Гъунапкъэ зимыIэ лъэмыж
2022-05-07
- XIX лIэщIыгъуэр щиух илъэсхэм хиубыдэу, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, 1895 гъэм, щIэмкIэ накъыгъэм и 7-м, Санкт-Петербург дэт технологие университетым и егъэджакIуэ, инженер Попов Александр а лъэхъэнэм хузэфIэкIар дуней псом и къэхъугъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. И IэдакъэщIэкIым теухуауэ абы мыпхуэдэу жиIэгъащ: «Токым и къарур къэбгъэсэбэпурэ, мы Iэмэпсымэр адэкIи ебгъэфIакIуэмэ, сыт хуэдэ макъри дэнэ щIыпIэкIи щыбгъэIуфынущ».
- Попов Александр жиIар зэрыпэжыр наIуэ къэхъуу хуежьащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэхэм. А къэхутэныгъэр щIэдзапIэ хуэхъуащ иужькIэ лъэ быдэкIэ цIыхубэм я гъащIэм къыхыхьа связымрэ радиомрэ. Зэпэжыжьэ щIыналъэхэм щыпсэухэр, я пIэ имыкIыу, зэпсэлъэф, ЩIы Хъурейм, къэралым щекIуэкIхэм ятеухуа хъыбархэр зэхах хъуащ.
- Коммуникацэм, нэгъуэщIу жытIэмэ, цIыхухэм, къэралхэм, континентхэм я зэпыщIэныгъэм ехьэлIа зы къэхутэныгъи щыIакъым икIи щыIэкъым радиом и Iэмалхэм лъэныкъуэ гуэркIэ пымыщIауэ. Къатщтэмэ, хьэршым цIыхухэр лъэтэфынтэкъым, абы епха Iуэхугъуэ куэдыкIейхэри яхуэгъэзэщIэнтэкъым радиом и къэгъэсэбэпыкIэр я Iэпэгъуу щымытамэ.
- Радиор — ди щIыналъэм
- Я махуэм ирихьэлIэу, дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Балкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм и редактор нэхъыщхьэ Тэтрокъуэ Астемыр.
- — Астемыр, псом япэрауэ, фи махуэмкIэ дынывохъуэхъу! Ди гуапэщ зывузэщI зэпыту фи IэнатIэр ефхьэкIыну, нэтын купщIафIэ куэд дяпэкIи фи Iэдакъэ къыщIэкIыну, фи мурадхэм фылъэIэсыну! Уи деж къыщедгъэжьэнщи, радиом лэжьэн зэрыщыщIэбдзам и гугъу къытхуэщIыт.
- — ЯпэщIыкIэ сыздэкIуар телевиденэрат. Ноби хуэдэу, а лъэхъэнэми радиомрэ телевиденэмрэ зы IуэхущIапIэт. Телевиденэм сыздэщыIар сабийхэм ядэлажьэ редакцэрат. Ауэрэ, илъэситхум нэблэгъауэ сыздекIуэкIым, тхакIуэ цIэрыIуэ, журналист пажэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд къысхуиIуэхуащ, радиом литературэ-драмэ къудамэу иIэм укъакIуэ хъунущ жиIэри. ТIэкIу сычэнджащэри, сытегушхуащ. КъищынэмыщIауэ, литературэм сытепсэлъыхьыныр, щыгъуазэ зыхуэсщIыныр сфIэфIт, иджыпстуи хуэдэу. 1985 гъэм и шыщхьэуIу мазэм щIэздзауэ, абы лъандэрэ сыщолажьэ.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр радиом гъуэгуанэу къикIуам, и лэжьыгъэр зэрекIуэкIам и гугъу къытхуэщIыт.
- — Радиом щылажьэхэр сытым щыгъуи тыншу дызэдокIуэкI. Къармокъуэ Мухьэмэд щыщыIами, иужьым БжэныкIэ Мухьэб щытетами, зэгурыIуэ ди зэхуаку дэлъу, зы унагъуэм хуэдэу сытым дежи дыкъогъуэгурыкIуэ. Улэжьэну ухуей закъуэмэ, зыкъыпщIагъэкъуэнущ. А щытыкIэр мы IуэхущIапIэм зэрыщызэтеувэрэ куэд щIащ, къыщежьари си дежкъым. Лъэхъэнэ блэкIахэр дигу къэдгъэкIыжу къыхэдгъэщынщи, «Псалъэр Налшыкщ» жызыIам и макъыр япэ дыдэу эфирым щыIуар 1927 гъэм накъыгъэм и 1-рт. А Iуэхугъуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэт Москва, Дон Iус Ростов, Ставрополь къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэхэм я лIыкIуэхэри куэд хъурт. Уэ сыти жыIи, ди деж къыщыунэхуа радиостанцыр Кавказ Ищхъэрэм щыяпэт. Апхуэдэ щIыкIэм тету, илъэс 95-рэ и пэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, ди цIыхухэм я гъащIэм радиор къыхыхьащ. Аращи, «жьэрыIуатэ газеткIэ» еджэу къежьауэ щыта радиор абы лъандэрэ къыддокIуэкI цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэр, я гупсысэр зэришалIэу.
- — ЦIыхухэм и хьэл-щэныр зыдж щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, эфирым и пщIэр зыIэт нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ абы къыщыIухэр лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIам, я нобэм, я психологием зэрыпэджэжри. АтIэми, адыгэхэр хабжэ жьэрыIуатэ псалъэм пщIэ лей хуэзыщIхэм. Уэ дауэ уеплърэ абы, Астемыр?
- — Срителъхьэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэми фIыуэ къагурыIуэрт жьэрыIуатэ псалъэм мыхьэнэ ин зэриIэр. А зэманым газету къахудэгъэкIыр мащIэт. Радиом и макъыр здынэмыс щымыIэу апхуэдэти, абы зегъэужьыным гулъытэшхуэ хуащIу щIадзат. ЖьэрыIуатэм и пщIэр апхуэдизу лъагэт, куути, къызэраIуэтэжымкIэ, радиом адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ лэжьэн щыщIидзам, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми я фIэщ яхуэмыщIыжу, телъыджэлажьэу къащыхъурт. ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и IэмалыщIэм хэпщIыкIыу зиужьырт, радиом едаIуэхэр нэхъыбэ хъурт. Арами, а зэманым адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ ягъэхьэзыр нэтынхэр, иджырейхэм етлъытмэ, хуабжьу мащIэт, дакъикъипщIым фIэкIыртэкъыми, ар цIыхухэм ягу къеуэрт. Мыдрей нэтынхэр псори зэрекIуэкIыр урысыбзэт. А щыуагъэр зэрыгъэзэкIуэжыпхъэр къелъытэри, партым и обкомым 1936 гъэм и мэлыжьыхьым унафэ къыдегъэкI, радиокомитетым и лэжьэкIэм зэрыщыту зегъэхъуэжын зэрыхуейм хуэгъэзауэ. Программэхэр щIэм тету ягъэхьэзыру щIадза нэужь, эфир зэманым и процент 80-р адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ, процент 20-р урысыбзэм лъагъэс. Абы и фIыгъэкIэ анэдэлъхубзэкIэ къэпсалъэхэм, къатхэхэм я бжыгъэми хэхъуат. Нэтыну ягъэхьэзырхэм хагъэхьэрт гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм, политикэм, экономикэм, литературэмрэ щэнхабзэмрэ ятеухуахэр. А лъэхъэнэм радиом къыдэлэжьа корреспондентхэм къахэкIащ парт, къэрал лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэр.
- — Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм радиом и лэжьыгъэр ди щIыналъэм щызэпыуакъэ?
- — Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, бийр ди щIыналъэм къыщысам, «Псалъэр Германиерщ» зыфIаща пункт фашистхэм къызэIуахат. Налшык ипсэлъыкI радиор абы лъэщу пэщIэтащ. ЗэрыпхъуакIуэхэм зэрахьэ лейр, ди цIыхухэм къагъэлъагъуэ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зэпымыууэ хэIущIыIу ящIырт. Ди журналистхэм къадэIэпыкъурт Союзпсо радиом и корреспонденту Ипщэ фронтым щыIа Ковановыр. АрщхьэкIэ, нэмыцэхэр къэблэгъапэ щыхъум, партым и обкомым и япэ секретарь КIумыхъу Зуберрэ 37-нэ армэм и унафэщIхэмрэ я щIэгъэкъуэну, радиом пыщIа техникэри бзищымкIэ къеджэнухэри Тбилиси ягъэIэпхъуэри, бийр хэкум ирахужыху абы къипсэлъыкIащ. А мазэхэм радиом и лэжьыгъэр яунэтIащ Теунэ Хьэчимрэ Залиханов Жэнэкъаитрэ. 1943 гъэм щIышылэм и 4-м Налшык хуит къащIыжащ. Республикэм и къалащхьэм япэу къыдыхьэжа советыдзэхэм я гъусэу ди щIыпIэм корреспондентхэм къагъэзэжащ икIи зэрыпсалъэ Iэмэпсымэхэр псынщIэу ягъэуври, Налшык хуит къызэращIыжам теухуа хъыбарыр Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Левитан и макъымкIэ щагъэIуащ. Я лэжьыгъэр зэтраублэжа нэужь, зэуапIэ IэнатIэхэм щекIуэкIхэр щIэмычэу къатырт, «Иужьрей сыхьэт», «Фронтым къикI письмохэр» псалъащхьэхэм, нэгъуэщIхэми щIэту ягъэхьэзыр нэтынхэм цIыхухэр пэплъэ зэпытт. Программэхэм куэду хагъэхьэрт ди хэкуэгъу зауэлIхэм, псалъэм папщIэ, Къардэн Къубатий, Къуэныкъуей Назир, Байсултанов Алим, КIэфо зэкъуэшхэм, Головко Арсений, нэгъуэщIхэми ятеухуа тхыгъэхэмрэ очеркхэмрэ. Жылагъуэхэр къызэхакIухьырт, лъэщапIэхэм кIуэрт, цIыхухэр къагъэпсалъэрт, Iуэхум нэхъри трагъэгушхуэрт.
- — Япэ ита нэхъыжьыфIхэм иджыри сыт яхужыпIэнт, Астемыр?
- — Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуащIащ журналист нэхъыжьхэу Тхьэщокъуэ Мурадин, Журт Тыгъуэн, Дыджэ Зулъкъэрней, Къардэн Жыраслъэн, Емуз Гъузер, Сэкрэк Хьэсэн, Дыкъынэ Хьэмид, Къармокъуэ Мухьэмэд, АфIэунэ Рае, Шэт Николай, Гувэжыкъуэ Пётр, Тэрчокъуэ Исуф, Хьэлышх Иннэ, Къагъыр- мэс Борис, Журт Биберд, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, НэщIэпыджэ Ибрэхьим, БжэныкIэ Мухьэб, Джыназ Юрэ, Джэрыджэ Арсен, дикторхэу ЩакIуэ Хужь, Безрокъуэ Хужь, Багъэтыр Аркадий, операторхэу Ащнокъуэ Николай, БакIуу Борис, ГъущIо Ритэ, режиссёр Къуэдзокъуэ Тамарэ, инженер Жаным Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщI куэдми. Си япэкIэ къэувахэми си яужькIэ къэкIуахэми садэлэжьащ, дэтхэнэми и IуэхущIафэм мыIейуэ сыщыгъуазэщ. Зы псалъэу жысIэнщи, игури и псэри етауэ и къалэныр езымыхьэкI яхэтакъым икIи къытхэткъым. Дэтхэнэри Iуэхум хуэпэжщ, дагъуэншэу лэжьыгъэр зэрыдигъэкIыным хущIокъу.
- — ЛэжьакIуэу фи деж къакIуэхэр къызэрыхахыу щыта щIыкIэм и гугъу къытхуэщIыт.
- — Радиом адыгэ нэтынхэмкIэ и редактор нэхъыщхьэ Къармокъуэ Мухьэмэд зэрытхакIуэ щэджащэм къыдэкIуэу икIи журналист Iэзэт. Лэжьыгъэм фIыуэ хищIыкIырти, ущигъэуэнутэкъым. Тхэфынури абы пэмылъэщынури тыншу зэхигъэкIыфырт. Аращ а зэманым къащтахэм лэжьакIуэфI, журналист, тхакIуэ хъарзынэхэр къащIыхэкIар. Уеблэмэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и фIыпIэхэр зыIыгъри зыгъэбагъуэри, адэкIэ зыгъэкIуатэри ахэращ. Апхуэдэщ ди щIыналъэми, ди къуэш республикэхэми, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми фIыуэ къыщацIыху журналист гуащIафIэхэу Мыз Ахьмэд, Къудей Лидэ, Хьэмту Къадир, МахуэлI Хъаджэт, Мыз Майе, Багъэтыр Нинэ, Вындыжь Марие, Пщыгъэуш (Гъубжокъуэ) Раметэ, лэжьакIуэщIэу къытхыхьагъащIэхэм ящыщ Жыгуэ Иннэ, «Нур» сабий журналым редактор нэхъыщхьэу ягъэкIуа Аброкъуэ Беллэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
- — Зи цIэ къипIуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм теухуауэ сыт къыджепIэнт, Астемыр?
- — Дэтхэнэми езым и журналист хъэтI иIэжщ, и бзэкIэ и Iуэху еплъыкIэр къеIуатэ, радиом едаIуэхэм ябгъэделъхьэ. Къапщтэмэ, Къудей Лидэ и нэтынхэм гъащIэм и плъыфэ зэхуэмыдэхэр хыболъагъуэ. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм я IуэхущIафэу щытам, я къекIуэкIыкIам щатепсэлъыхькIэ, абы и бзэ шэрыуэм зэман блэкIахэр IупщIу уи нэгу къыщIегъэхьэ. Псом хуэмыдэу, пщIэ лей хуещI Хэку зауэшхуэм хэтахэм, хэкIуэдахэм я щхьэгъусэхэм, а лъэхъэнэ хьэлъэм фронтым хуэлэжьахэм. Абыхэм щепсэлъылIэкIэ, я гукъэкIыжхэр къащригъэIуэтэжкIэ, и псалъэм хуосакъ, щабагъэр япэ ирегъэщ, цIыхухэр зэдэIуэну, гъэщIэгъуэн ящыхъуну къилъытэхэр къыхегъэщхьэхукI. Мыз Ахьмэд дэни нэсыф журналистщ. Ар къэзымыцIыху лэжьакIуэжь ди къуажэхэм щыгъуэтыгъуейщ. Мызыр жанр куэдым хэзагъэ, псом хуэмыдэу, радиоочеркхэм хуэIэижь журналистщи, ар IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп. МахуэлI Хъаджэт эфирым щыIу и псалъэм пщIэ хуещI, узэрегъэдаIуэ, егугъуу зэригъэхьэзырым и щыхьэту, и нэтынхэр купщIафIэщ. Хьэмту Къадир бэм и сэбэп зыхэлъыр япэ ирегъэщ, адыгэм и тхыдэм, дин пэжым щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь, абыхэм куууэ щыгъуазэ щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр и нэтынхэм къыхешэ, жэуаплыныгъэ хэлъу и лэжьыгъэр къызэрегъэпэщ. Вындыжь Марие еджапIэхэм, гъэсапIэхэм, щIэблэм жыджэру ядолажьэ, абыхэм я IуэхущIафэм бзэ IэфIкIэ топсэлъыхь. Мыз Майерэ Гъубжокъуэ Раметэрэ зэманым декIуу, гугъэзагъэу икIи щIэщыгъуэу хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм и Iуэхур шэщIауэ къызэрагъэпэщ.
- — ЦIыхухэм гуапэ ящыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом канал щхьэхуэ къызэрыхудахар, 99,5 хьэрш хысыджым хуэгъэпсауэ зэпымыууэ зэрылажьэр. Техникэ и лъэныкъуэкIэ фыкъызэрызэгъэпэщам куэду зэрызихъуэжами дыщыгъуазэщ. А Iуэхугъуэм фи лэжьыгъэр нэхъ тынш ищIауэ къэплъытэрэ?
- — Мы зэманым техникэщIэу къыдатам дэтхэнэри апхуэдизу хуэшэрыуэ дыхъуащи, къедгъэтынухэр щызэхэдгъэувэкIэ, режиссёр къалэнри операторым и пщэрылъри зыми дапэмыплъэу, дэр-дэру дгъэзэщIэжыф хъуащ. Едгъэтха макъхэр догъэкъэбзэж, макъамэхэр щIыдогъэувэж, пэублэ, кIэух текстхэр догъэхьэзырыж, дыкъоджэжри, эфирым зэрыдутIыпщынум хуэдэу, монтажыр зэрыщыту зыщIар дэрауэ къыщIедзыж. Дауи, редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэри дымыгъэзащIэу хъунукъыми, къыддэлажьэхэм ягъэхьэзырахэм сахоплъэж.
- Мис апхуэдэ зэхущытыкIэ дахэ эфирымрэ цIыхубэмрэ зэхуаIэу къогъуэгурыкIуэ 1927 гъэм накъыгъэм и 1-м къызэIуахауэ щыта, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм зыужьыныгъэшхуэ зыгъуэта Къэбэрдей-Балъкъэр радиостанцыр.
- Тэтрокъуэ Астемыр адыгэ гупым и унафэщIщи, редакцэм и Iуэхур тэмэму еунэтI, къищынэмыщIауэ, нэтын щхьэхуэхэр ирегъэкIуэкI.
- «Гъунапкъэ зимыIэ лъэмыжкIэ» зэджэ радиор лъэ быдэкIэ увыным зи гуащIэрэ зи зэфIэкIрэ хэзылъхьахэм, абыхэм я Iуэхум пызыщэхэм я махуэ лъапIэмкIэ, къытедгъэзэжу, дохъуэхъу!
- Зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.