Сытми щымышынэу
2022-05-07
- Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу Дзэ Плъыжьым зэи бзылъхугъэ хэтакъым, къэрал гъунапкъэхэм къулыкъу щызыщIэ я щхьэгъусэхэм ящIыгъуахэм фIэкIа. 1941 гъэм и шыщхьэуIу мазэм гурыIуэгъуэ хъуат дзэм цIыхубзхэри ираджэн зэрыхуейр.
- ЯпэщIыкIэ абы медицинэ Iуэхущ нэхъыбэу зэрахьар, ауэ хуэм-хуэмурэ связист, телефонист, радистхэр ягъэхьэзыру щIадзащ. Ауэрэ, зенитнэ къудамэхэм илъэс 18 — 25-м ит пщащэ- хэр куэду хагъэхьащ. Абы дежи къыщыувыIакъым, авиацэ полк нэгъунэ къызэрагъэпэщащ, цIыхубз фIэкIа хэмыту. Апхуэдэурэ, 1943 гъэм ирихьэлIэу, Дзэ Плъыжьым бзылъхугъэ мелуани 2,5-рэ хыхьат.
- Зенитчицэхэр
- Сыт хуэдэ зэхэуэ гуащIэми щымышынэу, а хъыджэбз хахуэхэм я къалэныр ягъэзэщIащ. Сталинград къекIуэлIа фашистхэр советыдзэм къыщиухъуреихьам, Германием и хьэуа флотыр къраджауэ щытащ, ар зыдагъэIэпыкъун я гугъэу. Ауэ пщащэ-зенитчицэхэм бийр жыжьэрэ гъунэгъуу Сталинград ирагъэкIуэлIакъым — мазитIым къриубыдэу абыхэм нэмыцэ кхъухьлъатэ 1000-м щIигъу къраудыхащ. Апхуэдэ зэи зыщIыпIи щалъэгъуатэкъым зэрыпхъуакIуэхэм.
- «Жэщтеуэхэр»
- 1943 — 1944 гъэхэм подполковник Бершанская Евдокие и бомбардировщик полкыр У-2 кхъухьлъатэхэм ису жэщкIэ теуэу щытащ Керчь хытIыгуныкъуэр зыубыда нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм. ИужькIэ, 1944 — 1945 гъэхэм, полкыр Белорус фронтым щыIащ, маршал Жуковым и дзэм дэIэпыкъуу.
- У-2 кхъухьлъатэхэр, жэщрат уэгум щихьэр. Ахэр фронтым километри 8 — 10-кIэ нэхъ пэмыжыжьэу щытт. Зы жэщым къриубыдэу 10 — 12-рэ уэгум ихьэрт, бомбэ килограмм 200 зы зыIэтыгъуэм къыздищтэфырт, километри 100-кIэ лъатэрт. Абы и закъуэкъым. 1944 гъэм фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэувэу Польшэм зыкъыщызыIэтахэм Iэщэ, ерыскъыпхъэ, шэ, хущхъуэ хурадзыхыу щытащ «жэщтеуэхэм».
- «Лилие Хужь»
- Ипщэ фронтым, Мелитополь деж, истребитель цIыхухъу полкым зы пщащэ яхэтащ кхъухьлъатэзехуэу, «Лилие Хужь»-кIэ еджэу (и кхъухьлъатэм лилие хужь тещIыхьат).
- Зэгуэр полкым унафэ игъэзэщIауэ къэлъэтэжырт, «Лилие Хужьыр» и кIэм иту. Полкым и кIэр дзыхь къыпхуащIыныр — щIыхьышхуэт, псом нэхърэ узэрынэхъ Iэзэм и щыхьэтт ар. Ме-09 нэмыцэ истребителыр къещакIуэу къыщIэкIащ пщащэм, пшэм зыхигъэпщкIухьауэ. Фашист кхъухьлъатэзехуэр «Лилие Хужьым» и ужьым къиувэри, къеуащ. Пщащэм и кхъухьлъатэм Iугъуэ фIыцIэр къыпихыу зыкъигъазэри, нэмыцэ истребителым ебгъэрыкIуащ икIи къигъэзэжакъым.
- ИужькIэ, зауэр иухауэ, Донецк областым хыхьэ Дмитриевкэ къуажэм щыщ щIалэ цIыкIухэм хьэдэ къупщхьэ гуэр къагъуэтауэ щытащ. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ар «Лилие Хужьрат».
- Мисс Павличенкэ
- Приморскэ Дзэм зы пщащэ закъуэ яхэтащ. Ар снайпер Павличенкэ Людмилэт. 1942 гъэм ирихьэлIэу абы фашист 309-рэ иукIат, 36-р снайперу.
- А гъэ дыдэм Канадэмрэ США-мрэ лIыкIуэу ягъэкIуа гупым яхэтащ Павличенкэри. Зэман кIэщI дыдэкIэ цIэрыIуэ хъуа пщащэм США-м и президент Рузвельт Франклин къыхуэзат, снайпер цIыхубзыр игъэщIагъуэу.
- Совет Союзым и лIыкIуэхэр зыхэта пресс-конференцым Павличенкэр къыщыпсэлъащ. Абы и анэр инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэу лажьэрти, и пхъум бзэр фIыуэ иригъэщIат. «Ныбжьэгъухэ! Сэ сыцIыхубзщ, илъэс 27-рэ сыхъуу аращ. Фашист 309-рэ сукIащ зауэр зэрыщIидзэрэ. КуэдыIуэрэ си щIыбагъ фыдэтауэ къыфщыхъуркъэ?!», — Америкэ псом зыхуигъазэу жиIат пщащэм.
- Рузвельт и щхьэгъусэ Элеонорэ ныбжьэгъушхуэ къыхуэхъури, и нэгу зригъэужьыну, къэралыр иригъэлъагъуну иригъэблэгъауэ щытащ. Гатри Вуди, америкэ уэрэджыIакIуэм, «Мисс Павличенкэ» уэрэдыр тыгъэ къыхуищIат снайперым.
- И лIым илъ ищIэжащ
- 1941 гъэм КъухьэпIэ фронтымкIэ щыIэ танкист ротэм и командир капи-тан Октябрьскэр зауэм хэкIуэдат. Абы и щхьэгъусэ Марие мурад ищIащ и лIым илъ ищIэжыну. Мылъкуу иIэр ищэжри, ар Сталиным хуэтхащ, къыщIэкIа ахъшэмкIэ Т-34 (и щхьэгъусэр зэрысу щытам хуэдэ) танк къищэхуну, фронтым кIуэну хуит къищIыну. Сталиным унафэ ищIащ танк училищэм Марие щIагъэтIысхьэну, танкым исыфу зригъэса нэужьи зы кърату зауэм ягъэкIуэну. Октябрьскэр 1944 гъэм уIэгъэ хъури, абы къелакъым.
- Фырэ Анфисэ.