ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бэрау зэшхэр

2022-05-07

  • Совет Союзу щытам зы унагъуи идгъуэтэну къыщIэкIынкъым 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и нэпкъыжьэ зыжьэхэмыуа. Иджы мы махуэхэм, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 77-рэ щрикъум ирихьэлIэу, а лъэхъэнэ хьэлъэм яфIэкIуэда нэхъыжьыфIхэр я Iыхьлыхэм ягу къагъэкIыж, абыхэм я фэеплъ нэхум пщIэ хуащI.

  • Къэралыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зэщIэтаджэри, зылI и щIэблэу, бий ерум пэщIэуващ. Ди щхьэхуитыныгъэр ихъумэу, зэрыпхъуакIуэхэм къэмылэнджэжу япэщIэтахэм яхэтащ Бэраухэ я бын пажэхэу Хьэжумар и къуэ Къэралбийрэ ХьэкIашэ и къуэ Аслъэнджэрийрэ.
  •  
  • Къэралбий
  • Къэралбий Псыхуабэ дэт мэкъумэш институтым щIэтIысхьащ, Хьэтуей дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь. 1937 гъэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу къуажэм къигъэзэжащ. А илъэс дыдэм дзэм дашащ. Адыгэ щIалэм абы зэфIэкI къыщигъэлъэгъуащ, зауэ хуэIухуэщIэхэм куууэ зыщыхигъэгъуэзащ, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу и къулыкъур щрихьэкIащ.
  • Зыхэхуар гъунапкъэхъумэ дзэхэрати, жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм дзыхь къыхуащIырт, езыми ар игъэпэжырт. Абы и щыхьэтщ къулыкъум зэрыщыIа илъэсищым къриубыдэу щIыхь тхылъхэр къызэрыратар, фэеплъ тыгъэхэр къызэрыхуащIар, коммунист партым зэрыщыхагъэхьар.
  • Дзэм къыхэкIыжа иужь, Къэралбий Урыху МТС-м и унафэщIым политикэ IуэхухэмкIэ       и къуэдзэу лэжьащ. 1941 гъэм Лэскэн райвоенкоматым инструктору ягъэкIуащ икIи зи армэ кIуэгъуэхэр абы щыхуигъэхьэзыращ.
  • ЗэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытеуэм, нэгъуэщIхэми хуэдэу, фронтым ягъэкIуэ-ну куэдрэ щIэлъэIуами, занщIэу яутIыпщакъым, сыту жыпIэмэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэзыгъэпэщын хуейхэм ар ящыщти. А Iуэхум езы Къэралбий и зэфIэкI хилъхьащ. Шуудзэр хьэзыр щыхъум, абы хэту 1942 гъэм и накъыгъэ мазэм фронтым кIуащ. Ар ящыщщ Ростов областым и щIыналъэм, Сталинград и Iэшэлъашэм, Новороссийск деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтахэм.
  • Керчь къалэм щебгъэрыкIуэм, Бэраур уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. И узыншагъэр зэтеувэжа нэужь, Мэзкуу пIалъэ кIэщIкIэ щеджэну ягъэкIуащ икIи лейтенант нэхъыжь хъуауэ абы къикIыжри 194-нэ Речицкэ Бэракъплъыжьзехьэ фочауэ дивизэм и 616-нэ полкым хагъэхьащ.
  • Командир Iэзэм и мызакъуэу, Къэралбий икIи шыщхьэмыгъазэт, зыри япэ иригъэщынутэкъым, зауэлIхэр зэрихъумэным хущIэкъу зэпытт. Абы папщIэ командованэм фIыщIэ къыхуащIырт. Бий ерум дызэрытекIуэнум зы дакъикъи шэч къытрихьэртэкъым. И Iыхьлыхэм къахуитх письмохэм ар быдэу къыщыхигъэщырт.
  • Зауэм и IэнатIэ куэдым лIыгъэм и щапхъэ къыщигъэлъэгъуащ зауэлI хахуэ Бэрау Къэралбий. Абы къыпэкIуэу командованэм кърита фIыщIэ тхылъхэм ящыщ зым итт езы Къэралбий къылъысу фашист зауэлIу 23-рэ офицеритIрэ зэриукIар.
  • Абы иужьрей письмохэр и адэ-анэм къащыхуитхыжар 1945 гъэм щIышылэм и 21-рщ. Абы итт Вагъуэ Плъыжь орден къызэрыратар, зи чэзу званием зэрыпэплъэр, Германием и щIыналъэм зэрихьар, зэрыпхъуакIуэхэм я гъуэм гъунэгъу зэрахуэхъуар, зауэр иухыным куэд къызэрымынэжар.
  • ТекIуэныгъэм и махуэм IущIэну Къэралбий къыхуиухатэкъым — лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу, ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым щыхэкIуэдащ. Зи псэр зыта щIалэм Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
  • Бэрау Къэралбий хьэтуейдэсхэм ящыгъупщакъым — 1965 гъэ лъандэрэ къуажэм и зы уэрамым абы и цIэр зэрехьэ.
  •  
  • Аслъэнджэрий
  • Бэрау Аслъэнджэрий Хьэтуейм и щIалэщIэ нэхъ жанхэм ящыщт. Къуажэ школым фIыуэ щеджат, Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакыр къиухат, къигъэзэжа нэужь, зыщIэса еджапIэм и комсомол организацэм и секретару хахати, жэрдэм узыншэхэр къыбгъэдэкIырт, Iуэху щхьэпэхэм я зэхэублакIуэт.
  • Егъэджэныгъэри жылагъуэ лэжьыгъэри зэщIигъэхьэу, унафэщIхэри нэхъыжьхэри къыхуэарэзыуэ, гъащIэм хэбакъуэ къудейуэ, фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм и мурадхэр къызэпиудащ. Езыр щIалэ дыдэрэ щхьэгъуси къимышауэ, гъащIэм гу зэрыщихуа щIагъуи щымыIэу, 1941 гъэм дзэм ираджащ. Зауэ хуэIухуэщIэхэм хурагъаджэри, офицер хъуауэ фронтым ар яшащ.
  • Аслъэнджэрий жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм дзыхь къыхуащIырт, езыми ар игъэпэжырт, и ныбжьэгъухэм закъыкIэригъэхуртэкъым, нэхъ пашэхэм щапхъэ ятрихырт, и командирхэм я щытхъу къихьырт, и зэфIэкIми, и зэхэщIыкIми зэпымыууэ хигъахъуэрт.
  • Къитх тхыгъэ мащIэхэм щыжиIэрт пэжыр зэрытекIуэнур, зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу зэрапэщIэтыр, зыхэт частым и зауэлIхэр зэрызэкъуэтым къару къызэрыхилъхьэр, ди щхьэхуитыныгъэм папщIэ и псэр итыну зэрыхьэзырыр. ИкIи и псалъэхэр игъэпэжащ, къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэмрэ нэмысымрэ хуэфащэу фронтым Iутащ.
  • Аслъэнджэрий и иужьрей письмор и Iыхьлыхэм къащыIэрыхьар 1943 гъэм шыщхьэуIум и 8-рщ. Абы къитхырт: «Нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэр къызэмыплъэкIыу Хэкум идохуж, Харьков къалэм дынэсащ, адэкIэ дызэрыкIуэтэнум дыхуопащIэ. Фымыгузавэ, псори тэмэм хъунщ, си тхыгъэм фыпэплъэ». Бэраухэ мыгувэу гуауэшхуэ къалъэIэсащ — Харьков хуит къыщащIыжым Аслъэнджэрий хэкIуэдащ. Зауэ гущIэгъуншэм ди анэшым яIэщIихащ унагъуэ зыухуэну хунэмыса, зи насып къэкIуэгъуэ щIалэ хахуэр.
  • Илъэс 77-рэ хъуащ ТекIуэныгъэшхуэкIэ зауэ хьэлъэр зэриухрэ. Ар къэблэгъэным щхьэмыгъазэу щIэзэуа ди адэжьхэм, шынэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэщ нобэрей мамыр гъащIэр къытхуэзыхьар. Хэкум къыщхьэщыжынымкIэ, ар хъумэнымкIэ къытщIэхъуэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэщ ахэр.
  • БЭРАУ  Хьэсэн,
  • Хьэтуей къуажэ,  илъэс 97-м итщ.