэм и цIэри къыхощ зи гугъу тщIа щыгъуэ тхылъым: «Адыгэ Хэкум (Черкесием) и къуэ хахуэ, гвардием и зауэлI Ачмыжь Айдэмыр бийм и пащхьэ къыщыскIакъым, лIыгъэ хэлъу и псэр Хэкум и хуитыныгъэм щIитащ».
- Нэкусхьэблэдэсхэм куэдрэ ягу ихуакъым а зауэ лъыкIпсыкIыр. ЩIытIым увыIэгъуэ имыIэу къилъэлъ топышэр зэпыуа пэтми, биидзэр абдеж къекIуэлIэну куэдрэ зэрыримыкуам, псэ зыхэмытыж щIалэ хъыжьэм къыбгъэдыхьэнуи дзыхь зэримыщIам и хъыбарыр тхыдэм къыхэнащ…
- Адыгэ щIалэм и лIыгъэр фронтым псынщIэ дыдэу щызэлъащIысащ. Айдэмыр зэрихьа хахуагъэм хуищI пщIэмрэ Iулыджымрэ я щыхьэту, Хэку зауэшхуэм хэта усакIуэ Исаков Андрей «Унафэр игъэзащIэу» зыфIища усэр а лъэхъэнэм зэIэпахыу зауэлIхэм яIыгъащ, макъами щIагъэувэжри уэрэду жаIэу къекIуэкIащ. Усэу къежьар гъуэгурыкIуэ уэрэду зауэлIхэм зыкъомрэ къадэгъуэгурыкIуащ. Зауаем и бахъэр цIыхум щащхьэкIым, Нэкусхьэблэ и Iэгъуэблагъэм щыкIуэда щIалэхэм я хьэдэхэр губгъуэм кърахыжри, къуажэм щыщIалъхьэжащ, Ачмыжь Айдэмыри иужьрей увыIэпIэр абдеж щигъуэтащ…
- СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1943 гъэм гъатхэпэм и 31-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, ШэхэкIеишхуэм къыдэкIа адыгэ щIалэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыхуагъэфэщащ. Езым имылъагъужами, адэм, адэшхуэм и лIыгъэр зи напщIэм телъ бын хъарзынэ къыщIэнащ, лъэужь дахэ къэзыгъэна лIыхъужьым и фэеплъыр я гум имыхуу, хуэсакъыу яхъумэу.
- Пэж дыдэу, адыгэ лIыхъужьым и фэеплъ гъуэгур фIэрафIэу къыщIэкIащ. Хэку зауэшхуэм и музей нэхъыщхьэм хэт Дзэ ЩIыхьым и Унэм дыщэпскIэ блыным къыхэIущIыкIащ ЛIыхъужьым и цIэр. Мэзкуу дэт ТекIуэныгъэм и Паркым и музейм цIыхуу щыпэкIур къыпхуэмылъытэным хуэдизщ — дэтхэнэми Iэмал иIэщ адыгэ щIалэм и цIэ-унэцIэр щызэхахыну, зэрихьа лIыхъужьыгъэм и хъыбарым щыщIэдэIуну.
- Айдэмыр и псэр щита щIыпIэм, Нэкусхьэблэ деж, 1962 гъэм, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, езы къуажэри бийм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 20 щрикъум, и кхъащхьэм фэеплъ сын трагъэуващ. Мыбдежыр цIыху кIуапIэщ. Къуажэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэхэри, зэхуэсхэри, пэкIухэри щекIуэкIыр мы фэеплъ утыкуращ. Кхъэлэгъунэр къабзэу зэрахьэ, цIыхуIэ зэреIусэр, зэрагъэдахэр наIуэу. Къуажэдэс нэхъыжьхэр фэеплъым «анэшыкхъэкIэ» еджэу щытащ, езыхэр къэзылъхуахэр зэрыадыгэр ямыгъэгъуащэу, я лIыхъужьыр зэрыадыгэми иригушхуэу.
- ЛIыхъужьым и цIэр щалъхуа ШэхэкIеишхуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм фIащащ, 1963 гъэм и фэеплъыр абы и пщIантIэми щагъэуващ. Абы и закъуэкъым — Хьэджыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и блыным Ачмыжь Айдэмыр и теплъэр къызытещ пхъэбгъу кIэралъхьащ. Мазэ зыбжанэкIэ еджапIэ унафэщIу щылэжьа къуажэм и зы уэрамми абы и цIэр зэрехьэ. Айдэмыр егъэджакIуэуи унафэщIуи щылэжьа ФIеикъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэми абы и фэеплъ пхъэбгъу кIэралъхьащ. ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Мейкъуапэ дэт институтым и ЩIыхь блынми лIыхъужьым и сурэтыр фIэлъщ.
- ЛIыхъужьым и фэеплъыр зэрагъэлъапIэм и щыхьэтщ Нэкусхьэблэ дэт курыт еджапIэм и ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм «Ачмыжьхэр» («Ачмизовцы») цIэр зэрызэрихьэр, къуажэ музейми Ачмыжь Айдэмыр и цIэр зэрыфIащар. Зэгухьэныгъэм ухыхьэныр тынш дыдэкъым — фIыуэ уеджэу, нэхъыжьым хуэфащэ пщIэмрэ гулъытэмрэ хуэпщIу, щапхъэ зытрах ныбжьыщIэ губзыгъэ цIыкIуу ущытын хуейщ, «нэгъэсауэ у-Ачмыжьщ» къыбжаIэн папщIэ.
- Адыгэ щIалэм и фэеплъыр екIуу зэрахъумэр хьэкъ тщищIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэщIа, еджапIэм узэрыщIыхьэу IуплъапIэ дыдэм деж къыфIадза Ачмыжь Айдэмыр и сурэтышхуэм. И гъащIэ мащIэм еджапIэм щылэжьэну, сабийм яхэтыну, щIэныгъэкIэ цIыхум дэгуэшэну щIэхъуэпса щIалэм и нэгум утыкур къегъэнэху, хэт щIыхьэми и нэ къабзитIымкIэ щыму иригъэблагъэ хуэдэу къыпщохъу.
- … МащIэ псыи ежэха зауэр зэрыувыIэрэ, Iэджэ псэи кIуэжа дуней пэжым абы лъандэрэ, ауэ иджыри къыздэсым блэкIа Iуэхугъуэ бзаджэхэм ущегупсыскIэ гур ехуз, нэпс зэпымыужым итхьэлэу быным, анэкъилъхухэм, щхьэгъусэхэм щхьэкIэ тхьэ елъэIуу унэм къыщIэна адэ-анэхэм, къуэш-шыпхъухэм, щуIэгъэхэм ягъэва бэлыхьым узэхуешэ. Гум зыри ихужыркъым, мащIэу щыужьыхыу аращ, зэпымычу щыпIэжьажьэу. А илъэс бзаджаехэр зи нэгу щIэкIа нэхъыжь куэд нобэ къытхэмытыжми, яфIэкIуэда цIыхухэм хущIагъэкIа нэпсыр тлъэгъуащи, а нэпсри, нэпсыр зыхущIагъэкIахэри дэркIэ лъапIэщ. Ачмыжь Айдэмыр хуэдэ защIэщ зэуапIэ губгъуэм икIуэда псори, мамырыгъэр зи гум илъ, цIыхугъэр зи щапхъэ дэтхэнэ зыми абыхэм я фэеплъыр ямыгъэкIуэду яхъумэнущ. Аращ цIыхур уахътыншэ зыщIри.
- Тхыгъэри сурэтри зейр «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель
- ТАБЫЩ Муратщ.