Нэпс ткIуэпс
2022-05-07
- Хэку зауэшхуэр зищIысу щытар нэсу зыхэзыщIэфыр абы пхыкIарщ, ар зи нэгу щIэкIарщ, абы и хьэзабымрэ и бэлыхьымрэ, и гуауэр зыгъэварщ. ИкIэм-икIэжым, зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум халъхуа щIэблэрщ. А псори гурэ псэкIэ зыхащIэ мафIаем къелу къэзыгъэзэжа нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэм къыдэтэджа, абыхэм гупсэхуу щэдэIуа щIэблэми.
- Си адэ шыпхъум и хъыбархэм сыщедаIуэкIэ, абы къиIуэтэжхэм, зытепсэлъыхьыжхэм сахэзэрыхьырти, си гупсысэхэм а лъэхъэнэ бзаджэм сахьырт. Абы и дэтхэнэ псалъэхэри гугъэкIэ гъэнщIати, зы телъыджэ къэхъуу, ар нахуапIэ хъуну псэкIэ сыпэплъэрт. Хьэуэ, си закъуэтэкъым апхуэдэ хьэлэмэтым пэплъэр, атIэ абы и хъуреягъкIэ къетIысэкIауэ гукъэкIыжхэм щIэдэIу адрей си дэлъхухэри, си шыпхъухэри, езым и бынхэри а гугъэ телъыджэм ежьэрт. Апхуэдэ гупсысэмрэ гугъэмрэ узэщIамыIэтэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, адэ шыпхъум и гущIэм къиIукI IэфIыгъэрэ гуапагъэкIэ, анэкъилъху лъагъуныгъэ мыкIуэщIкIэ гъэнщIа гукъэкIыжхэм уащыщIэдэIукIэ.
- Уэрдокъуэ зэкъуэшищымрэ я шыпхъу закъуэмрэ — Гъэ-фур, Елмырзэ, Мырзэкъан, ФатIимэт — я адэ-анэр пасэ дыдэу яIэщIэкIат. Я нэхъыжьыр Гъэфурти, 1939 гъэм дзэ къулыкъум ираджат, ар къыщиухым, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, япэу фронтым кIуахэм яхэхуащ. ЗэкъуэшитIыр балигъыпIэм нэсатэкъым, шыпхъу закъуэри унагъуэти, гугъуехь куэд ягъэващ. Ауэ щыри пэплъэрт я нэхъыжь Гъэфур и хъыбарым, ар къыщыкIуэжынум.
- ФатIимэт зауэм дигъэкIар и дэлъхум и закъуэтэкъым, атIэ и щхьэгъусэри а мафIэ лыгъэм щыIэт. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу абы къыIэрыхьащ псалъэ жагъуэу гур хэзыгъэщIыр зэрыт письмо щимэхэр. Ар иджы щхьэгъусэншэт, и дэлъхури хъыбарыншэу кIуэдат.
- Куэдрэ дыщIэдэIуащ ди адэ къуэшым теухуауэ абы и шыпхъу закъуэм къиIуэтэжа хъыбархэм. Ауэ зэи блэкIа зэманым иту дэлъхум и цIэр къриIуэртэкъым, «мыгъуэ» псалъэр пигъэувэртэкъым. А гукъэкIыжхэм гъусэ яхуэсщIырт мы тхыгъэ кIэщIым хэзгъэува Гъэфур и сурэтри, адэ шыпхъум къиIуэтэжхэр си нэгум щIэкIырт. Абы теплъа, хуэзауэ зи хъыбар къэзыIуэтэжыфын щыIэмэ, жиIэу ди адэ шыпхъур куэдрэ щIэупщIэрт…
- ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 50 щрикъум къыдагъэкIауэ щытащ зауэм хэкIуэдахэр зэрыт фэеплъ тхылъ. Бахъсэн куейм щыщу къэзымыгъэзэжахэр зэрыт тхылъыр зи щхьэгъусэри дэлъхури хэкIуэда си адэ шыпхъу ФатIимэт фэеплъу ныхуахьат…
- ЦIыхухъу щхьэщымытрэ бынунагъуэшхуэу къэна ФатIимэт хьэзаб куэд игъэват. Зауэ лъэхъэнэ, мэжэщIалIэ илъэсхэр псом хуэмыдэу къытехьэлъат. Езым и джийм зыри емыхми, быныр мымэжалIэмэ нэхъ къищтэрт. А гугъуехьыр лъэужьыншэ хъуакъым. Ар набгъэ хъуати, дапхуэдэу еIэзэми, екIакIуэ мыхъумэ, яхуэгъэхъужыртэкъым.
- … Махуэр дыгъэпсти, гум егуэпэкIырт. ФатIимэт тхылъ плъыжьыр къищтэри и къуэрылъхум еджащ. И дэлъхум и цIэр зэрыт напэкIуэцIыр къызэгуригъэхри, хъыджэбзыр иутIыпщыжащ. Зы тэлай дэкIауэ гъы макъ къэIуащ. Унэ щIыбымкIэ щыт жыг лъабжьэм щIэст зи нэпсхэр тхылъ зэIухам телъалъэ ди адэ шыпхъур. «Нобэщ, ипэжыпIэкIэ нобэщ узэрысфIэкIуэдар хьэкъ щысщыхъуар. Ауэ дэнэ щыIэ уи мащэр, уи кхъащхьэри дэнэ щыхэкIуэдэжа, фIыуэ слъагъу си анэкъилъху гумащIэм?» Хъыбар гуауэр лIэщыгъуэ ныкъуэ ипэжкIэ къы-Iэрыхьами, игури и псэри хуит ищIауэ макъкIэ шыпхъум дэлъхур нобэ игъеижырт…
- Мы сатырхэм нэпс темыткIуэу схунэгъэсакъым. Сыту жыпIэмэ, а махуэр гукъинэж сщызыщIа хьэдагъэр зращIэкIа Гъэфур къыкIэлъыкIуэжащ «Уэрдокъуэхэ япхъу закъуэкIэ» фIэкIа и цIэр жамыIэу уардэу, и хабзэмрэ и щэнымрэ адрейхэм я щапхъэу, пщIэ иIэу къэгъуэгурыкIуа, хьэзаб куэд зи нэгу щIэкIа си адэ шыпхъури, си адэ къуэшри, зэрыбыным я нэхъыщIэ си адэри. Абыхэм я сурэтхэр куэдрэ зэбгъэдызогъэувэ. И хъыбаррэ сурэткIэ фIэкIа сымыцIыху си адэ къуэш нэхъыжьыр, и цIэми хуэдэу адрейхэм къащхьэщыкIыу, къахолыдыкI.
- Хъыбарыншэу кIуэда, зэрахьа лIыхъужьыгъэм къыпэкIуа дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщауэ ахэр зыIэрымыхьэжа, Хэку зауэшхуэм зи псэр щызыта куэдым ятеухуа хъыбархэр къэтIэщIыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ Урысейм и Федеральнэ налог IуэхущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и къэ-рал налог инспектор нэхъыщхьэ Нэхущ Ахьмэдрэ абы ипхъу Дианэрэ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщауэ щыта зауэлI хъыжьэхэу псэууэ ахэр зыIэрымыхьэжа 316-м ахэр я Iыхьлыхэм иратыжащ. Ди адэ къуэшым теухуауэ Нэхущ Ахьмэд иджыблагъэ къысIэригъэхьа тхылъым, Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и Архив нэхъыщхьэм щIэлъым, къызэрыщыхьащи, 115-нэ шуудзэм и 278-нэ шуудзэ полкым къулыкъур щезыхьэкIа зауэлI Уэрдокъуэ Гъэфур Къасым и къуэр Ростов областым щыхэкIуэдащ 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.