МыкIуэдыжын лъэужь
2022-05-14
- Абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу
- Абхъаз Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат 1917 гъэм накъыгъэм и 12-м Члоу къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм иужькIэ, Сыхъум педагогикэм- кIэ техникумыр, кIэлъыкIуэу пединститутыр къиухащ, и щIэныгъэм аспирантурэм щыпищащ.
- 1938 гъэм дунейм къытехьащ Шинкубэм и япэ усэ тхылъыр, абы щыщIэдзауэ зы махуи игъэтIылъакъым къалэмыр, сыт хуэдэ къулыкъу пэрыхьа- ми: зыбжанэрэ хахащ абхъаз тхакIуэхэм я союзым и унафэщIу, Абхъаз Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафIэщI къулыкъур илъэс куэдкIэ зэрихьащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щы- тащ мызэ-мытIэу и гуащIэ нэгъуэщI жылагъуэ Iуэху куэдым хилъхьащ.
- Шинкубэ Бэгърат и усыгъэхэмрэ прозэмрэ абхъаз лъэпкъ литерату- рэр, уеблэмэ лъэпкъ тхыбзэр гъуэгуанэщIэ зэрытрагъэувам зыми шэч къытрихьэркъым. Абхъаз литературэр ирогушхуэ Шинкубэ Бэгърат и къалэмыпэм къыщIэкIа «Си лъэпкъэгъухэр», «Къуршым и пшыналъэ», «Мывэ къутахуэ» романхэм, «Чантэ къэсыжащ» повестым, нэгъуэщIхэми.
- Шинкубэм и IэдакъэщIэкI псоми къахощхьэхукI «ЖылакIэ» романыр. Ар дунейм къызэрытехьэххэу цIэрыIуэ хъуащ, бзэ куэдкIи зэрадзэкIащ.
- «ЖылакIэ» романым лъабжьэ хуэхъуар кавказ бгырыс лъэпкъхэм ящыщ зым — убыххэм — я щхьэм къарикIуа насыпыншагъэрщ. Абы и пэжыпIэр къиIуэтэжыфащ Шинкубэ. Къыхэгъэщыпхъэщ а романыр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIар усакIуэ, прозаик, драматург цIэрыIуэ Симонов Константину зэрыщытыр. Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар зэдзэкIакIуэ Iэзэ Къэрмокъуэ Хьэмидщ.
- Пэжыр жыпIэнумэ, Шинкубэ нэхъыбэу къыдэзыгъэцIыхуар «Жыла-кIэ» романырщ. Убыххэм я щхьэм кърикIуам триухуауэ щытми, а рома-ныр кавказ лъэпкъхэм я гум къипсэлъыкI тхыгъэщ. Адыгэ лъэпкъым и нэгу щIэкIа зауэ гуащIэр, ди нэгу къыщIегъэхьэ, итхым дыхешэри, куэд зыхыдегъащIэ псэкIэ.
- Къэрмокъуэ Хьэмидрэ Симонов Константинрэ адыгэбзэкIэрэ урысыбзэкIэ абхъазыбзэм кърахыу ди пащхьэ къыщралъхьэм псэщIэ иратауэ къэплъытэ хъунущ. Къапщтэмэ, Къэрмокъуэм и лэжьыгъэр икъукIэ лъэщ, гурыIуэгъуафIэ зэрыхъуар къыхэзгъэщынут. Ар, дауи, и фIыщIэщ Хьэмид тхыдэм, бзэм, IуэрыIуатэм теухуауэ щIэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъым.
- Убых лъэпкъыр нобэ щымыIэжми, абы я тхыдэр къэнащ. Апхуэдэ гуауэ зи натIэ хъуа куэди щыIэу къыщIэкIынкъым. Шинкубэ, мы романымкIэ зыхуигъэувыжа къалэныр къехъулIащ. Ар зытетхыхьыжар зы цIыху закъуэ и гъащIэкъым, лъэпкъ псом игъэвар дигъэлъэгъужащ. Убыххэм я нэгу щIэ- кIам хуэдабзэщ адрей бгырыс лъэпкъхэми — адыгэхэми, абхъазхэми, шэшэнхэми, осетинхэми, абазэхэми — я фэм дэкIар, я натIэ хъуар. Ауэ абыхэм я насыпщ: хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтами, убыххэм хуэдэу мыкIуэдыжыпэу, лъэпкъ мащIэу къызэтенэн яхузэфIэкIащ. А псоми я щхьэфэ йоIэбэ Шинкубэ и романымкIэ, и гур мэуз и лъэпкъым папщIэ. А гурыгъузымрэ и лъэпкъым хуиIэ фIылъагъуныгъэмрэ и лъабжьэу романыр къигъэщIын хузэфIэкIащ.
- ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Шинкубэ Бэгърат и ныбжьыр илъэс 87-м иту, 2004 гъэм мазаем и 25-м дунейм ехыжащ. Езыр мыпсэужми, и IэдакъэщIэкIхэр, и усыгъэхэр, и романхэр цIыхубэм зэIэпах. МыкIуэдыжынщ абы къигъэна лъэужь дахэр.
- Уэркъ Жыраслъэн.