Фэеплъырщ цIыхугъэр зыIэтыр
2022-05-07
- ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ къэблагъэм ди щIыналъэм ехьэжьауэ зэрызыхуигъэхьэзырым и нэщэнэщ къуажэхэми къалэхэми абы зыдащIу, нэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэм и теплъэгъуэкIэ уэрамхэри, IуэхущIапIэхэри, еджапIэхэри зэрагъэщIэращIэр. ЗэIущIэхэр къызэрагъэпэщ, гъэлъэгъуэныгъэхэр ящI, зекIуэхэр зэхашэ.
- «Псалъэм псэ хэплъхьэмэ, лъэр улъэщIэмыхьэу щIокI», — жаIэ. Ди япэ итахэр зыщIэзэуа мамырыгъэм нобэ хэпсэукI щIалэгъуалэр тхыдэм хуегъэплъэкIыныр, абы и дерсхэр гъащIэ гъуэмылэу яIэщIэлъхьэныр, цIыхуцIэ зиIэр зыгъэгулэза нэщIэбжьэ бзаджэм хуэдэ зэи къэмыгъэхъужыныр дэтхэнэ зымкIи къалэнщ. Аращ, цIыкIуми инми ди зэхуэдэу, Хэку зауэшхуэм и пэжыпIэмрэ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъымрэ хъумэныр ди пщэрылъу зэрыщытыр зэпымычу жыIэн щIыхуейр.
- Бахъсэн къалэ щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI Хэку зауэшхуэм хэтахэм — хэкIуэдахэми къэзыгъэзэжахэми — яхуэфащэ пщIэ яхуэщIынымкIэ. Мазэ бжыгъэ хъуауэ йолэжь щIыналъэм щыIэ зауэлI фэеплъхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абыхэм я хъуреягъкIэ щхъуантIагъэхэр щыхасэ, екIуэлIапIэхэр хуащI. Илъэс къэси хуэдэу, а фэеплъхэр псом хуэмыдэу накъыгъэ мазэм Iэгъуэблагъэм къыхощ, цIыхум и плъэгъуэр малъхъэдисым хуэдэу зыщIашэу. «Нэм илъагъу Iэм ещIэж», — жыхуаIэращи шэч хэлъкъым апхуэдизу цIыхухэр зыхуэсакъ щIыпIэхэр щIэблэми зэрахъумэнум, екIуу зэрызэрахьэнум.
- Фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэным и мызакъуэу, щIыналъэ къулыкъущIэхэр мы махуэхэм жыджэру хэтщ «ЛIыхъужьхэм я гъуэгукIэ» зыфIаща Iуэхугъуэри нэсу къызэгъэпэщыным. Иджыблагъэ Бахъсэн къалэ щекIуэкIащ апхуэдэ зы Iуэху. Абы хэтащ зауэм и щIыбкIэ щекIуэкIа гуащIэдэкIым хэтахэри, зауэм халъхуауэ нобэ нэхъыжьыгъэр зылъысахэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри, къалэ советым щыщхэри, щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэри, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэхэри, еджакIуэхэри, волонтёрхэри.
- «ЛIыхъужьхэм я гъуэгум» пыщIа дауэдапщэхэр «ЩIыхьым и мыужьыхыж мафIэм» деж щекIуэкIа пэкIумкIэ ирагъэжьащ. Бахъсэн къалэм и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Абазэ Хъусен псалъэр щратым, къызэхуэсахэм гуапэу захуигъэзащ, Iуэхуу яIэр лъэныкъуэ ирагъэзу зэхуэсым къызэрекIуэлIам щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIащ.
- «ЦIыхур цIыху зыщIыжыр лэжьыгъэращ, ауэ цIыхум и цIыхугъэр лъагэу зыIэтыр фэеплъырщ. Ди унагъуэкIэ девгъэплъыжи, дэтхэнэ зыми дигу имыхуу, зэи тщымыгъупщэу япэ ища адэшхуэ-анэшхуэ, нэхъыжьыфI куэд диIэщ. Унагъуэхэр зыч-зы бжэгъуу зэхыхьэжа нэужь лъэпкъ мэхъури, абы щыщу зыкъэзылъытэжхэм зэдагъэлъапIэ, зэдагъэин Iуэхугъуи тхыдэ къэхъукъащIэ куэди иIэщ. Ахэр зи Iэужьыр псоми ди зэхуэдэ нэхъыжьыфIхэрщ. Зауэм и мафIэ лыгъейм зызримыдза унагъуэ щыIэжкъым. Фронтым къикIыу къакIуэ письмо щимэхэр унагъуэм ещхьэкIуэмэ, жылэм я зэхуэдэ хьэдагъэу, псоми зэдай гуауэу щытащ. Ауэ къэIур хъыбарыфIмэ, цIыхуцIэ зиIэр къызэщIэзыIэтэ гуфIэгъуэшхуэу щытащ. «Iуэху къыплъыкъуэкIамэ, ар зыхуей хуэгъази, уи хьэдагъэр къыдэх», — жаIэ. ТекIуэныгъэм и хъыбарыр къыщыIуа махуэм зи цIыху къэзымыгъэзэжахэми я хьэдагъэр зэпагъэури, мамырыгъэр къахуэзыхьыжа махуэшхуэм зыхуашияуэ щытащ. Дэри а хабзэм дытетщ. Мы уафэм и щIагъым мамыру дыщыпсэуну къытхуэзыуха Тхьэм и IэкIэ а насыпыр къытхуэзызэуа ди лIыхъужьхэр зыщыдвмыгъэгъупщэ, я пщIэр дывгъэхъумэ. ДифI дгъэлъапIэу щытмэ, дэри лъапIэ дыхъунущ», — жиIащ Абазэм.
- ПэкIум псалъэмакъыр щамыгъабэу, цIыхухэр зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ щахуэщыгъуащ фэеплъым и пащхьэ, я щхьэр хуагъэщхъащ, удз гъэгъахэри тралъхьащ.
- «ЛIыхъужьхэм я гъуэгум» епха Iуэхугъуэхэр илъэсыр икIыхукIэ щIыналъэм къыщызэрагъэпэщынущ. Япэ зекIуэм и гъуэгупэр Дыгулыбгъуей къуажэм дэт, Къардэн Бубэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №10-м екIуэлIащ, абдеж къыщызэрагъэпэща, сабийхэр зыхэт Iуэхугъуэхэм хэплъэну.
- ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.