ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIыхъужьу  къэнащ

2022-05-07

  • Унагъуэм и тхыдэм теухуауэ нобэ къапщIэ хъунур пщэдейм помыгъаплъэ. Псом хуэмыдэу а хъыбарыр зыхъумэм и ныбжьыр хэкIуэтамэ… Апхуэдэу итщ Мартышинэ В.С. и «Твоя родословная» зыфIаща и тхылъым. Мы псалъэхэр нобэ еспхынут Хэку зауэшхуэм. Ар зыжьэхэмыуа щыIэкъым. Зауэм и хъыбар гуузхэм ноби дагъэгумэщI, лIыхъужьхэм дрогушхуэ. ЗауэлIхэр къыщыжырт Хэкум, унагъуэм, къэкIуэнум, абыхэм къазэурт мамырыгъэ. Зауэ губгъуэм ихьэхукIэ ягу къыщIэзыIэтэр псэууэ я унагъуэм къахыхьэжын хъуэпсапIэрт. И гугъу фхуэсщIынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зы зауэлIым — сызыхэс лъэпкъым ди лIыхъужьым.

  • 1905 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ НафIэдз Мзетэ. Зы къуэшрэ шыпхъуиплIрэ иIэт. Зауэр къэхъейри, фронтым кIуащ. 323-нэ фочауэ дивизэм хэту Брянск щызэуащ. ИлъэситIкIэ а къалэр ягъэзджызджащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм: цIыху мин 75-рэ зэтраукIащ. Абыхэм ящы-  щу минитхур сабийт. ШыщхьэуIум и 17-м къалэр хуит къащIыжащ. Абдежрэ Карачеврэ щекIуэкIа зауэм зэрыпхъуакIуэхэм я танк 48-рэ къыщагъэуащ, кхъухьлъатэ 12 къраудыхащ, лагъым 200-рэ Iэщэ-фащэ гъэпщкIупIэу 12-рэ къагъуэтащ дыдейхэм. Бийм и сэлэтрэ офицеру 3500-рэ хагъэщIащ.
  • Брянск хуит къащIыжыным я псэр щIатащ Дзэ Плъыжьым и зауэлI куэдым. Абыхэм ящыщщ НафIэдз Мзети. Зауэр иухри зэман дэкIыжауэщ абы и кIуэдыкIам и хъыбар унагъуэм къащыIэрыхьар.
  • 1972 гъэ пщIондэ Мзетэ хабжащ хъыбарыншэу кIуэдахэм. ЛъыхъуакIуэ гупым зауэлIым и унагъуэм письмо къыхуатхащ къуэшыкхъэм дэт фэеплъ сыным и сурэт щIыгъуу. «Мыбдеж НафIэдз Мзетэ щыщIалъхьащ, игъащIэкIи лIыхъужьу къэнащ» жиIэу итт. Письмор къыIэрыхьа нэужь, Хьэсэн, и анэми жримыIэу, адэм и кхъащхьэм кIуащ. Ар я япэ зэIущIэт. Езы зауэлIым ищIэххэртэкъым, щIэблэ иIэу… Мзетэ и щхьэгъусэ Iэминат и щIалэ закъуэр зэман хьэлъэм къыхигъэтэджыкIащ зыхуей хуэзэу. И щIалэм, къуэрылъхуитIым, абыхэм къащIэхъуэжахэм я IэфI илъэгъужащ. Илъэс 65-кIэ кIэлъыпсэужащ щхьэгъусэм.
  • НафIэдз Мзетэ и къуэ Хьэсэн пщIэ зиIэ цIыхуу щытащ. Иужьрей илъэсхэм лэжьащ Мэкъумэш техникэмкIэ Шэджэм цехым и унафэщIу. Ауэ гъащIэ мащIэт — 2007 гъэм дунейм ехыжащ. Хьэсэн и щхьэгъусэ Лидэ 1971 гъэм КъБАССР-м и Налшык хэха- кIуэ округым къыбгъэдэкIыу РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахауэ щытащ. Абы иригушхуэу ехъумэ и гуащIэм папщIэ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ куэд. Хьэсэнрэ Лидэрэ щIалитI къащIэхъуащ. Олег мэкъумэш IэнатIэм пэрытщ: хьэцэпэцэхэр, мэракIуэхэкIхэр егъэкI. Валерэ полицэм и полковникщ. Абыхэм къащIэхъуэжахэри балигъ хъуащ: хэт юристщ, хэт экономистщ, хэт дохутырщ.
  • НафIэдз Мзетэ псэууэ зауэм къикIыжатэмэ, дауэрэ и гъащIэр екIуэкIынут?! Зыми ищIэркъым. Хьэкъыр зыщ: ар иригушхуэнут къыщIэхъуа щIэблэм!
  • Хэку зауэшхуэр зэман жыжьэу къэзылъытэ щыIэщ. Ар пэжкъым. Зауэм и Iэужьыр ди нобэми хэтщ. Ди гум илъщ игъащIэкIэ мыгъущыну гуауэ. Арами, дрогушхуэ икIи тщыгъупщэркъым ди япэ итахэм я хахуагъэр. Абыхэм я фэеплъым даунэтI.
  • Зауэм и фэеплъым иIэкъым пIалъэ. НафIэдз Мзетэ и щIэблэр щIыдопIыкI абы и хъыбархэм. Ар щапхъэ тхуохъу Хэкур фIыуэ тлъагъунымкIэ!
  • НафIэдз  Людэ.