Адыгэхэр Кърымым
2022-05-14
- Нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм VIII лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Константинополь патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодоро зыфIаща щIы- налъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIурылъыр пасэрей герман лъэпкъыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, IX лIэщIыгъуэхэм алыджыбзэр къызэдащтащ. ХытIы-гуныкъуэм лъэпкъ куэд щызэхэст, сондэджэр бжыгъэншэхэр къекIуалIэрт, ауэ щыхъукIи, зэгурыIуэну зы бзэ яIапхъэти, гъуэтыбзэр къыхахауэ, псоми яIурылът. Арами, а зэман жыжьэм абы щыIурт адыгэбзэри!
- ХV лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу хытIыгуныкъуэр щIыналъэ 26-уэ гуэшауэ, я дзэ яIэжу, мывэ къалэхэмрэ чэщанэ лъагэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ щIыпIэ телъыджэ къызэрыгъэхъуащ. Абы и Iуфэм щызэхэзекIуэрт пасэрей хьэрычэтыщIэхэмрэ сондэджэрхэмрэ. 1475 гъэм щыпсэурт цIыху мин 200-м щIигъу.
- ЗэрыжытIауэ, «Кърымыжьым» теса лъэпкъхэм яхэтащ адыгэхэри. Уеблэмэ абы и щIыналъэ 26-м языр (Керч хы тIуалэм нэхъ и гъунэгъуу) адыгэ уэркъ Миллен ейуэ щытащ. Феодоро и нэхъ зыужьыгъуэм дзэ-политикэ зэгурыIуэныгъуэхэр иращIылIащ хы мыдрыщI къыщыс Адыгэ хэкум (Чер-кесие) ис адыгэхэм. Апхуэдэу хытIыгуныкъуэм куэду Iэпхъуащ ди лъэпкъэгъухэри осетинхэри (аланхэр), ермэлыхэри, нэгъуэщI куэди.
- Адыгэр дэнэкIэ щыIэми, и IэщэфащэкIэ, хабзэкIэ, хьэлкIэ кърипцIыхужыну псоми къахощхьэхукI. Кърымыжьым и тхыдэми къыхощыж адыгэлI хъыжьэхэр. Шэрджэсхэр зауэлI ха- хуэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, ахэр хъумакIуэу къащтэрт генуэз сондэ-джэр къулеижьхэмрэ иужькIэ хытIы- гуныкъуэр зыубыда монгол бейхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, Къаффэ адыгэ хьэблэ иIэт, Къарэсубэзэр пэмыжыжьэу, бгылъэмкIэ, — Бахъсэн къуажэр щыст.
- Адыгэ уэркъхэм я къулыкъур екIурэ-ещхьу зэрахьым къыхэкIыу, Феодоро и унафэщIхэм абыхэм къыхуагъэфа-щэрт лъапсэ къещIэкIахэр, щIы пшэрхэр, къедза жылэхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ щIыгъуу. Абы щыхьэт тохъуэ щIыналъэ зэпылъыпIэхэм деж щыса, Кърымыжьым и гъунапкъэхэр зыхъума адыгэхэм я Iэщэ, хьэкъущыкъу, фащэ, Iэмэпсымэхэр къызэрыщагъуэтыжар. Феодоро и къалащхьэми — Мангуп Къалэ — адыгэ зауэлIхэм увыпIэшхуэ щаубыдырт. Къалэмрэ абы и унафэщIымрэ зыхъумэр адыгэ защIэт, дзэ-политикэ и лъэныкъуэкIэ унафэ зыщIхэм шэрджэс уэркъхэри яхэтт. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Мангуп Къалэ удэмыхьэ щIыкIэ жэней адыгэ жылэ щысащ. Абы и щыхьэтщ, Жэней цIэр зэрихьэу ауз зэрыщыIар Кърымыжьым.
- Адыгэхэм яIыгъа щIыпIэхэм я цIэр зэрахьэу лIэщIыгъуэ куэдкIэ къекIуэкIащ. Псалъэм папщIэ, Бахъшысэрей щIыналъэм хиубыдэ Черкес Кермен (Шэрджэс БыдапIэ) жылагъуэр 1945 гъэращ щыкIуэдыжар. Феодоро и ищхъэрэ гъунапкъэм деж щыса адыгэхэр зыIус Бэлбэч псым и зы къудамэм Къэбартэ фIащауэ щытащ. Иджыри зы щIыпIэ — нобэкIэ ГолубинкэкIэ зэджэр пасэрей зэманым Фоты-къалэ (фо зыт) адыгэ жылэу щытащ. Ди лъэпкъэгъухэр зэрыщыпсэуам щыхьэт техъуэ хьэпшыпхэр къыщыщIахыжащ Сюйрен быдапIэм, Алус-тон, Фунэ, Кучук-Ламбатэ, Чембало нэгъуэщI щIыпIэхэми. КъищынэмыщIауэ, Партенитрэ Алуштэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм адыгэ уэркъ и тету, абы и шыпхъур Феодорэм и унафэщIым и щхьэгъусэу зэрыщытам щы-хьэт техъуэ тхыгъэхэр къыхэнэжащ тхыдэм.
- Иджы упщIэ къоув… Щхьэ къиIэпхъукIа адыгэхэр я Iуэху щыдэкI, пщIэ къыщыхуащI, щалъытэ щIыпIэм?
- Тырку сулътIанхэр КърымымкIэ къыщыIэбэм, ар яхьэхуну къыщебгъэрыкIуэм, хытIыгуныкъуэм и хъумакIуэу къэуващ абы тес адыгэ дзэхэр. Тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, уэру къызэрехьэжьа тыркудзэм пэлъэщакъым Феодоро теса ди лъэпкъэгъухэр. ЗэрыпхъуакIуэхэр куэдкIэ нэхъыбэт. АдрыщI адыгэхэм я нэхъыбэм я щхьэр халъхьащ а зэхэуэ гуащIэхэм. Къэнэжахэм зызэщIакъуэри, хэкум къекIуэлIэжащ. ИщхьэIуэкIэ зи гугъу тщIа Къэбартэ псы Iуфэм Iуса адыгэ жылэм а лъэхъэнэращ хэкум къыщигъэзэжар, Инал Нэху пщышхуэр зыщыщри, ахэрауэ хуагъэфащэ тхыдэджхэм.
- Абдежым щиухакъым хытIыгуныкъуэм теса адыгэхэм я тхыдэр. Теодоро щIыналъэр тыркухэм яубыду Кърым хъаныгъуэр яухуа нэужь, Кавказым икIыурэ адыгэхэр жылэ-жылэу абы Iэпхъуэн щIадзащ, дзэ къулыкъу щащIэну, хъаным къуэувэну. Апхуэдэу къэщIэрэщIэжащ Бахъшысэрей щIыналъэм щыпсэуа адыгэ къуажэхэр. Абыхэм яхэтIысхьэжащ адыгэ малъхъэ хъуа генуэзхэри. Хуэм-хуэмурэ генуэзхэр адыгэхэм къахэшыпсыхьащ, ди бзэри ди хабзэри къащтащ. Хъанхэми адыгэ малъхъэ защIурэ, дзэ-политикэ зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэрт.
- «ХытIыгуныкъуэм» тесщ нэгъуэщIыбзэкIэ псалъэхэр, абыхэм ящыщуи кърым хъаным къыхихащ шабзауэ Iэзэу цIыху 800. Сыт хуэдэ Iэщэ лIэужьыгъуэри телъыджащэу зыгъэIэкIуэлъакIуэ, зи бгъэгум шэ хьэзыр илъ адыгэ зауэлIхэрщ ахэр. И лъэ къызэрихькIэ жэ шым тес адыгэ шум дзапэкIэ къеузэдыф фочыр, апхуэдизкIэ зауэм хуэIэзэщи. Абыхэм цIыхубзхэм пщIэшхуэ хуащI. Бзылъхугъэ ялъэгъуамэ, жьыи щIэи зыкъаIэт, абыхэм я лъэIур — унафэм хуагъадэ. ЦIыхубзым и IэлъэщIыр зэтрихамэ, зауэр ягъэувыIэ адыгэхэм. Абыхэм я бзылъхугъэхэр апхуэдизкIэ дахэщи, нэхъ лъапIэу ящэхухэри гаремхэм яшэ. Уэркъ пщащэхэр Кавказым, Европэм, Азием, Африкэм и унафэщIхэмрэ тетхэмрэ щхьэгъусэу иратри, политикэ зэгурыIуэныгъэхэр нэчыхькIэ ягъэбыдэж. Абы имызакъуэу, хамэ щIыпIэ гуащэу яутIыпща бзылъхугъэр къызыхэкIа лъэпкъым щыщ цIыхухъухэри щIыгъуу ягъакIуэ, а къэралым къулыкъу щрахьэкIыну», — итхыжащ а лъэхъэнэм Кърымым щыпсэуа тырку зыплъыхьакIуэ Челеби Эвлие.
- Кърым хъанхэм Адыгэ хэкур зэрыщыту я унафэм щIагъэувэну хэту илъэс куэдкIэ къезэуащ. Нэхъыбэрэ зытеуэри къэбэрдейхэрат. А зауэ гу-щIэгъуншэхэм я Iэужьу Кърым хъаныгъуэм къыщыхутащ адыгэ щхьэхуимытхэмрэ гъэрхэмрэ. Хъаныр щIэхъуэпсырт Мысырым щыIэ адыгэ мамлюкхэм ещхьу дзэ хахуэ къызэригъэпэщыну. Апхуэдэу, адыгэ щхьэхуимыт защIэкIэ къызэгъэпэща дзэшхуэ (мин 12) къыщIэуват кърым хъаным. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ екIуэкIа кърым-адыгэ зэпэщIэтыныгъэм кIэ игъуэтащ 1708 гъэм, Къэнжал зауэм адыгэхэм хъаныдзэр щызэтраукIа нэужь.
- Адыгэхэр Кърымым исащ 1783 гъэ пщIондэ. Хъаныгъуэр щэщэжа нэужь зызэщIакъуэри, хэкум ягъэзэжауэ щытащ абыхэм.
- Осташкэ Андрей.
- Кърым.