2022-05-14
- Къанжэм и псэукIэр
- Къанжэм и жьэгъумрэ и ныбэгумрэ хужьщ, и щхьэри, и дамэри, и кIэри фIыцIэщ. Къанжэм и кIэр кIыхьщ, захуэщ, дахэ дыдэщ. Ар зэи зы щIыпIэм мамыру щыскъым, тепыIэгъуэ имыIэу къелъэтыхь.
- Къанжэр дахэ щхьэкIэ, дыгъуэрабзщ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэр къыщилъэтыхькIэ, и нэ фIыцIэ цIыкIуитIым кърегъэжыхь, «сыт къысIэрыхьэну пIэрэ» жиIэ щIыкIэу.
- Джэдэщым джэд къакъэ макъ къызэрыщIэIукIыххэу, ар псынщIэу къос. Джэдэщым зыщIегъэмэракIуэри, джэдыкIэ кугъуэр кърефыкI. Къанжэр джэдкъаз шырхэми яхуэлъэщ.
- Къанжэхэм абгъуэ быдэ яIэщ. Абыхэм я абгъуэр жыг дыкъуакъуэм лъагэу дащIыхь. Абгъуэм и хъуреягъыр банэщ. Банэ Iэмбатэм и кум абгъуэ щабэр иращIыхьыж. А абгъуэм шырхэр къыщыраш. Куэд йощакIуэ къанжэ шырхэм, ауэ абыхэм зыри ялъэIэсыфыркъым.
- Къанжэм теухуа хъыбару, таурыхъыу куэд щыIэщ. Ар абыхэм къахощ къуалэбзу губзыгъэу.
- Мэлей ФатIимэ.
- ШатэкIэ гъэбэкхъа кIэртIофыщIэрэ джэдыщIэрэ
- Джэдыр ягъэкъабзэри зэпкърах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэгъущ. КIэртIофыщIэр ягъэкъабзэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, пIащIэ цIыкIуурэ яупщIатэ. Тебэм тхъу иралъхьэри, градуси 150 — 160-рэ хъуху къагъэплъ, абы джэдыл шыуар халъхьэ. ЗэрагъэдзэкIыурэ мафIэ инкIэ ягъажьэ тхъуэплъ дахэ хъухукIэ, итIанэ тебэм кърахри, тепщэчым иралъхьэ.
- Ар зыхэлъа тхъур градуси 120 — 130-м нэсу ягъэупщIыIу, бжьын упщIэта халъхьэ, шыбжий сыр хьэжа хадзэри, зэIащIэурэ тхъуэплъ хъуху ягъэлыбжьэ. Бжьын гъэлыбжьар тебэм кърахри, тепщэчым иралъхьэ.
- Тебэм къина тхъур къагъэплъ градуси 130 — 140 хъуху, кIэртIоф упщIэтар халъхьэ, шыгъу тракIутэ, и щхьэр трапIэжри, дакъикъитI хуэдизкIэ ягъажьэ. ИтIанэ кIэртIофым псы щIыIэ щIакIэри, джэд гъэжьар, бжьын гъэлыбжьар и щхьэм тралъхьэ, шатэ щIакIэжри тебащхьэр тепIауэ мафIэ цIыкIум тету хьэзыр хъуху ягъажьэ.
- Хьэзыр хъуа нэужь мафIэм къытрахыж, джэдгын цIынэ къудамэ тралъхьэ, и щхьэр трапIэжри, дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт, IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, джэдгын къудамэхэр къытрахыж. Iэнэм тепщэчым илъу трагъэувэ. Тебэм къина шатэпсри тракIэж. ПIастэ, мырамысэ хуабэ, щIакхъуэ дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ): кIэртIофыщIэ укъэбзауэ -г 530-рэ, джэдылу — г 360-рэ, тхъууэ — г 50, шатэу — г 250-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30, псы щIыIэу — г 50, джэдгын къудамэу — 3 — 4, шыбжийуэ, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- УкъызэригъэщIауэ щыт
- Шыдыр зыщIэт шэщ цIыкIум зы пщэдджыжь гуэрым къыщIагъэкIауэ маплъэри, къелъагъу абы и бжэм мелкIэ ину тетхауэ тету: «Мыбы щIэтыр адыгэш къабзэщ».
- Шыдыр гуфIащи, зыхуэза и шыдэгъухэр къешэри, бжэм тетхар ярегъэлъагъу. «Иджы фи фIэщ хъуа сэ сызэрыадыгэшыр?! Фи гугъати, фэ фхуэдэу, сэри сышыду!»
- Гупым зы шыдыхъу бзаджэжь хэтти, жеIэ:
- — АтIэ, ар пэжмэ, щыщыт шым хуэдэу.
- — Ар Iуэху-тIэ, фыкъэдаIуэ! – жеIэри, щыщыну хуожьэ, арщхьэкIэ, ар къемыхъулIэу, шыд кIиикIэу ину мэкIий:
- — Iия!..
- Псори зэщIодыхьэшхэ, ар ауан ящIу.
- Шыдыхъум жеIэ:
- — Умыделэу, Тхьэм укъызэригъэщIауэ щыт.
- IуагъэзыкIри шыдхэр IуокIыж, мыдрейр нэщхъейуэ и закъуэу къагъанэри.
- Къагъырмэс Борис.
- Езым зэхихыжыну сыхуейкъым
- Хьэр псафэ схуишат, ауэ къысхуишэжакъым.
- «Езым зэхихыжыну сыхуейкъым», — жыхуэпIэр куэдкIэ нэхъ псынщIэу Iурадзэж улъаIуэу зыгуэрым хуэпIуэхуам нэхърэ.
- Хэти хъуэхъуэн щхьэкIэ йофэ, хэти, зэрефэнур и гурыфIыгъуэу мэхъуахъуэ.
- Хэти дахэ дыдэу, уедэIуэнкIэ псэм фIэIэфIу, уэрэд жеIэ, хэти и макъ къызэрихькIэ мэкIий, хэти мэгурым, хэти «еууей» жыуигъэIэу матхэри-матхэ…
- КъызыхуигъэщIар зымыщIэжыр сыту Iеищэу бэгъуа мыгъуэ, бетэмал!..
- Гъэунэ Борис.
- Апхуэди къохъу
- Ар уэрэджыIакIуэ Iэзэт. КъытекIуэ щымыIэу фIыуэ игъэзащIэрт адыгэ уэрэдыжьхэр. Псом хуэмыдэу абы и пщIэр зыIэтыр зэрыIэдэбырт, хьэлыфIэ-щэныфIэт, бегъымбар хужаIэу.
- Ауэрэ, къуажэм къыдокI къытекIуэу уэрэд жызыIэ. Мыдрейр абы йохъуапсэ, хузэгуэп мэхъу, екIэ иужь йохьэ мо къытекIуэм…
- А цIыху гъэсар, Iэсэр, сабырыр апхуэдэу къыщIэкIащ, адрейхэр дауэ къэнэжын?
- Хэт мы-Моцартми — Сальерищ!
- ФIыгъуэ бэлыхьу щытамэ…
- Си псэр пыхуу сешарэ адэкIэ схузэфIэмыкIыжIауэ сыщызэщIэтIысыкIым, мы дунеягъэм щызгъэвари иджыпсту щызгъэври зы схуэхъужри, мы гупсысэр псом я гущIыIу къысфIэкIуащ: «Яхузэрымыгъэгъуэт зы фIыгъуэ бэлыхь гуэру щытамэ, мы дунейр сэ напафэкIэ сагъэлъагъунтэкъым!»
- Хьэх Сэфарбий.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 2. … нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ. 5. Жэщ къыптехъуэу … нэху къыптещхьэу ежьэ. 8. Узыхуэмыдэм уи … еус. 9. Унэр зэращIа уэщыжьыр … щIадзыж. 12. ГъукIэм и … Iэдэрэ уадэрэщ. 13. … хущхьэрей хъумэ, гъашхи гъэгъуэлъыж. 16. … и пэри и кIэри хъуэхъущ. 17. … къэщтэгъуафIэ щхьэкIэ тыжыгъуейщ. 19. … хьэщIэм и IуэхутхьэбзащIэщ. 20. … зыщыщIэм фIыщIэр зыуи къыщыхъуркъым.
- Къехыу: 1. Зи … едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ. 3. … сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр сфIокI. 4. … и ужьыр уэлбанэщ, зауэм и ужьыр хьэдагъэщ. 6. … и шэмэдж щIэщхъурэ? 7. … и гуахъуэкI бэлацэщ. 10. Пэжым … ирещI. 11. Бзурэ … абгъуэ ещI. 14. Iуэху щIэкIэ зымыщIэр Iуэху … егъалIэ. 15. … и насып щытым иратащ. 18. … гъэтIылъыгъэншэ хъуркъым.
- Зэхэзылъхьар Бицу Жаннэщ.
- Мэлыжьыхьым и 30-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Ашэху. 4. Хъыщт. 7. Гъудэ. 8. Быф. 10. Шхуэ. 11. Адэжынэ. 14. Къан. 15. Къыу. 16. Ауз. 19. Имыс. 20. Джатэ.
- Къехыу: 2. Шэдыбжь. 3. ХущIэ. 4. Хъан. 5. Щэрмэт. 6. Хъыданжэрумэ. 9. Фэдэн. 10. Шынакъ. 12. Акъылым. 13. Жумарт. 17. Сес. 18. Сыдж.